СыткIи дэIэпыкъуэгъу хъунущ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щылажьэ «Къуажэ ипотекэ» программэмкIэ унагъуэ 625-м республикэм и щIыналъэхэм, жылэхэм щIы къыщащэхуащ. Апхуэдэ ахъшэу сом зы мелард­рэ ныкъуэрэ итащ банкым. А Iуэхум зэпкъры­хауэ тепсэлъыхьащ КъБР-м экономикэ зыу­жьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, Рос­сельхозбанкым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщIым и чэнджэщэгъу Филимонов Георгий, Банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iэтащхьэ Сокъур Алим сымэ щызэхуэзам. 

Россельхозбанкыр жыджэру иужь итщ ­къуажэхэм щIы, унэ, лъапсэ къыщащэхун пап-    щIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ зи гъусэ ипотекэ ахъшэ щIыхуэ цIыхухэм етыным. 2023 гъэм а ­программэмкIэ банкым ахъшэ щIыхуэу итащ сом мелуан 325-рэ, абыкIэ унэу 105-рэ къащэхуащ.
Абы къищынэмыщIауэ, мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным, кърахьэлIэ гъавэр, хадэхэкIыр, пхъэщхьэмыщхьэр зыхуей хуэгъэзэным хухэха къэрал программэмкIэ банкым блэкIа илъэсым сом мелуан 654-рэ итащ, абы щыщу сом мелуани 150-р инвестицэ IуэхухэмкIэ къагъэсэбэпащ. 
КъулыкъущIэхэр зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ­Россельхозбанкыр КъБР-м и Правительствэм, жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэм, хьэрычэтыщIэхэм защIэзыгъакъуэ щIыналъэ IуэхущIапIэхэм, КъБР-м ШэсыпIэмкIэ и фондым дяпэкIэ зэрыдэлэжьэнум. А фондыр и шэсыпIэу нэгъабэ Россельхозбан-      кым сом мелуан 88-рэ щIыхуэу итащ, абы щыщу сом мелуан 37-ращ щыхьэт зиIэр.
Россельхозбанкым и мурадщ дяпэкIи республикэм и хьэрычэтыщIэ Iуэху цIыкIумрэ инымрэ дэлэ­жьэну, гъавэм, пхъэщхьэмыщхьэм, хадэхэкIым елэжьынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щагъэхьэзыр проект «лъэрызехьэхэр» гъащIэм хэпща хъуным ахъшэ хилъ­хьэну. 

НэщIэпыджэ  Замирэ.

Поделиться: