Куркъуэ и лIыгъэр

Ингуш IуэрыIуатэ
(Япэ Iыхьэ)

 Нартхэр щыпсэуа зэман пасэрщ мы хъыбарыр къыщыхъуар. Нартхэр лIыгъэ зыхэлъ цIыху къарууфIэт, бгы лъапэм деж иIэ аузым щежэх псы уэр къабзэм и Iуфэм Iуст. ЯпэщIыкIэ ахэр мащIэ дыдэт зэрыхъуу щытар, хуэмурэ щIэблэ къащIэхъуэурэ заужьри, псыхъуэм и кIыхьагъкIэ къуажэм зыдиубгъуат. 
 Нарт-пелуанхэм ящыщу лъыкIэ нэхъ къабзэу къызэтенауэ къалъытэу Бешлом-Корта бгы лъапэм щысхэр я лIыгъэкIэ щыцIэрыIуэт щIыпIэм. Абыхэм нэгъуэщI зыхагъэхьэртэкъым икIи зэрапэсыртэкъым, я гъащIэр зауэу, хъунщIэу ирахьэкIырт. Псом хуэмыдэу ахэр нарт-цIыхушххэм яхуэгущIэгъуншэти, абыхэм зэпымыууэ езауэрт, зэрыхьилэшым, куэдкIэ зэрынэхъ губзыгъэм и фIыгъэкIи текIуэрт. 
 Зы закъуэт ахэр зыфIэлIыкIыр - къэзыгъэщIа Тхьэрт. Махуэ къэс бгы лъапэм нарт-цIыхушх щыхуаукIыурэ Тхьэм и нэфI къалэжьырт. ЗыгуэркIэ нарт-пелуанхэм нарт-цIыхушххэм ящыщ къахуэмыубыдамэ, пхъэидзэ ящIырти, «зи кIэн къикIыр» яукIыжырт. 
 Сыти жыIи гугъу ехьу псэурт нартхэр. 
 А зэманым хьэкIэкхъуэкIэхэр иджыри щIым щыпсэуртэкъыми, цIыхухэм къапэщIэхуэр яшхын хуей хъурт. Аузым къыщагъуэт удз, лъабжьэ зэмылIэужьыгъуэхэрт я ерыскъыгъуэр. Абыхэм я ныкъуэкъуэгъу нарт-цIыхушххэр езыр-езыру зэрышхыжырти, ерыскъы къэугъуеиным гугъу зыдрагъэхьыртэкъым. Мыдрей нартхэм апхуэдэ щIыкIэкIэ я лъэпкъыр кIуэдыжын шынагъуэ зэрыщыIэр къагурыIуэрти, а Iуэхур къабыл ящIыртэкъым. 
 АрщхьэкIэ удзхэмрэ лъабжьэхэмрэ я мэжалIэ иригъэкIыртэкъыми, Тхьэм зыхуагъэгусэрей хъуащ. Псом хуэмыдэу щIымахуэрат ахэр гугъу щехьыр, дунейр зэщIэдиерти, я шхын къахуэугъуейртэкъым. Тхьэм щIымахуэм дыгъэр и гъунэгъуу иIыгът, абы и хуабагъэр цIыхухэм ялъэмыIэсу пшэ IувхэмкIэ уафэр игъэбыдэрт. ЖыпIэнуракъэ, цIыхухэр къигъэщIу щIым къригъэхами, абыхэм я Iуэху лъэпкъ зэрихуэжыртэкъым, зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар нэхъ гъэщIэгъуэн «гуэр» къэгъэщIыным яужь ихьат. 
 Нартхэр бгъуэнщIагъ Iэзэвлъэзэвхэм щIэсын хуей зэрыхъум, мывэ пцIанэм зэрыщыжейм, дунейм и къэхъукъащIэхэм я псэупIэм зэрыщимыхъумэфым гугъу иригъэхьырт. Тхьэшхуэм гукъыдэж иIэу щыдыхьэшхкIэ, абы къигъачэ бгыхэм мывэ дзакIэхэр къыгуиудурэ цIыхухэр иукIырт. Губжьамэ, абы къыIурих гъуэз щIыIэм нартхэм я щхьэр щIригъэхьэрт. Абыхэм къатехьэлъапэр Тхьэм и нэпс ткIуэпсышхуэхэр щыIэпыхурт. Ауэ псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр ар и щхьэгъусэм щезауэкIэт. Абдеж жьымрэ псымрэ зэщIэту дунейкъутэжышхуэ къэхъурт: псыр къиурт, уэсыр цы Iэрылъхьэу къехырт, мывэшхуэхэр къехуэхыурэ нарт тхьэмыщкIэхэм къатехуэрт. 
 Тхьэр къамылым къыхэщIыкIа пщыIэ Iэхуитлъэхуитым зэрыщыпсэур, пшэ Iув щабэхэм зэрыщыжейр, ирикъуху мэлылкIэ зэрышхэр, фIэфIыху дыгъэм зэрызригъэур цIыхухэм ящIэрт. Арати, нартхэм тхьэусыхафэ ягъэш щыхъум, Тхьэмрэ цIыхухэмрэ зэхуэмыарэзы хъуащ. 
 Тхьэусыхэ щхьэкIэ зыри къикIыртэкъым, нартхэр а зэрымэжалIэт, гугъу зэрехьт, зыгуэркIэ хуэгубжьауэ Тхьэм тыхь хуамыщIамэ - къахуигъэгъуртэкъым, тхьэмыщкIагъэшхуэ къахуигъакIуэрти, хущIигъэгъуэжырт. 
 Бешлом-Корта и лъапэм деж бгъуэнщIагъ нэхъ куу дыдэм и жьакIэ кIыхьри и щхьэцри зэхуэдэу тхъуауэ нарт Сосрыкъуэрэ абы и къуэ закъуэ Куркъуэрэ щыпсэурт. ЛIыжьым и ныбжьыр езыми ищIэжыртэкъым, и щIалэгъуэу зэгуэр щытауи къыхуэгубзыгъыжыртэкъым. Ар къэзыцIыху псоми лIыжьу фIэкIа нэгъуэщIу ялъэгъуауэ къахуэщIэжыртэкъым. 
 Нартхэр абы и бгъуэнщIагъым щызэхуэсым деж Тхьэм теухуа хъыбархэр яхуиIуатэрт, абы и къарум и инагъымрэ и зэфIэкIымрэ тепсэлъыхьырти, псоми я щхьэ ехьэхауэ абы едаIуэрт. Къэхъурт Сосрыкъуэ щыхэзэрыхьыж, апхуэдэхэм деж абы жиIэхэр Тхьэм къыжьэдилъхьэу къащыхъурт нартхэм. 
 - Тхьэм и къэгъэщIыгъэ псори дахэщ, инщ, абы нэхъыфI зыри щыIэкъым. Куэд, куэд дыдэ щIащ ар къызэрыхъурэ… Яхэтащ нартхэм Тхьэм и тIысыпIэр къахутэн мурадкIэ бгым дэкIыну ежьахэр. Нартхэм я лIыхъусэжь нэхъыфIхэрт а гъуэгум ирагъэжьар, ауэ ахэр псори хэкIуэдащ. Тхьэр къыумыгъэгубжьмэ нэхъыфIщ! - жиIэрт Сосрыкъуэ. 
 - Тхьэр къэдмыгъэгубжьым нэхъыфIщ, - къытрагъэзэжурэ зыжьэу жаIэрт нартхэм. 
 Сосрыкъуэ и щIалэ Куркъуэ а псалъэхэр и фIэщ мыхъуу и пащIэкIэ щIэгуфIыкI зэпытт. 
 Куэд щIат абы Тхьэм игу зэребгъэрэ. Адрей нартхэми хуэдэу, абыи гъаблэр, щIыIэр, дунейм и къэхъукъащIэхэр мызэ-мытIэу игъэват. Ауэ адрейхэм къащхьэщыкIыу Куркъуэ къыхуиухамкIэ мыарэзыуэ КъэзыгъэщIам зыхуигъэгусэ зэпытт. Гу къабзэ зиIэ щIалэм апхуэдиз лIыгъэрэ къарурэ зыхэлъ цIыхухэм игу щIэгъурт. Абы къыгурыIуэрт Тхьэм нартхэр къыщигъэщIым мэл гуартэрэ къамылрэ къаритыжамэ, ахэр зыхуей хуэзэу зэрыпсэунур. Нарт-цIыхушххэми зэрышхыжын щагъэтмэ, щIым щекIуэкI зэзауэ, зэрыфыщI къомым хэмыту псэунут. 
 Арати, Куркъуэ Тхьэм ебзэджэкIыу, цIыхухэр насыпыфIэ ищIыну мурад ищIащ. Абы куэдрэ а мурадыр зригъэтIылъэкIащ, Тхьэм и гущIэгъум щыгугъыу. 
 Зэгуэрым абы нарт-цIыхушх къиубыдри, тхьэлъэIу ищIащ. Абдежым Куркъуэ и гум хыхьэу Тхьэ щелъэIури, ешаелIауэ Iурихащ. Пщэдджыжьым и нэр къыщызэтрихам, бгъуэнщIагъ щIыхьэпIэм деж мэл гуартэ щыхъуакIуэу къигъуэтыну щыгугъыу пIащIэу къыщIэкIами, къэпцIат. Псы Iуфэм жащ, абдеж щыту къыщыхъуу, аргуэру щыуат…  
 

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: