ЗекIуэлIым и хъыбар

 

Iуэтэж

Къартул и  щхьэгъусэ Сэтэней, набдзэ зытелъым ялейуэ цIыхубз тхьэIухудт. Ар икIи дэрбзэр Iэзэт, шууей блэкIым зы IуплъэгъуэкIэ  бзыпхъэ трихырти, хуэфIыпсу фащэ хуидырт. ФIыуэ зэрылъагъуу зэрышаитIым  зэтIолъхуэныкъуэу  щIалэ цIыкIуитIи  зэдагъуэтауэ яIэт.

Къартул зекIуэлIт, лIыгъэ зэрихьэрт, къикIуэти къэгъази  зимыIэ адыгэлIт.  Шыр фIыуэ игъасэрт, сэшхуэр Iэзэу игъабзэрт.  Нэху къекIмэ, зекIуэ ежьэну Къартул  пщIыхьэпIэ    илъэгъуащ, «УщIалэу гугъу  уехьрэ пIуэтэжмэ нэхъыфI, хьэмэрэ жьы ухъуауэ  гугъу уехьу пIуэтэжмэ нэхъыфI?» - жиIэу зыгуэр къеупщIу. «Жьы сыхъуауэ, жьыгъэри гугъуехьри схузэфIэмыкIынкIэ хъунущ, ауэ си щIалэгъуэм гугъу сехьми, си къару илъыгъуэу, абы нэхъ сыпэлъэщынкIэ хъунщ», - жиIэри жэуап итыжащ.  НэхуапIэм хуэдэу, пщIыхьэпIэу илъэгъуам егупсысурэ    и щхьэгъусэми зыкъримыгъащIэу, я сабийтIым я щхьэфэм Iэ дилъэри  пщIантIэр ибгынащ.

Къартул зэрежьар къуажэпщым деж занщIэу нагъэсащ.

Къуажэпщыр  Къартул и щхьэгъусэ  тхьэIухудым хуабжьу ехъуапсэрти, епIэщIэкIыу  Къартул и пщIантIэм щепсыхащ, ауэ Сэтэней, къуажэпщым къыбгъэдэмыхьэу, къыщIэкIуар жригъэIащ. Къэптал зэпыт хуидыну хуейуэ арат щхьэусыгъуэу къуажэпщым къигупсысари, ар хьэзыр щыхъуну пIалъэри хуигъэнэIуащ.

         Кушыку IэщIэлъ пщыгъуэм нэхърэ нэхъ къищтэрт Сэтэней  гъунэгъу хуэхъумэ. Къэптал зэпытыр хьэзыр щыхъун хуей пIалъэм ирихьэлIэу Къартул и куэбжэм Iухьащ пщыр.

         Сэтэней пщыр къыщIигъэгугъа къэптал зэпытыр игъэхьэзырати, и Iэблэм фIэдзауэ къыщIихащ, иритыжыну. АрщхьэкIэ, Кушыку  цIыхубзыр  къипхъуатэщ, и щIакIуэм кIуэцIигъэджэразэри, и шыплIэм дэлъу  губгъуэжьым икIуэдэжащ, жылэр къыкIэлъыплъу.

         Унэ нэщIым къыщIэна щIалэ цIыкIуитIым ерагъыу къапщыхьыф  къудейуэ арати я гъунэгъум  ирахьэкIащ. Абы ирихьэлIэу, жьышхуэ къепщэу, дунейр пшэ фIыцIэхэм зэщIабгъащ, куэд дэмыкIыуи уэшхышхуэ къригъэжьащ. Уафэр хъуэпскIри щыблэ уар Къартул и пщIантIэм дэхуэри лъасэм къыхэмынэIауэ  зэтрисхьащ.

         ЛIыгъэ мымащIи зэрихьауэ зэманыфI дэкIыжауэ къэкIуэжа Къартул   и быни и унагъуи  имыIэжу къыщрихьэлIэжым  щIапIэ нэщIым  и щхьэ игъейжу здитым я щIалэ цIыкIутIым я макъ я гъунэгъумкIэ къиIукIыу  зэхихащ. А цIыкIухэм гурыфIыгъуэшхуэ къратыжа щхьэкIэ и щхьэгъусэм и Iуэхур къыщыхуаIуатэм, къэнэщхъейжащ.  Арыххэуи, и къуитIыр шыплIэм дегъэтIысхьэри, и щхьэгъусэм и лъэужь теувэу ар къигъуэтыжын мурадкIэ, къуажэр ибгынащ абы.

Гупсысэ куэд ищхьэм щызэригъэзахуэурэ  куэд дыдэрэ лъыхъуащ ар и щхьэгъусэм. Псышхуэ   зэпиупщIын хуейуэ ирихьэлIащ. Уэлбанэ нэужьти псыр къиуат, архъуанэшхуэхэри иIэт.

         Псым ухыхьэныр псэзэпылъхьэпIэт, ауэ   зекIуэлIым  къикIуэт ищIэртэкъым, сабийтIыр  псым зэрызэприхынум зыкъомрэ егупсысащ. Зы щIалэ  цIыкIур мыдэ жыжьэу   егъэтIыс,  къигъэзэжыху псымкIэ къэпщми, къэмысын хуэдэу, адрей цIыкIур къещтэри псы уэрым хохьэ. Псым зэприха сабийр адэ жыжьэу иIэ щIыIэпсым   деж егъэтIысри, адрей  щIалэ цIыкIур псым къызэприхыну  игъэзэжащ.  КIуэ пэтми, псыр нэхъ уэр хъурт, ауэ Къартул и къуитIыр зэгъусэ имыщIыжауэ къикIуэт хъунутэкъым. Псым къызэпримыхыу къигъэна сабийр къэпщыурэ  псы Iуфэм  гъунэгъу хуэхъуащ, ар адэм щилъагъум, псы есыныр щIигъэхуэбжьащ, арщхьэкIэ псы Iуфэм  къэпща сабийр хэхуэри, ихьащ. Къартул и къуэр здихь лъэныкъуэмкIэ иригъэзыхри псыщхьэ-псыщIагъкIэ куэдрэ  кIуащ, и къуэм лъыхъуэурэ, ауэ игъуэтыжакъым.

         Ар щимыгъуэтыжым и гугъэр хихыжри адрей цIыкIум дежкIэ къыщигъэзэжым,  бгъуэтмэ, къащтэ, ари щысыжкъым. Къытепсыха насыпыншагъэм щхьэкIэ и щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжу псы Iуфэм заулрэ щысри и гъуэгуанэм пищэжащ.

Куэдрэ кIуащ Къартул,   мэжалIэрэ ешауэ,   сытми къуажэ гуэр хуозэ.

ЗекIуэлIыр егъэзыпIэншэти, къуажэпщым зыхуегъазэ.  Зэрыхабзэу пщым и унафэм уебакъуэ хъунутэкъым, къуажэм сыт къыщыхъуми абы ищIэн хуейт.

Къартул егъэлеяуэ бэлэбанэт, ныбаджэт,  фейцейт.

- Сыт пхуэщIэрэ?.. Уэлэхьи, уэ сэ слъагъум Iэхъуэ нэхъыщхьэ умыхъун, - къыщыжриIэм Къартул арэзы мэхъури,   къуажэ Iэхъуэу мэув,  бысымым  зришэлIа щIыпIэ жыжьэм.

         Гукъеуэмрэ гугъуехьымрэ  жьыфэ къытригъэуа  пэтми, абы и Iущагъэр, IэкIуэлъэкIуагъэр и лэжьыгъэм  щигъэнаIуэрт. Езыр шы гъэсэным хуэIэзэт, сэшхуэр дахэу  игъабзэрти, щIалэгъуалэр игъасэрт. ШхынкIи щыгъынкIи гугъу ехьа щIалэр цIыху сурэтым къихьэжати, теплъэ  екIу зиIэ адыгэлIыр  къуажэдэсхэм сыткIи ящхьэщыкIырт.   

         Шэч хэмылъу, къуажэпщ Тембулэт абы  гу лъитащ. Тембулэт езым хуэдэ пщыхэм ефIэкIыу лIы Iущт, губзыгъэт, къулейт, ауэ бын  иIэтэкъым, и ныбжьри хэкIуэтат. Мылъкушхуэр къызыхуигъэнэн, ар  зезыхьэфын, пщыгъуэр хэзмыгъэкIуэдэжын,  и пIэкIэ къуажэпщу игъэувын куэд щIауэ лъыхъуэрт. ИкIи хуабжьу  щыгуфIыкIырт Къартул  и зэфIэкIым.

Зэгуэрым пщым къуажэ псор зэхуишэсащ. Пщыр къуажэдэсхэм яхэплъэри зы унагъуэ зэрычэмым гу лъитащ. Ар къыщIэмыкIур зригъэщIэууи Къартул егъакIуэ. ЩIалэр здеблэгъа унагъуэм щIалитI хъумакIуэу яIэт. А тIур зэтIолъхуэныкъуэти зэхэпцIыхукIыртэкъым. Къартул илъэгъуар гъэщIэгъуэн щыхъуауэ бысымыр къигъуэтри щIэкIуар хуиIуэтащ.
- Щхьэгъусэ сымаджэ сиIэщи, пщым и деж сыкIуэ хъунукъым. Ауэ пщым и псалъэр згъэзэщIэн хуейщи, сыкIуэнщ, ауэ сыкъэкIуэжыхукIэ уэ си щхьэгъусэм схукIэлъыплъ, - жиIэри лIыр пщым деж кIуащ.
Къартул зыщIыхьа унэр кIыфIт, ауэ плIэнэпэм дэт гъуэлъыпIэм гызу хэлъ цIыхубзым бгъэдэмыхьэн хузэфIэкIакъым. Илъэс куэд щIауэ бампIэм къызэгуич цIыхубзым и гукъеуэр лIы мыцIыхум хуиIуэтащ.
 -Сыту фIыт сымылIэ щIыкIэ  си гу бампIэр зыхуэсIуэтэн сызэрыхуэзар, - жиIэри  и къекIуэкIыкIар и пэм щыщIэдзауэ лIым хуиIуэтэжащ, зыхуиIуатэр хэтми щымыгъуазэу.
- А зи гугъу къысхуэпщIыр сфIэкIуэда си унагъуэрщ, си Сэтэней, сыту фIыт узэрыпсэур!
-Ди щIалитIыр дэнэ щыIэ атIэ, - щIоупщIэ Сэтэней  къэгуфIэжауэ.
Къартул жиIэнур имыщIэу и щхьэр ирехьэх. ИтIанэ, и щхьэ хуэпсэлъэж хуэдэ, жеIэ: «Ди щIалэ цIыкIуитIыр диIэжамэ, зэщхьыркъабзэу фи пщIантIэ дэт щIалитIым хуэдэу балигъ хъуат». Къартул и щхьэгъусэм хуиIуэтэжащ я бынитIым я кIуэдыкIэ хъуам я хъыбар.
- Сыт хуэдиз зэман дэкIами сэ си щIалитIыр къэсцIыхужынт. Си къуитIми я блэгъукIэ сэмэгу зырызым мазэ ныкъуэу анэл хэсщ.
Къартул «хэт ищIэрэ» жыхуиIэу, пщIантIэм дэт щIалитIыр иреджэ. Пщым и лIыкIуэм жиIар унафэти, я джанэхэр ятIатэу я блэгъукIэхэр къыщыщIагъэщым мазэ ныкъуэм ещхьу анэл зэщхьэркъэпс ятетт зэкъуэшитIым. Ар зылъэгъуа анэм и нэпсыр къекIуауэ къызэфIотIысхьэ. Илъэс куэд щIауэ пIэхэнэу хэлъ цIыхубзым и унагъуэм и къарури къыдэкIуэжат.
- Ди тхьэ! Сыту насыпышхуэ къызэуэлIэжа сэ нобэ! Си щхьэгъусэри си гъащIэр нэкIэпсыжэу щIэсхьа си щIалитIри зэуэ къэзгъуэтыжащ, - жиIэрт цIыхубзым и нэпсыр хуэмыубыду.
ПщIанIтэм дэт шыгу зэщIэщIам бзылъхугъэр ирагъэгъуалъхьэ, Къартул гублащхьэм къыдэтIысхьэри, щIалитIыр шы зырызым тесу къабгъурыувэжри къуажэ зэхуэсым яхыхьащ.
Ар зылъэгъуа Кушыку япэ щIыкIэ щIэпхъуэну яужь ихьат, ауэ Къартулрэ абы и къуитIымрэ ялъ ящIэжащ. 
МыдэкIэ къуажэпщ Тембулэт жылэ псор щIызэхуишэсар Къартул къуэ ищIу и мылъкури и пщыгъуэри абы иритыну арати, абы жылэр щыгъуазэ ищIащ.
Захуагъэ хэлъу, пщIэшхуэ къыхуащIу и пщыгъуэр ирихьэкIащ Къартул, Сэтэнеи нэхъыфI къэхъужри пщым хуэфэщэн унэгуащэу жьэгум дэтIысхьэжащ. 
Щоджэн Риммэ.
Поделиться: