Литературэ

И усэхэр къабзэщ

Iэпщэ Анзор ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм щыщщ. Студентщ, Налшык гъуазджэмкIэ институтым хэт колледжым макъамэр щедж. НыбжькIэ щIалэми, пшынауэ Iэзэщ, зэрыцIыкIурэ абы зыхуегъасэ. А псом нэмыщI, Анзор усакIуэщ. Илъэс зыбжанэ хъууэ аращ усэ итхыу зэрыщIидзэрэ. Ауэ усыгъэр и гум къызэрихьэрэ зыкъом щIауэ къыщIэкIынущ - и усыгъэм хыболъагъуэ куэдрэ тIыгъуа гупсысэхэр.

ПСОРИ БЛЭКIЫНУЩ

Iуэтэж

Хъуэхъу псалъэхэр

Пщэдджыжьым зэхуэзэмэ,  «Уи пщэдджыжь фIыуэ!» жаIэ.

Махуэм зэхуэзэмэ,  «Уи махуэ фIыуэ!» – жаIэ. Пщыхьэщхьэм зэхуэзэмэ,  «Уи пшыхь фIыуэ!» – жаIэ. Пщыхьэщхьэм (жэщу) щIэкIыжым унагъуэм яжыреIэ: «Фи жэщ фIы ухъу!» е «НэхулъэфI фыкъикI!».

ЖызыIар нэхъыщIэмэ,  «НасыпыфIэ ухъу!» е «ГъащIэ кIыхь ухъу!» – къыжраIэж.

ЖызыIар нэхъыжьмэ, «Жьыщхьэ махуэ ухъу!» – къыжраIэж.

Гъуэгу техьэм «Гъуэгу махуэ!»  жраIэ.

Зипхъу яшам, – «Лъэдакъэ махуэ Тхьэм къыфхущинэ, лъапэ махуэ Тхьэм иригъэхьэ!» – жраIэ.

Дадэ нэху

Ди еджапIэм и щIыбагъымкIэ топджэгупIэ ин иIэщ. Абы и хъуреягъкIэ жыг сатырхэр дахэу щагъэкIащ. Лъэс зекIуапIи мывэ джафэкIэ ящIауэ кIуэцIрокI. Жыгей мэз цIыкIум хуэдэщ, зыщыбгъэпсэхуну, къыщыпкIухьыну тхъэжыгъуэщ. Iуащхьэ щхьэгуэм сыдэкIуеяуэ къызолъагъу, лъагъуэм тету зы дадэ, нану къызэрырашэкI гу цIыкIуи иIыгъыу кърикIуэу. НыбжьыфI зиIэ дадэ зэщIэкъуа, быдэу ету зытедза джанэ-гъуэншэдж щыгъым зы упIышкIугъи имыIэу, хужьыбзэу тхъуа и щхьэц щабэри дахэу ежьэкIауэ. Гъунэгъу къыщыхъум, гуфIэжу гу цIыкIум ис нану дыгъэм сыIуплъащ. Илъэсым щIигъуами арагъэнт.

Былыз къыздихь гъатхэ

Iуэтэж
(ЕтIуанэ Iыхьэ)
Былыз плъэгъуакъэ — гъатхэр къызэрысым шэч къыщIытепхьэжын щыIэкъым! ЩIымахуэ кIыхьыр зэрыблэкIыу, мыщэр и      гъуэм къызэрикIым хуэдэу, ари къежьэрт лъапцIэу. Былыз гъэмахуи щIымахуи вакъэ зылъитIа¬гъэртэкъым. ЗыгъэнщIи еши ¬ищIэртэкъым абы, щIыIэми исыртэкъым. 
  И къуажэ къыдэкIырти, ди деж къызэрысу, уэздыгъей жыгым хуэ¬дэу задэ и Iэпкълъэпкъыр къызэфIэщIэрт. 
 - Хьэлу гъэтэджа, хьэлу гъэтэ¬джа къызэфт, — лъаIуэрт. 

ТхакIуэ цIэрыIуэ, актёр Онер (ГъуэгулI) Четин къызэралъхурэ илъэс 80 щыхъум ирихьэлIэу

«Гюлибик» («Сыдж плъыжь» - 1978 гъэ), «Бзу щхъуантIэ зылъэгъуа щыIэ?» (1979 гъэ), «Апельсин» (1980 гъэ), «Вындхэр фIыцIэу щытакъым» (1981 гъэ), «Бинбонг щыщ щIалэ цIыкIу» (1982 гъэ)IэдакъэщIэкIхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа режиссёр, драматург, тхакIуэ ГъуэгулI Четин хэкум ирахуа адыгэхэм я щIэблэщ. Бзэ куэдкIэ бгъуэтынущ ди лъэпкъэгъум и тхылъхэр. 

Куркъуэ и лIыгъэр

Ингуш IуэрыIуатэ
(Ещанэ Iыхьэ)

Жыгеймрэ жьымрэ

(Урыс таурыхъ)

Адыгэ прозэр зыгъэбжьыфIахэр

Зыужьыныгъэ гъуэгуанэ купщIафIэ къызэринэкIащ адыгэ литературэм. 60 гъэхэм ди литературэр лIыпIэ йоувэ. Прозэ зытх тхакIуэхэм я бжыгъэм зэпымыууэ къыхохъуэ, абы и жанрышхуэхэм заужь. Дунейм къытохьэ КIыщокъуэ Алим, Къардэн Бубэ, Нало Ахьмэдхъан, Къущхьэ СулътIан, Мысачэ Петр, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Къагъырмэс Борис, МафIэдз Сэрэбий, Елгъэр Кашиф, Журт Биберд, IутIыж Борис, Хьэх Сэфарбий, КхъуэIуфэ Хьэчим, Мэзыхьэ Борис сымэ я повестхэмрэ романхэмрэ. 

Куркъуэ и лIыгъэр

Ингуш IуэрыIуатэ
(ЕтIуанэ Iыхьэ)
Куркъуэ губжьащ. Абы ищIэрт Тхьэм тыхь хуищIа нарт-цIыхушхыр яужьрейуэ зэрыщытыр, абы къыхэкIыуи езыхэм ящыщ гуэр яукIын хуей зэрыхъунур. 
 Пщыхьэщхьэм нартхэр Сосрыкъуэ и бгъуэнщIагъым щызэхуэсащ, пхъэидзэ ящIу яукIынур зэхагъэкIыну. 
Арати, Куркъуэ нартхэм захуегъазэ: 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ