СтанцыщIэхэр яухуэ

Урысей Ипщэ энергетикэ системэм зыуэ щыт и диспетчер управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2029 гъэм ­къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щаутIыпщынущ псы­кIэ лажьэ электростанц мыину тIу - псори зэхэту мегаватт 46,6-рэ я лъэщагъыу. 

Япэр, Шэрэдж ГЭС-р (Псыгуэнсу), мегаватт 23,4-рэ и ­лъэщагъыу, щаутIыпщынур 2025 гъэрщ. ЕтIуанэр, Бахъ- сэн Ипщэ ГЭС-р, 2028 гъэм лажьэу ирагъэжьэнущ, и лъэщагъыр мегаватт 23,2-рэ  хъууэ. 
IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, зи гугъу тщIы ухуэныгъэхэр зэфIагъэкIмэ, 2029 гъэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и энергосистемэм хыхьэ электростанцхэм псоми зэхэту мегаватт 266,7-рэ къалъэщынущ. Апхуэдэуи, республикэм и электросетым зегъэужьыным ехьэлIауэ екIуэкI лэжьыгъэхэм хиубыдэу подстанцхэр зэрагъэ­пэщыжынущ, абыхэм я трансформаторхэм я лъэщагъым къыхагъэхъуэнущ.
Къыхэдгъэщынщи, Урысейм и электроэнергосистемэм зегъэужьынымкIэ щыIэ программэмрэ схемэмрэ къызэры­щыгъэлъэгъуамкIэ, 2029 гъэм и кIэхэм ирихьэлIэу Къэбэр-дей-Балъкъэрым и электротрансформаторхэм я лъэщагъыр псори зэхэту мегавольт-ампер 322-м нагъэсын мурад щыIэщ. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег. 

Поделиться: