Политикэ

Шынагъуэншагъэр ягъэнэхъапэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ къы­зэ­рымыкIуэ щытыкIэхэр къэ­мыгъэхъунымкIэ, абыхэм я лъэужь­хэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэсхэм я шынагъуэм пэщIэтынымкIэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэр. Абы хэтащ ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI Надежин Михаил, ­УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ фе­деральнэ округым щыIэм и ­аппаратым КъБР-м къегъэ­щIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, Правительствэм и лэ­жьа­кIуэхэр, министрхэр, муни­-ципальнэ щIыналъэхэм я ад­ми­нистрацэхэм я Iэтащхьэ­хэр. ЗэIущIэм къыщапщытэжащ ­УФ-м и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм 2022 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр икIи абы 2023 гъэм къы­пэщыт къалэнхэр зэпкърахащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Театр гъуазджэм и IэнатIэм папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и грантхэр гъэувыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2011 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м къыдыгъэкIа Указ №140-УП-м и 1-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэхэм папщIэ къэрал стипендияхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2014 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м къыдигъэкIа Указ №211-УГ-м и 1-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

ФIыкIэ узыгъэгугъэ

КIуэкIуэ Казбек «Газпром» акционер зэгухьэ­ныгъэм (ПАО) и департаментым и унафэщI Марков Владимиррэ «Газпром меж­регионгаз» ООО-м и тхьэмадэ Густов Сергейрэ яхуэзащ. Ахэр тепсэлъыхьащ 2021 - 2025 гъэхэм ятещIыхьа программэм ипкъ иткIэ республикэм газыр щызэлъэгъэIэсынымкIэ щрагъэ­кIуэкI лэ­жьыгъэр зы­хуэдэм. 

Я нэIэ зытрагъэтыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м щыIэ КъэралкIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм и коллегием. 

ЩIыналъэм и зэIузэпэщым и хэкIыпIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ ухуэ­ныгъэхэмрэ псэупIэ коммуналь­нэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ ятеухуа зэIущIэ. Абы хэтащ ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащ­хьэм и администрацэм и Уна­фэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэ ­Къуныжь МуIэед, министрхэр, щIыналъэхэм я администрацэхэм я уна­фэщIхэр. 

ЦIыхубз зэгухьэныгъэр щагъэгъуазэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр яIущIащ «Надежда России» бзылъ­хугъэ зэгухьэныгъэ» урысей­псо жылагъуэ IуэхущIапIэм и Къэ­бэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм хэтхэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ. 

Зочэнджэщ Кавказ Ищхъэрэм и хабзэубзыху IэнатIэхэр

Кавказ Ищхъэрэм и Парламент зэгухьэныгъэм и советым и зэIущIэ Псыхуабэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэ лъапIэхэр тыным и IуэхукIэ

Илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм икIи цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм зегъэу­жьыным къаруушхуэ зэрырахьэлIам папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэ лъапIэхэр етын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «КБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэу мы къыкIэлъыкIуэхэм:

Я махуэмкIэ ехъуэхъуащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурор Хабаров Николай  я IэнатIэм и ветеранхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ Урысей Федерацэм и Прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Политикэ