Литературэ

Адыгэм и хэлъхьэныгъэ

Псоми зэрытщIэщи, ди бзэкIэ тха адыгэ литературэ диIэ зэрыхъурэ зыкъомыфI дэкIащ. Иужь илъэсхэм ди бзэм къыхыхьащ «хэхэс адыгэ литературэ» фIэщыгъэри. Абы къедгъэубыдыр хамэ хэку щыпсэу адыгэм нэгъуэщIыбзэкIэ итхарщ. Абы зэпкърыхауэ тетхыхьащ Къалмыкъ Аднан. «Пэжу, куэдым къызэралъытэмкIэ, хамэбзэкIэ тхар ар зэрытха бзэм и литературэм хохьэ. Ауэ сэ къысфIощI адыгэм итхар, ди адыгэбзэм къибгъэтIэса нэужь, ар адыгэ литературэм щыщ Iыхьэ хъууэ.

Нарт Пагуэрэ Хьэнэжьрэ

Нарт Пагуэ зылъэгъуам нарт слъэгъуакъым жремыIэ, - хужаIэу псэуащ Пагуэ. «Пагуэ иныжь щылъхущ», - хужаIэу адрей нартхэм нэхърэ IэфрэкIищкIэ нэхъ ину щытащ.

Адыгэм къыхэкIа мысыр усакIуэ цIэрыIуэ

Адыгэхэм къахэкIа мысыр усакIуэ цIэрыIуэ, XIX-XX лIэщIыгъуэхэм псэуа Щэукъуий Ахьмэд къызэралъхурэ жэпуэгъуэм и 16-м илъэси 155-рэ ирикъуащ.

Мысыр усыгъэм и лъагапIэщ икIи и дахапIэщ Щэукъуийм и Iэдакъэ къыщIэкIахэр. И усэхэм я лъабжьэщ жылагъуэ гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр, цIыхухэр зыщIэхъуэпсхэр, я ехъулIэныгъэхэр, я гурыгъу-гурыщIэхэр.

ЛIыжь цIыкIумрэ мэзылIымрэ

Зы лIыжь цIыкIу гуэрым и витIыр щIищIэри, еуэри мэз кIуащ: «Уэлэхьэ, фызыжь, уэ уфыз фIыцIэщ, ауэ фыз хужьыпхъэ къыпхуэсшэнмэ», - жиIэри.

Зэманыр гъэмахуэпэ мазэти, мэзыр ухэмыпщыфу зэщIэкIат: тхьэрыкъуэф, лъэнтхъуий, шыпсыранэ, аму дэгу, нэгъуэщI удз зыбжани къыщыкIырт мэзым.

ИпэкIэ гу къэгъэшыжыпIэм и деж гухэр щыщIатIыкIырт, выхэм бжьы ятелъу, адэ пхъэ гъур здэщыIэм нэскIэ кIуэрти, бжьыкIэ къалъэфырт гум нэс, гум къралъхьэрт, къакъузыжырти, лъейуэ къэкIуэжырт. Пхъэр здэщыIэм нэскIэ гур кIуэртэкъым.

Кавказ тхыдэм теухуа поэмэщIэ

  Осетие Ищхъэрэ - Аланием тхылъ лъэтеувэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. УсакIуэ Басиевэ Залинэ осетиныбзэм иригъэзэгъащ 2022 гъэм къыдэкIа, шэшэн усакIуэ Тогузов Аслъэмбэч и «Щихъ Мансур» поэмэр. 

Нурий и зэфIэкI

Iуэтэж

Мэл мин 46-рэ щаIыгъ уэтэр 46-м я унафэщIу сагъэкIуат 1953 гъэм. И пIалъэр къэсу Къущхьэхъу дыдэкIа нэужь, а мэлхэр щын хуейуэ унафэ  къыщысхуащIым, мэкъуауэгъуэм и махуэ хуабэм лэжьакIуэхэр зэхуэсшэсауэ Iуэхум делэжьырт. Ди гъунэгъу лIыжь Мэжджыхь Хьэпагуэ дадэр дыгъэм худэплъейри, жиIащ:

- Шэджагъуэ хъуащ…

И лэныстэр зэригъэтIылъэкIыу андез ищтэну щетIысэхым, и пыIэр щхьэрихри, къаз джэдыкIэ хуэдиз хъуну и щхьэ щыгум бэга тету къэтлъэгъуащ.

Прозэм гъуэгу щигъуэтар

Адыгэ прозэм и къыщIэдзапIэ дыдэр нэрылъагъуу икIи щыуагъэншэу къэбгъуэтыжын щхьэкIэ тIощI гъэхэм кIуэцIрыплъыжын хуейщ, ауэ гурыщхъуэрэ шэчрэ зыхэмылъыжыр къыкIэлъыкIуэ илъэсипщIым ипэ дыдэм деж дэ литературэ лIэужьыгъуэ щхьэхуэу прозэ къыхэщхьэхукIа зэрыдиIарщ. Абы теухуауэ щIэныгъэлI Сокъур Мусэрбий мыращ итхар:

Нартхэуэ къызэришар

Абхъаз таурыхъ

Нартхэуэ щIалэм Гундэ тхьэIухудыр зэрилъагъурэ и нэгум щIэт зэпытт, и гупсысэм хэкIыртэкъым.

Ар Iэхъуэ факъырэт, ауэ  лIыгъэкIэ къыпэхъун къэгъуэтыгъуейт, и гъуэгу къытехьам хуигъэгъунутэкъым.

Зэгуэрым ар и анэм деж щIыхьэу:

- Нысашэ сокIуэри хэт къыпхуэсшэн, - щыжриIэм.

- Уэмрэ щIымрэ бгъэзми, зыщ пхуэфэщэну слъагъур, ауэ, къуатыну пIэрэ уэ ар? - къитащ анэм жэуап.

- Хэт къызамытынур? И цIэр къипIуэну фIэкIа сыхуейкъым, - зытригъэхьэркъым къуэм.

«Дунеижьыр кIуэцIрыкIыбжэщ»

УсакIуэр зэбгъэцIыхуну ухуеймэ, ар къыщалъхуа щIыпIэр зэгъэлъагъу, жаIэ. Пэжу, ар сыт щыгъуи пхузэфIэкIын Iуэхуу щыткъым. Псалъэм папщIэ, Тагор и хьэтыркIэ Индием, Шекспир и хьэтыркIэ Инджылызым, Гёте и хьэтыркIэ Германием умыкIуэфынри хэлъщ. Ауэ укъимыгъэпцIэжыну Iэмал телъыджэ щыIэщ: усакIуэр зэбгъэцIыхуну ухуеймэ, абы итхахэр гупсэхуу щIэджыкI.

Ди джэдуужьыр

(Сабийхэм папщIэ хъыбар)

 - Ей, мы ди джэдуужьри, мы ди джэдуужьыр, кхъуэр благъэжу яукIым хуэдэщ, - мэхъущIэ дадэ пэшым къыщIыхьэжауэ.

- А, зи унэр бэгъуэн, къаруи псэруи къыхуигъэнакъым хьэжь тхьэмыщкIэм!

- Сыт - на, джэдуужьым абы ирищIэфынур? - егъэщIагъуэ нанэ.

- ИрищIэфынур жи! ИримыщIэр сыт жыпIэмэ, нэхъ тыншщ.

Си тхьэкIумэр тезгъэхуауэ дадэ жиIэхэм содаIуэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, си мызакъуэу, дади гу лъитат ди джэдуужьыр зэрыбзаджэм, псэхугъуэ иримыту ди хьэжьым и фэр зэрырихым.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ