|
Календарь событий
08 ноября 2021
8 ноября, 2021 - 16:22
ЦIыху куэд зыхэт махуэщI (тхьэлъэIу) лIэужьыгъуэщ. Джэгум хохьэ къафэ, удж, уэрэд, шыгъажэ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэр, нэгъуэщIхэри. Джэгу лIэужьыгъуэу хъуар къанэ щымыIэу къежьащ тхьэхэр зэрагъэлъапIэ Iэмалу, тхьэлъэIухэм я зы Iыхьэу. АбыкIэ щыхьэт наIуэу щытщ, псалъэм папщIэ, Щыблэуджыр, тхьэгъэлъапIэ джэгухэр (Тхьэшхуэуджыр), нэгъуэщIхэри. Мыпхуэдэ джэгу лIэужьыгъуэхэм пшыналъэри, уджри, къафэри, хъуэхъури, лъэIури зэщIэту къакIуэ хабзэт. А псоми къалэну яIэр зыщ: тхьэр яIэту фIы зыхурагъэщIэну аращ.
8 ноября, 2021 - 16:15
ЩэкIуэгъуэм и 8, блыщхьэ
♦КВН джэгукIэм и дунейпсо махуэщ.
♦Радиологием и дунейпсо махуэщ
♦Пианистым и дунейпсо махуэщ
♦1914 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист Жыгун Тимэ.
♦1924 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шорэ Ибрэхьим.
8 ноября, 2021 - 15:25
Краснодар щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ зи ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуахэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ.
8 ноября, 2021 - 14:16
Иорданием и къалащхьэ Амман къыщалъхуа ди лъэпкъэгъу пщащэ БищIо Иман оперэ, классикэ уэрэдхэр Iэзэу утыку къизыхьэ вагъуэщIэщ. Пщащэ зэчиифIэр Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм хэкум ирахуауэ щыта адыгэхэм я щIэблэщ уэрэджыIакIуэм и адэ Янал, и анэ Мэг Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщщ, инджылыз бзылъхугъэщ. Иман дэлъхуитI иIэщ: Ехьярэ Iэдэмрэ.
8 ноября, 2021 - 13:05
ЩIыпIэ телъыджэ куэд иIэщ мы ЩIы хъурейм, абыхэм нэхърэ нэхъ телъыджэжщ абы щыпсэу цIыхухэр.
8 ноября, 2021 - 11:49
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэхэм пыщIэныгъэшхуэ хуаIэу щытащ кърым тэтэрхэм. А зэпыщIэныгъэхэр зэи фIы и лъэныкъуэкIэ шэщIауэ екIуэкIыу щытакъым. Кърым хъанхэм адыгэщIыр я блыгу щIагъэувэну сыт щыгъуи пылът, ар хуитыныгъэр зи гъащIэ къуэпс адыгэхэм ядэртэкъым. Абы лъыгъажэ зауэ Iэджи къикIыурэ лIэщIыгъуэ куэд екIуэкIащ.
|