Литературэ

БгъуэнщIагъым («ПланетэщIэ» псысэм щыщ)

«Вега-234» хьэршырыкIуэ кхъуафэм дису дыздынэсам и щIыпIэ зэманымкIэ сыхьэтиплIрэ дакъикъэ плIыщIрэ тхум, ПланетэщIэм и щэрэ тIощIрэ еханэ бгъуэщIым дыщетIысэхащ.

Лъэпкъырщ лъапсэр

КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Теунэ Хьэчим и гупсысэ кIэщIхэм къахэтха зыбжанэ фи пащхьэ идолъхьэ. 
Жьэгумрэ уэнжакъымрэ
Унэм и псэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ. Пэжкъым жыпIэрэ! АтIэ зы тхьэмахуэ къудей мафIэ умыщIи, уи унэр псыIэмэ зэрыхъум, нэщIыфэ абы къызэрытеуэм, зеиншафи ар зэрыхъум еплъыт.
Моуэ дымэжэлIауэ дыкъыщIыхьэжым, ди ныбэ из зыщI ерыскъыр къызыпэрахыжри, дыпIыщIауэ дыкъэкIуэжым дызыгъэхуэбэжри, е гуныкъуэгъуэ диIэу къэдгъэзэжамэ, ди пIэ дизыгъэувэжыр жьэгужьыращ.

Нэпсеигъэр мыгъуагъэщ

ЖызыIэжар Хьэбэз къуажэм (Шэрджэсым) дэса Даур Исмэхьилщ, I990 гъэм.
Гъавэ къешэлIэжыгъуэ зэману зылI гъуэгурыкIуэт лъэсу. ЛIыр нэпсей гуэрти, гъуэмылэ тIэкIуи здищтатэкъым.
 
Апхуэдэу здэкIуэм гъуэгум къакIэрыхуауэ зы ху щхьэмыжышхуэфI къегъуэт. «Мыри зыгуэркIэ сэбэр хъунщ!» - жиIэри, ху щхьэмыжыр и упщIэ бгырыпхыжьым диупщIэри, и гъуэгу техьэжат. Пщыхьэшхьэ хъуауэ къуажэ гуэрым нихусри, нэхъ хуэщIа хуэдэу къилъэгъуа унагъуэм йоблагъэ. ХьэщIэ Iэнэр зэфIэкIа нэужь, гугъу ехьа лIыр гъуэлъыжыным хуопабгъэ. Хэгъэрейхэм захуегъазэри: 

Даур Нэгъуей и щэкIуэкIа

ЩэкIуэкIэ Iэзэу, цIыху щыпкъэу, хьэщIэкIэ жумарту, ерыскъыщхьэ темыпIэу зэрыщытымкIэ, Даур Нэгъуей, ди хэгъэгум къинэмыщIауэ, Ставрополь губерниеми Екатеринодар (Краснодар) лъэныкъуэмкIи щыцIэрыIуэт.

Ди бгыжьхэм, псыхъуэхэм щыщэкIуэну абы куэд къыхуеблагъэу щытащ, зэман-зэманкIэрэ. Ди Iэгъуэблагъэм къитIысхьа къэзакъ станицэхэм щыпсэухэм Нэгъуей псынщIэ дыдэу ныбжьэгъушхуэ яхуэхъуат, езым фIыуэ илъагъурт мыщэхэмрэ кхъуэпIащэхэмрэ ещэкIуэну, ауэ абыхэм ял езыми ишхыртэкъым, и уни гъунэгъуу кърихьэлIэртэкъым, къэзакъхэм яхуигуэш фIэкIа.

Мазэр щыхьэту

Iуэтэж

(ЕтIуанэ Iыхьэ)

Гулэз и ныбжьыр илъэс пщыкIух-пщыкIублым щиувам, адэр зыхуея псори къехъулIат. Къэбэрдейм и мызакъуэу, нэгъуэщI хэкухэми наIуэ щыхъуат пхъум и лIыгъэр.

Мыщэм ебэныфу, и уэгъуэр тIу имыщIу, щIакIуэ кIапэ теувакIэ къыщикIуэтаи къэмыхъуауэ яIуатэрт.

 Ауэ   Гулэз нэщхъеирилэти, пщыр абы иригузавэрт.

 Зэгуэрым Урысейм къикIри Щоджэнокъуэм хьэщIэ лъапIэ къыхуэкIуат. Адыгэхэм нэхъ хъыджэбз дахэу, нэхъ щIалэ хахуэу яIэ псори зэхуашэсри, пщыпежьэ ящIат.

МАЗЭР ЩЫХЬЭТУ

Iуэтэж
(Япэ Iыхьэ)

ПланетэщIэ (псысэ)

«Союз-2»-р ПланетэщIэм и щэрэ тIощIрэ еханэ бгъуэщIым щетIысэхащ.

Тхьэрыкъуэ – «Тхьэм и къуэ»

(Iуэтэж)

ЗэпэщIэувэныгъэ гуащIэ

Iуэтэж

Бгы къырым аддэ лъагэу иIэ бгъуэнщIагъхэм язым зэнзэныпсым хуэдэу къабзэу къуршыпс къыщIож. Абы и уэрэд  мыухыр къришу, зылъэIэсым псэ хилъхьэу   лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ къожэх.

ЩIым телъ уIэгъэр зыгъэхъужыфа

 А зэманым къуажэр ерыскъыншэ, щыгъыныджэ хъуат. Хэку зауэшхуэм щIидзэн ипэ мэл мин 46-рэ, Iэщышхуэу 5150-рэ, шыуэ 2200-рэ зиIа ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм къыхуэнэжа щIагъуи щыIэтэкъым. Сэ илъэс 20-м ситу аркъудейт, итIани, вы зимыIэм шкIэ щIещIэ жыхуаIэрати, комсомол  комитетым и секретару, колхозым и ревизионнэ комиссэм и и унафэщIу сагъэувауэ сылажьэрт.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ