|
ЗэIущIэхэр
26 декабря, 2022 - 15:11
Урысей Федерацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Бахъсэн и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэ Адылсу къуэ бгъунжым дэт «Шхельдэ» егъэзыпIэм журналистхэм драгъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм адэкIи зегъэужьыным хуэгъэзауэ зыхуагъэувыжа къалэнхэр зыхуэдэм.
Кърахьэжьа проектыщIэм и зэхэлъыкIэм щытепсэлъыхьым, Назаровым игъэбелджылащ:
22 декабря, 2022 - 13:30
Бахъсэн къалэм Сабий творчествэмкIэ и унэм, Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэ» сабий творчествэмкIэ академием я гъэсэнхэр, ШколакIуэхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм и лэжьыгъэм жыджэру хэт ныбжьыщIэхэр иджыблагъэ яхуэзащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэм. ИлъэсыщIэм ипэ къихуэ зэхуэсым къыщаIэтащ школакIуэхэм яфIэхьэлэмэт Iуэхугъуэ куэд.
17 декабря, 2022 - 13:00
Афганистаным щызэуахэм, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ хэтахэм я хасэм къызэригъэпэщри, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэмрэ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ зауэлIхэм я «ДзэкIуэлI» зэгухьэныгъэмрэ я дэIэпыкъуныгъи хэлъу, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэр щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм щIэпIыкIынымрэ хэкупсэу къэгъэтэджынымрэ я IуэхукIэ» зи фIэщыгъэ Iэнэ хъурейр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ.
16 декабря, 2022 - 07:55
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым химиемрэ биологиемкIэ и институтым «ГъэгъулIа удзхэм я пэшым» иджыблагъэ фIащащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, биологиемкIэ, щIыуэпсымрэ псэущхьэхэм я лъыщхьэмкIэ кафедрэм и профессору щыта Слъон Людин и цIэр.
15 декабря, 2022 - 08:20
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым акъылкIэ къалэжьа мылъкур хъумэным икIи абы къыщыжыным хуэунэтIа зэIущIэ зыбжанэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. КъБКъУ-м и IэщIагъэлIхэм ящыщу цIыхуищэм нэблагъэ зыхэта а зэхуэсыр къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари ЩIэныгъэ къэхутэныгъэхэмрэ инновацие лэжьыгъэмкIэ и къудамэм технологие жэрдэмыщIэхэмкIэ и центрырщ.
8 декабря, 2022 - 12:06
«Россельхознадзор» ФГБУ-м и «Къэбэрдей- Балъкъэр референт центрым къет»
Мэлхэм къеуалIэ Iуей узыфэ зэрыцIалэр нэхъ шынагъуэхэм хабжэ, ар къэзыгъэхъей вирусри гъэкIуэдыгъуейщ. АтIэ дауэ абы узэрыпэщIэтынур?
Узыр Iэщым къыпкърыхьа нэужь, япэ махуи 4-14-р зэхамыщIащэу йокIуэкI, абы и ужькIэ я нэхэр къопщ, я нэпс-пэпсыр къыпож, къарит плъыржьэрагъыр градус 41- 42-м щынэс щыIэщ. Iуейм зэман хэха иIэкъым, Iэщхэм я ныбжьыми елъытакъым. Ар зыпкърытхэр щтэIэщтаблэ мэхъу, шхыным ягу хуэкIуэркъым.
4 декабря, 2022 - 13:44
ЩэкIуэгъуэм и 30-м ТАСС хъыбарегъащIэ IэнатIэм и пресс-центрым пресс-конференц щекIуэкIащ 2021 гъэм мэкъумэш IэнатIэм щекIуэкIа къыхэтхыкI цIыкIум (микропереписым) кърикIуахэм ятеухуауэ. Абы хэтащ Росстатым и унафэщIым и къуэдзэ Васильев Игорь, Урысей Федерацэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Лут Оксанэ, Шэ къыщIэзыгъэкIхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм (Союзмолоко) и генеральнэ унафэщI Белов Артём, Къуажэхэм щыщыIэ ныкъусаныгъэхэр къэхутэнымкIэ щIэныгъэ центрым и унафэщI Горячкэ Марие сымэ.
4 декабря, 2022 - 07:35
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм щыхэплъа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
3 декабря, 2022 - 09:38
КъБР-м и электроэнергетикэм и нобэрей щытыкIэмрэ абы зегъэужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ ятеухуауэ республикэм и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ, гъэсыныпхъэ комплексымкIэ и комитетым къызэригъэпэща зэIущIэм хэтахэм я лэжьыгъэр Къэщкъэтау ГЭС-м къыщыщIадзащ.
3 декабря, 2022 - 08:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым и сабийхэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэхэм ехьэлIа щIэныгъэ гуэдзэн зэрырагъэгъуэтыр егъэфIэкIуэным иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэ зыужьыныгъэмкIэ, хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым Тэрч районым щригъэкIуэкIа зэIущIэм.
Страницы
|