|
Литературэ
31 августа, 2023 - 09:44
Шу гупитI щызэхуэзэм деж, я къамэкIыр зэхуэгъэзауэ, къеуэм еуэжыфын хуэдэу, сэмэгурабгъумкIэ зэблэкIын хуейщ.
Фыз ису гу къакIуэу абы шу хуэзамэ, фызхэм ижьырабгъур яритын хуейщ. Фызхэм зыкъаIэтын хуейщ, лIыми и Iэ ижьыр мащIэу къиIэту иридзыхыжын хуейщ, фIэхъус ярих щIыкIэу.
Фызыгур псым хуокIуэ, шур псым къикIащ, фызыгур псым икIыхукIэ шум игъазэу якIэлъыплъын хуейщ псым икIыхункIэ зыгуэр къэхъумэ ядэIэпыкъун папщIэ.
30 августа, 2023 - 11:01
Унагъуэ щхьэхуэу зэкъуэшитI псэурт. Я унэхэри зэгъунэгъу дыдэу къыщIэкIынтэкъым. А тIур зэщIыгъуу гуп яхыхьэмэ, нэхъыжьыфэ къызытеуа шынэхъыщIэм и Iэр нэхъапэ къаубыдырт къэзымыцIыхухэм. АпщIондэхукIэ нэхъыщIэм и жагъуэ хъурт, нэхъыжьми ар и гуапэ хъууэ пхужыIэнутэкъым.
29 августа, 2023 - 14:12
Сабий цIыкIу къытхэхъуар
Тхурехъу лъэпкъым цIыху щыпкъэ.
Дуней нэху къызытехьам
Трырет сыткIи ар хъуэпсэгъуэу.
Япэу и нэр къызэрыплъэу,
КъыщIэукI Iуплъау цIыхуфI,
Хьэуа къабзэу жьыдишар
Iэпкълъэпкъ псом хурырехъу къару.
И унагъуэу здахьыжыным
Хурырехь насып, берчэт.
И Iыхьлы къыхуэгуфIэнхэм
Щхьэщихыну Iейр къыщIыкI.
Езы цIыкIур кърехъу уардэу,
Узи лажъи IурекIуэт.
КъарууфIэрэ гуащIафIэу
Хрегъахъуэ махуэ къэс.
***
Фи бын дыдэм ефIэкIыжу
29 августа, 2023 - 12:27
(Псысэм и етIуанэ Iыхьэ)
Лъапэ махуэ
ПIалъэ къратам фIэмыкIыу, дыздэлъатэм и щIыпIэ зэманымкIэ сыхьэтиплIрэ дакъикъэ плIыщIрэ тхум, «Союз-2» - р ПланетэщIэм и щэрэ тIощIрэ еханэ бгъуэщIым щетIысэхащ.
29 августа, 2023 - 09:00
Урыс-Кавказ зауаем и зэманми, мамыр псэукIэр зэтеувэу щыщIидза япэ махуэхэми лIэнкъэнэну зэпыщIэта лъэпкъхэм я дежкIэ тынштэкъым лъагъумыхъуныгъэ яку дэлъар гъэкIуэдыныр, ауэ, абы къыдэкIуэуи, зэзэуа лъэпкъхэм я цIыхухэм къагурыIуэрт икIэм-икIэжым ахэр Iэмал имыIэу, ар сыт хуэдизу мыхьэлъэми, зэкIужын, мамыру зэдэпсэун зэрыхуейр. ЗэпыщIэта лъэпкъхэм зэхущытыкIэ тэмэм зэрахъуэпсапIэр, лъэныкъуитIми зэхуэдэу абы я фейдэ зэрыхэлъыр нэхъ пасэу къызыгурыIуахэри, къызэрезэгъкIэ, нэхъ хуэсакъыу ар къэзыгъэсэбэпу щIэзыдзахэри лъэпкъхэм ауэ къызэрыгуэкI я цIыхухэрщ.
28 августа, 2023 - 16:42
Драматург цIэрыIуэ Акъсырэ Залымхъан и тхыгъэхэм «Дахэнагъуэ» пьесэр я фIыпIэу зэрыщытым шэч хэлъкъым. Абы нэхъ наIуэ къыщыхъуащ Акъсырэм и драматургием хэлъ хьэлэмэтагъхэр.
25 августа, 2023 - 13:17
ГъащIэ
Зэраныгъэ сщIащэрэт жызмыIэу,
ЗэрыслъэкIым хуэдэу сыкъопсэу.
Щыуагъэ сIэщIэкIмэ, зы цIыхум тезмылъхьэ,
А псомкIи псынщIагъэр сэ си щхьэм фIэзмых.
Зызогъэкъуаншэ, сошхыдэ, сохъущIэ,
ИтIани зыгуэрхэм ар ягъэу къысфIощI.
ЩымыIэ зи гъащIэр зыхьыф щапхъэ защIэу,
Къыхохьэ пцIы гуэри, догъэпщкIу хуэмыхуагъ.
Къэхъуакъэ псынщIагъэм икIагъ къыщихьа,
ИужькIэ ди Iэпэм дыщедзэкъэжа?
Хэт нэпс къыфIемыкIуэу зи гъащIэр зыхьар?
Зэм гушхуэу, зэм хэплъэу дунейм темытар?
25 августа, 2023 - 12:27
Хъыбар зиIэ псэлъафэхэр
Къэзанокъуэ Жэбагъы щылIэм и щхьэгъусэр бгъэдыхьэри еупщIащ:
- Сэ дауэ сыпсэуну, сыт унафэу къысхуэпщIрэ?
- Сэ уи унафэ сщIыну си Iуэху пхэлъыжкъым. ЛIам унафэ ищIыжыркъым. Уи унафэр фыз хьэдагъэм щащIынщ, - къыжриIащ, «узратыжынур фыз хьэдагъэм щыжаIэнщ» къригъэкIыу.
Сыкъаплъэмэ, фэракъэ слъагъунур!
ЛIыжьыр и псэм еджэу телът, и къуэжьхэр къеувэкIауэ щхьэщытт. ЛIыжьыр и къуэхэм яхуэарэзытэкъым.
- Уэ, ди адэ, моуэ уи напIэ зэтехи, тIэкIу къаплъэт! - щыжраIэм:
23 августа, 2023 - 13:55
Куэд щIащ абы лъандэрэ, илъэсипщIым нэблагъэ дэкIащ, ауэ ноби зэхэсх хуэдэщ а ныбгъуэ макъыр. Гуапэу, IэфIу сигу къинэжащ ар…
Страницы
|