ДЫЩЭКI Марие и усэхэр

ГъащIэ

Зэраныгъэ сщIащэрэт  жызмыIэу,

ЗэрыслъэкIым хуэдэу сыкъопсэу.

Щыуагъэ сIэщIэкIмэ, зы цIыхум тезмылъхьэ,

А псомкIи псынщIагъэр сэ си щхьэм фIэзмых.

Зызогъэкъуаншэ, сошхыдэ, сохъущIэ,

ИтIани зыгуэрхэм ар ягъэу къысфIощI.

ЩымыIэ зи гъащIэр зыхьыф щапхъэ защIэу,

Къыхохьэ пцIы гуэри, догъэпщкIу  хуэмыхуагъ.

Къэхъуакъэ псынщIагъэм икIагъ къыщихьа,

ИужькIэ ди Iэпэм дыщедзэкъэжа?

Хэт нэпс къыфIемыкIуэу зи гъащIэр зыхьар?

Зэм гушхуэу, зэм хэплъэу дунейм  темытар?

А псор сэ  изопхыр  цIыху къэс я къэухьым.

Хэт пагэщ, хэт ябгэщ, адрейри жумартщ.

ЩыIэкъэ ину и щхьэр иIэту,

ЖиIэри ищIэри зыфIэтэмэм?

Куэдыжьщ цIыху губзыгъэ, зыхэлъ акъылышхуэ

Щыбгъуэту сыт щыгъуи сэбэп, чэнджэщыфI,

Уи гуауи  уи гуапи зэхуэдэу зыхищIэу,

Пхуэхъуфу  дапщэщи уэ щIэгъэкъуэн.

НэхъыфIт апхуэдэхэм дэ дахэдэфрэ

Нэхъ захуэр, дахэр къыхэтхыфам.

Ди ныкъусаныгъэхэр къыдгурыIуэжрэ

Ахэр нэхъыфIкIэ тхузэхъуэкIам.

***

Ди Iэпкълъэпкъыр псынщIэрэ щIэлъэту,

Гукъыдэжыр  дахэрэ диIэту,

Акъужъ къабзэр гуапэрэ дэхащIэу,

Ди псэр Iуэхуу щыIэм хуэкъабзэрэ

Бзаджагъ жыхуаIэр  тхэмылъу,

ЦIыхуми дунейми  дахуэжумартрэ

Ди хьэлэлагъым и  сэбэп къыдэкIыу,

МахуэщIэм дытехьэну АМИНЬ!

 

***

ЦIыхум Iей хыумыгъэфащэ зэи,

Убгэн, ухъущIэн уигу къыумыгъэкI.

Пхуэмыфащэу ар уэ къыуипэсами,

Абы щхьэкIэ диным уэ уимыкI.

ЦIыхур зэралъытэр и жьэм жиIэрщ,

Ар езым и тхьэмыщкIагъэу бжы.

И щхьэм аращ абы хуигъэфащэр,

«ХуэфIыр есщIащ» жери игу мэпсэху.

Зыщ абы мы и щхьэр зыхуэмыкIуэр -

Iейр дапщэщи уи щхьэм къылъосыж.

Нэхъ хей дыдэм тохуэ лей зепхьахэр -

Куэдрэ жаIэу ар сэ зэхэсхащ.

Дауэ хъун-тIэ ар си бынхэм лъысым?

Фегупсыс абыи, ичрам къэдвгъэхь,

Зым и быни дыхуэвмыгъэпсалъэ,

«Уэху», жывмыIэ зыIыхьам я Iуэху.

Ялыхь дыщыхъумэ дэ апхуэдэм,

ЖыдвгъэIэфи сэбэпи дывгъэхъу.

Дызэрыхуей дыдэм хуэдэу пэжу

Псоми я гупсысэр мышэщIа,

Зи хьэсэпэр  кIэщIым уэ фIэкIыфи,

Езыми зы щапхъэ къыхихынщ.

 

***

Фи пщэдджыжьыр   гупсэхуну,

Щабэу фыкъеувэхыну,

Тыншу фызэхэзекIуэну,

Акъужь гуакIуэ къыфщIихуну,

Дыгъэр  гуапэу къыфтепсэну, 

ЦIыхуфI фIэкI къыфхуэмызэну,

IуэхуфI куэд зэфIэвгъэкIыну,

Псалъэ дахэ  къывжаIэну,

Гукъыдэжыр нэхъ ин хъурэ,

Губжьрэ Iейрэ фпэIэщIэну

Нобэр Тхьэм къыфхущIигъэкI.

 

 Сабийхэм папщIэ

Сабий  цIыкIу  къытхэхъуар

Тхурехъу лъэпкъым цIыху щыпкъэ.

Дуней нэху къызытехьам

Трырет сыткIи ар хъуэпсэгъуэу.

Япэу и нэр къызэрыплъэу,

КъыщIэукI Iуплъау цIыхуфI,

Хьэуа къабзэу жьыдишар

Iэпкълъэпкъ псом хурырехъу къару.

И унагъуэу здахьыжынум

Хурырехь насып, берычэт.

И Iыхьлы къыхуэгуфIэнхэм

Щхьэщихыну Iейр къыщIыукI.

Езы цIыкIур кърехъу уардэу,

Узи лажьи IурекIуэт.

КъарууфIэрэ гуащIафIэу

Хрегъахъуэ махуэ къэс.

 ***

Фи бын дыдэм ефIэкIыжу

ЩIэблэ цIыкIу фэ къыфхэхъуащ.

Тхьэшхуэм жиIэ ар къэхъуну,

КъыхэкIыну  щIалэ (е хъыджэбз) нэс.

Дадэ, нанэ жиIэу гуфIэу

Ар фи IэплIэм ирырес,

Гуауи  жагъуи фщхьэщихыфу,

Фи жьэгу пащхьэм дрырес.

НасыпыфIэу фи унагъуэм

ГъащIэу иIэр щрырехь.

Узыншагъи IуэхуфI куэди

КъыдэкIуэну къыщIыукI.

 ***

Зи нэ  цIыкIуитIыр пыжьынэ

Зи нэгу угъурлыр къигуфIыкI,

Зигу зэIухауэ хэткIи гуапэ,

Iуэху ищIэн хуеймэ,  мыщхьэх.

ИкъукIэ зэпэщщ уи еджэныр,

Ныбжьэгъу фIэрафIэхэр уи куэдщ.

ПщIэ яхубощIыр нэхъыжьхэм,

Я псалъэр  тIу зэи умыщI.

Мэлэчыпхъу хуэдэу губзыгъэ,

Лашын ещхьыфэу мыщхьэх,

Уи теплъэр ещхьщ Дахэнагъуэ,

Iэдииху хуэдэу Iэдэбщ.

Ди хъыджэбз дахэ, ефIакIуэ,

Адыгэ пщащэу зыгъэIу,

Уи адэ-анэр бгъэлъапIэу,

Дэнэ утыкуи къикIыж.

 ***

ЩIылъэм  уи  лъэр  теуващи,

Алихъан (сабийм и цIэр) уэ дынохъуэхъу,

Гъуэгу ин пкIуну къыппэщылъщи,

Ухъу ар захуэ, джафэ, нэху.

Уагъэсэнущ дади нани,

Ар уи дежкIэ насып инщ,

УапIыжыну мами папи

Мы ди Тхьэшхуэм дыпхуолъэIу.

Къэхъу уэ  фIыхэм урафIыжу,

Къыбдалъхуахэр гъэгуфIэф,

«ЩIалэфIщ» жаIэу узыхыхьэм

АдыгэлIу къахэкIыж.

Щрет къаплъэр уэ къохъуапсэу,

Зым и Iей къыплъыремыс

Уи псэм фIэфIыр уэ къохъулIэу,

ГъащIэ кIыхь бгъэщIэну сфIэфIщ.

 

 

Фи сабийхэр я анэшхуэ-адэшхуэхэм евгъэхъуэхъу

 Дадэ (нанэ) зиIэм нэхъ къулей

СщIэркъым тету мы дунейм.

Дадэ уиIэм, уиIэщ  хабзэ,

УиIэщ щапхъэ, уиIэщ мылъку.

Збгъэдэлъщ сэ а фIыгъуэ иныр,

Дадэ, фIыщIэ уэ пхузощI.

Тхуэпсэу куэдрэ дыбгъэгуфIэу,

Тхуэбгъэнэхуу ди дунейр.

* **

Си нанэ (е дадэ) дахэу зым хуэзмыгъадэ,

Зи куэщIым сисурэ сэ сыкъэхъуа,

Уи нэгур гуапэу, уи псалъэр Iущу

ХьэлыфI къэсщтэнкIэ зэи емыша,

Сыт пхуэмыфащэу щыIэр, къызжеIэт,

Уи къару къихьу сыт къэбгъэна?

Псоми зыгуэркIэ сатебгъэкIуэну,

Сыту уэ куэдрэ гугъу  уезгъэхьа!

А псом пэкIуэну, си нанэ (е дадэ) дыщэ,

Сэ пхуэсщIэн хуейуэ куэд си пщэм дэлъщ.

Ауэ мызэкIэ сэ уэ бжызоIэ,

СлъэкIыхукIэ  уи пщIэр лъагэу сIэтынщ.

* **

Си нанэ лъапIэ!

ХэтхъукIынум уи щхьэц  налъэ,

Щрет жьыгъэм и Iэужьу,

КъекIуэн хъумэ нэпс ткIуэпс уи нэм,

Щхьэусыгъуэ ухъу гуфIэгъуэ,

Гузэвэн хуей хъумэ уи гур,

КъыщIрекI ар фIы хъужыну.

КъопIэстхъыну хуежьэм узыр

КъыщIыукI щыIэу и хущхъуэгъуэ,

Бгъэвын хуей хъум нэщхъеягъуэ ,

Нремыс Iей дыдэу узым.

 ***

 «Дадэ (е нанэ ) нэхъыфI дыдэм», - жиIэу тетхауэ

Орден гъуэзэджэ щыIатэм,

Зы цIыкIукIэ сымычэнджащэу,

Ар уэ, си дадэ (е нанэ), уэстынт.

Уэ пхуэдэ псоми яIатэм,

Сабийхэр жыIэдэIуэнт.

Хабзэ, цIыхугъэ яхэлъу,

Дэ псори дыкъыздэхъунт.

Тхьэм утхуигъэпсэу куэдрэ, куэдрэ.

Поделиться: