Ныкъусаныгъэхэри зэрагъэзэхуэжынущ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Шордакъ къуажэм пхрыкI автомобиль зекIуапIэ нэхъыщхьэм щыщу километр 1,7-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. 

Школьнэ уэрамыр Шордакъ къуажэм дэсхэм, псори зэхэту цIыху 1700-м щIигъум, дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. АбыкIэщ ахэр а жылэм дэт амбулаторэми, ЩэнхабзэмкIэ унэми, спортым хуэгъэпса утыкущIэми зэрыкIуэр.
Гъуэгум иращIылIэну лэжьыгъэхэм хыхьэу, телъ «тебзэжьыр» тратхъунщIыкIыжынущ, ибгъухэр гуагъэкъэбзы­кIынущ. И лъабжьэр ягъэбыдэу и щхьэфэр яузэхужа иужь, асфальтыщIэ тIуащIэу тралъхьэнущ, къыгухьэ-гуэкIхэм щегугъунущ, цIыхухэр шынагъуэншэу щызекIуэн папщIэ, лъэс лъагъуэ цIыкIухэр щыпхашынущ. Автомобиль зекIуапIэм и ­Iуфэм иджырей уэздыгъэхэр зыпалъхьэну пкъохэр щагъэу­вынущ, гъуэгур зэпызыупщI псым телъ лъэмыжыр зэра­хъуэкIынущ, и кIыхьагъкIэ зыхуэфащэхэм я деж щагъэувынущ шынагъуэншагъэм тещIыхьа нагъыщэхэр.  
IэщIагъэлIхэр зи гугъу тщIы мы лэжьыгъэм гъатхэпэм и пэ­щIэдзэм еувэлIэнущ, хуагъэува пIалъэм къызэрыщагъэлъэгъуамкIи, гъэ дызэрытым и гъэмахуэм яухынущ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, зэрызэгурыIуам тету, гъуэгур зыхуей хуэ­зыгъазэхэр я лэжьыгъэм кърикIуам илъэсищым и кIуэцIкIэ зэрылъыгъуэзэнур, ныкъусаныгъэу къыкъуэкIхэри зэрызэрагъэзэхуэжынур.  
БЭРАУ Бышэ.

Поделиться: