ЗэIущIэхэр

Дызэрыгушхуэ щIалэгъуалэ

Ди къэралым и еджапIэ нэ­хъыщ­хьэ цIэрыIуэхэм хабжэ УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту лажьэ МГИМО-р - Къэрал зэхуаку зэхущыты­кIэ­хэмкIэ институту (университету) Москва дэтыр. Къы­зэрызэIуахрэ илъэс 80-м нэса еджапIэр институтищрэ фа­культетипщIу зэхэтщ. Абыхэм щоджэ студент мини 10-м ­щIигъу. Ди гуапэ зэрыхъу-        щи, МГИМО-м щIэныгъэ нэхъыщ­хьэ щызэрагъэгъуэт Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыщ цIыху 30-м щIигъум, ас­пирантхэри яхэту. Абыхэм иджыблагъэ яхуэзащ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Муниципалитетхэр я зэфIэкIхэм еблэжыркъым

Муниципалитетхэм я лэжьыгъэм щыхэплъэ зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я Iэтащхьэхэр.

Набжэрыху

ЛIыхъужь хъуну зэи щIэ­хъуэпсакъым Махъсымэ. ­И­ гъу­нэр ещIэж. Ауэ зи пэ лъы ивэжауэ    дэтхэми ящыщкъым. ФIыуэ къэзы­лъагъу цIыхуфIхэр пщIэ къы­хуэзымыщI фыгъуэнэдхэм нэхърэ щынэхъыбэкIэ, зы адыгэлI ирокъу. Сыт къыщIамылъагъуныр?

ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил я гъуазэу

Урысхэм «Железная» зыфIаща бгым пэгъунэгъу псы хущхъуэхэм я гугъу урысхэм япэу яхуэзыщIар нэ дохутыр цIэрыIуэ Гааз Фридрихщ. Езым и пэ абыхэм ятетхыхьа Паллас Пётр зытепсэлъыхьа псыхэр къилъы­хъуэу, офицерхэми дохутырхэми япкърыупщIыхьыурэ ­къекIуэкIащ Гааз зыкъомрэ. Щэнейрэ Шотландием къикIа чыристан духьэшыхэм я псэупIэ Каррас къыщежьэурэ, Бещто лъэныкъуэкIэ щылъыхъуащ, ауэ игъуэтакъым.
 

КIуэкIуэ Казбек хуэзащ УФ-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Котяков Антон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыхуэзащ Урысей Федерацэм лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Котяков Антон.

Ди щIыналъэм и зэфIэкIхэр зэпалъытащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэ­жьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрий. ЗэIущIэм щы­хэплъащ республикэм щы­Iэ социально-экономикэ щы­тыкIэм, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ дзэ ­опе­рацэ хэхар щрагъэкIуэкI щIы­пIэм зи къалэнхэр щы­зы­гъэзащIэ зауэлIхэм зэра­дэIэпыкъу щIыкIэм.

Егъэджэныгъэ IэнатIэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жылагъуэм дежк1э мыхьэнэ хэха зиIэ ухуэныгъэ инхэмкIэ штабым тхьэмахуэ къэс зэхишэ зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ щIыналъэм щекIуэкI ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр къызэрызэпэщым, абы ехьэлIауэ зэхъулIэхэмрэ щыIэ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэмрэ.

ЩIыналъэр и къалэнхэм полъэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек нобэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм къыщыпсэлъащ. Абы ищIа докладыр теухуауэ щытащ 2022 гъэм республикэм иIа социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ  2023 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ зыхуагъэувыж къалэнхэмрэ. 

Журналистхэм я зэIущIэшхуэ

Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и XIII зэIущIэр иджыблагъэ Мэзкуу щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ щIыналъэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэу 326-рэ. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэри.

ТхакIуэхэр зочэнджэщ

Иджыблагъэ Ставрополь щIыналъэм ще­кIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и уса­кIуэ­хэмрэ тхакIуэхэмрэ я еплIанэ хэгъэгузэ­хуаку фес­тиваль. «Зэныбжьэгъугъэм и псы­нащхьэ» зэхыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш, Да­гъыстэн, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Шэ­шэн республикэхэм, Ставрополь щIыналъэм я лIыкIуэхэр хэтащ абы.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр