Литературэ

Гъуазэ хъуахэр

ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ етIощIанэм и пэщIэдзэмрэ Урысейм щIэныгъэфI щызыгъуэта адыгэ щIалэ зыбжанэм я Iэдакъэ къыщIэкIащ урысыбзэкIэ тха художественнэ, публицист лэжьыгъэфI куэд. Абыхэм ящыщщ псалъэм папщIэ, Къаз-Джэрий СулътIан (1807-1863) и «ХьэжытIэгъуей аузыр», «Къэжэр гушыIэхэр». Мы тхыгъитIри Пушкиным игу ирихьри, езым къыдигъэкI «Современник» журналым къытригъэдзауэ щытащ. Къаз-Джэрий теухуауэ усакIуэшхуэм мыпхуэдэу итхыгъащ: «ДымыщIэххэу ди литературэм Iуэху хьэлэмэт къыщыхъуащ!

Куркъуэ и лIыгъэр

Ингуш IуэрыIуатэ
(Япэ Iыхьэ)

ЗекIуэлIым и хъыбар

 

Iуэтэж

Къартул и  щхьэгъусэ Сэтэней, набдзэ зытелъым ялейуэ цIыхубз тхьэIухудт. Ар икIи дэрбзэр Iэзэт, шууей блэкIым зы IуплъэгъуэкIэ  бзыпхъэ трихырти, хуэфIыпсу фащэ хуидырт. ФIыуэ зэрылъагъуу зэрышаитIым  зэтIолъхуэныкъуэу  щIалэ цIыкIуитIи  зэдагъуэтауэ яIэт.

КIыщокъуэ Алим и «Нал къута» романыр дунейм къызэрытехьэрэ илъэс 50 мэхъу

Ди бзэр псэужмэ, апщIондэхукIэ

Си гугъуи ящIу зэхэфхынщ

 (КIыщокъуэ Алим)

 

Джэд щыкъун и пщIыхьщ

Тхыгъэ кIэщIхэр

Унэгуащэм джэдыр здигъашхэм, зы джэд купраузыфэ джэджьей и пэм къихутам йоуIу. Джэджьейри купраузщ и фэкIэ, унэгуащэм кърыригъэшахэм ящыщщ.
Фызым и щхьэр игъэIущыж хуэдэу жеIэ:
- Уа, джэд купрауз делэ, джэджьей узэуIуу Iэнлъэм Iупхуар уи джэдыкIэм къришауэ уи бынми пщIэркъым, уэщхьыркъабзэщ.
Ауэ жаIэкъым цIыхухэм: «Джэд щыкъун и пщIыхьщ» псэлъафэр. 
Сыт къыпыпхын «джэд акъылым». ЦIыхухэр нэгъуэщIщ, гупсысэ къаритащ Алыхьталэм.

Дадэм и Iуэтэж

Адыгэхэр мэзылIкIэ, алмэстыкIэ (снежный человек) зэджэ псэущхьэхэр зэрыщыIамрэ ахэр здэкIуэжахэмрэ куэд щIауэ ядж щIэныгъэлIхэм. Хэти ахэр игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкIауэ, языныкъуэхэм ар дохутыр щIэныгъэлIхэм цIыхухэм зэгуэр драгъэкIуэкIа къэхутэныгъэ гущIэгъуншэхэм я Iэужьу щытауэ къалъытэ. ТIум щыгъуэми, щыIар зыщIыпIи пхуэхьынукъым.

ЩХЪЫРЫБЕЙ

 АФIЭУНЭ Лиуан

Уехъуэпсэнкъудейуэ,

Щхъырыбнащхъуэкъомбэ

Пытщди

Щхъырыбейм.

НыбэкъцIыкIу

ЦIыкIучейуэ

ТхыпхъэщIыпхъэзащIи, -

Сыту дахэкIей!

Зэманым псори наIуэ къещI

«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радиом и унафэщI, зэдзэкIакIуэ, журналист цIэрыIуэ Мэремкъул Ларисэ литературэр и гъащIэ гъусэу къокIуэкI. Ар зыхуеджа зэдзэкIакIуэ IэщIагъэмкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ. Нэхъыщхьэращи, а лэжьыгъэм гукъыдэж къриту пэрытщ. Ар къыхощ литературэм, и зэдзэкIакIуэ лэжьыгъэм теухуауэ Ларисэ къыджиIахэм.
- Уи лэжьыгъэхэм хэт сымэ я IэдакъэщIэкI нэхъ уигу къыдыхьэу зэбдзэкIауэ къыхэбгъэщынт?

Бхартрихари

       Бхартрихари (570-651) къызэрежьар пащтыхьущ. Индием нэхъ лъагэ дыдэу къыщалъытэ брахман лIакъуэм щыщ и адэр дунейм ехыжа нэужь, тепщэгъуэр къыIэрыхьэри, унафэр илъэс зыбжанэкIэ IэщIэлъауэ, Бхартрихари и лъагъуныгъэ насыпыншэр щхьэусыгъуэ хуэхъури, инд щихъхэм зэращIым ещхьу, мэзым щIыхьэжащ, уни жьэгуи къигъанэри. Зи пычыгъуэ къэтхь «Шатакатрая» усэ тхылъыр дунейм къыщытехьар а зэманырщ, зэрытхар санкскрит пасэрей бзэрщ.

1

Дадэ, дзыгъуэшхуэр, джэдуужьыр.

Сабий таурыхъ
Дадэ гъавэ хъумапIэм зэрыщIыхьэу, псори зышх дзыгъуэшхуэр къилъэгъуащ, епхъуэри, адэкIи - мыдэкIи имыгъакIуэу къиубыдащ.
- УкъыспэщIэхуакъэ, нэжэс? - щыжиIэм:
- КхъыIэ сутIыпщыж, - къелъэIуащ бзаджащIэр. - АфIэкIа зэран сыпхуэхъужынкъым.
- Ар сыткIэ си фIэщ пщIын? - гъумэтIымащ дадэ.
- Дзыгъуэшхуэ и къуэм и псалъэ быдэр узот!
- Хъунщ-тIэ! - дадэ и гъэрыр иутIыпщыжащ.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ