Ахъмэтыкъуэм и къалэмым къыщIэкIахэр

Урыс-Кавказ зауаем и зэманми, мамыр псэукIэр зэтеувэу щыщIидза япэ махуэхэми лIэнкъэнэну зэпыщIэта лъэпкъхэм я дежкIэ тынштэкъым лъагъумыхъуныгъэ яку дэлъар гъэкIуэдыныр, ауэ, абы къыдэкIуэуи, зэзэуа лъэпкъхэм я цIыхухэм къагурыIуэрт икIэм-икIэжым ахэр Iэмал имыIэу, ар сыт хуэдизу мыхьэлъэми, зэкIужын, мамыру зэдэпсэун зэрыхуейр. ЗэпыщIэта лъэпкъхэм зэхущытыкIэ тэмэм зэрахъуэпсапIэр, лъэныкъуитIми зэхуэдэу абы я фейдэ зэрыхэлъыр нэхъ пасэу къызыгурыIуахэри, къызэрезэгъкIэ, нэхъ хуэсакъыу ар къэзыгъэсэбэпу щIэзыдзахэри лъэпкъхэм ауэ къызэрыгуэкI я цIыхухэрщ.

Профессор ХьэкIуащэ Андрей зэритхыжымкIэ, зэгурыIуэныгъэм пылъ фIыгъуэр пасэу зэхэзыщIа Ахъмэтыкъуэ Къазбэчи лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и телъхьэу мэув, абы и мыхьэнэр нэгъуэщIхэми къазэрыгуригъуэIуэным яужь итщ. Арагъэнущ тхакIуэми къытригъэзэжурэ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм тхыгъэ куэд щIытриухуэр, ар гъэбыдэным щIэбэн цIыхухэм я образ гукъинэжхэр щIызэригъэпэщыр.

Псэм дыхьэ апхуэдэ образ гъуэзэджэм ущыхуозэ «Гъуэгу зэхэкIыпIэ» рассказ гъэщIэгъуэным. Адыгэ къуажэ пхыдза гуэрым урысыбзэ зыщIэу дэсыр Индрис и закъуэт, абы къыхэкIкIи жылэм и тхьэмадэми къуажэдэсхэм къалъыкъуэкI Iуэхухэри зезыхьэр, зэфIэзыхыр а зырт. Уасэ гуэри Iуэху зыхуищIэхэм къазэрыIимыхым, зэман куэд ахэм зэрытригъэкIуадэм я зэранкIэ, ар езыр къулеисызу псэурт. Псоми пщIэншэу яхуэуэчыл а жьэрыIэзэр, Iуэху гуэр иIэу къалэм зыдэкIуэм, гум къиукIуриикIри гъуэгум къытехуауэ телъ къэзакъым зэрымыщIэкIэ хуэзащ. Куэд щIауэ бгырысхэр зылъагъу мыхъу а Максименкэ Индрис ицIыхурти, япэщIыкIэ дэмыIэпыкъуу блэкIыну хэтащ, ауэ, и цIыхуфIагъыр фIытекIуэри, къызэфIигъэтIысхьэщ, зыкъищIэжыхункIэ бгъэдэсри, къыдэшхэну иужькIэ щелъэIум, къыхуидакъым. Бгырыс хабзэм щIапIыкIа Индрис ар къыгурыIуэркъым, и цIыхугъэ къэзакъым зыхуегъазэ: «Мис си ерыскъыр, ар бдэсшхыну сэ сыхэтщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди хабзэм ипкъ иткIэ гъуэгум тетхэр псори зэкъуэшхэщ. Уэ учыристэнщ, фи хабзэмкIэ, сэ ар фIыуэ сощIэ, цIыхум хуэгъэгъун хуейщ, ауэ уэ схуэбгъэгъун дэнэ къэна, укъыздэшхэну зоусыгъуэджэ».

Индрис и ерыскъымрэ псалъэ гуапэ зэрызыхуигъэзамрэ Максименкэ и Iуэху еплъыкIэм апхуэдизу зрагъэхъуэжри, япэм зытеплъэ мыхъуу, дзы мыхъумыщIэхэр зыхужиIэу щыта муслъымэныр и деж ирегъэблагъэ, а тIур ныбжьэгъу зэхуохъу. ГъащIэ екIуэкIым набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ тхакIуэм гу лъетэ бгырыс лъэпкъхэр гугъуехь мыухыжхэм зэрыхэтым. Мамыр псэукIэм хуэкIуа щхьэкIэ, абыхэм ящыщ куэдыр я лъахэм щагъэува хабзэщIэхэм есэхэркъым, яхуэгъэзащIэркъым, абы и зэранкIэ къуаншагъэ, мыхъумыщIагъэ щалэжь, езыхэри я унагъуэхэри бэлыхь мыухыжхэм щыхадзэ куэдрэ къохъу.

Апхуэдэ зы насыпыншэм и образ гъэщIэгъуэн щызэфIэгъэуващ «ТIысыжащ» рассказым. Абы и лIыхъужь Чахъ, и ныбжь апхуэдизу хэмыкIуэтами, Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ зыри имыщIэу тIысыжауэ щысщ, ар лажьэркъым, унагъуэ Iуэхуи зэрихуэжыркъым, Щамил имамым щыщIыгъуам зыхэтахэр игу къегъэкIыж, абы къигъэзэжыным поплъэри куэбжэпэм Iусщ. И хэкум щагъэува хабзэщIэхэр абы фIэкъабылкъым, къищтэркъым, абы и лъахэр трахауэ, щыпсэуми, абы ар имеижу, щищIэжыни щымыIэу къелъытэ. И къуэ дыдэм зэрыжиIэмкIэ, абы иджыри Щамил и мюриду зелъытэж, абы и хъуэпсапIэри зыщ – мызэрэ-мытIэу хьэжыщI зыдэщыIа Мэчэм кIуэуэ абы зыщигъэлIэнырщ.

ПсэукIэщIэ къэунэхуам, мамыр гъащIэ зэтеувам хэмызагъэ бгырыс цIыхум къыщыщI насыпыншагъэхэр нэгъуэщI зы лъэныкъуэкIэ тхакIуэм къыщигъэлъэгъуащ «И хэкум» жыхуиIэ рассказым. Абы и лъыхъужь Гъабэ и щIалэгъуэм IэщIагъэ хуэхъуа дыгъуэныр сыт имыщIэми IэщIыб хуэщIыркъым, къыхуэгъанэркъым, щхьэгъусэ, бын зыгъуэта щIалэм мамыр гъащIэм и нэ къыхуокI. ПIалъэшхуэкIэ зэрыхуэ лъэхъуэщми ар нэхъыфI щыхъуркъым, залымыгъэ, цIыхугъэншагъэ абы щызекIуэхэм ар нэхъри нэхъ ирагъэкIакIуэ, щыпсэу къэралыгъуэми, абы ис цIыхухэми, езы гъащIэ дыдэми гущыкI хурегъэщI.

Абы зэрыжиIэмкIэ, хьэпсым цIыхур зэригъэпэщыжыркъым, атIэ апхуэдэ насыпыншэм фIыуэ хэлъахэр абы IэщIех, тутнакъхэм я нэхъыбэм гущIэгъуи цIыхугъи зыхэмылъ лIыукI къощIыкI. Гугъэ IэфI Гъабэ иIахэр хуэгъэзащIэркъым, псэкIэ зыхуэпэж и унагъуэри зэтокъутэ, зыхэт гъащIэм къалэну абы къыщыхуэнэжыр лъыщIэжыныгъэ гъуэгу жагъуэм аргуэру теувэжынырщ.

Ахъмэтыкъуэ Къазбэч и рассказ куэдым Iэзагъышхуэ хэлъу къыщыщIэгъэщащ пащтыхь судым кIэ зимыIэж лей зэрихьэр, абы и лэжьакIуэхэр пэжым тету зэрымылажьэхэр, ахъшэ, мылъку зыбгъэдэлъхэм сытым щыгъуи я Iуэху зэрыдэкIыр, пащтыхь тутнакъэщым гущIэгъуи цIыхугъи зэрыщыземыкIуэр, нэхъыщхьэжыращи, а псомкIи тхакIуэм игъэкъуаншэр пащтыхьымрэ абы и блыгущIэт щхьэхуещэхэмрэщ.

Бгырыс гъащIэм гъунэжу хэлъ ныкъусаныгъэхэр тхакIуэм елъагъу, къыгуроIуэ хабзэ абы щыгъэувахэм цIыху къызэрыгуэкIыр зыхуей-зыхуэфIхэр къазэрыхузэрамыгъэпэщыр, къулеисызыгъэм зэрыхамыгъэкIыр, дэкъузэныгъэ хьэлъэм зэрыдагъэтыр. Абы и хэкIыпIэ хъунухэр иджыкIэ къыхуэмыгъуэтми, тхакIуэм и щхьэ течауэ къыжеIэ апхуэдэу дяпэкIэ упсэу зэрымыхъуныр, цIыху щIыхьым ар зэремызэгъыр.

А гъащIэм щытепщэр пцIыщ, залымыгъэрщ, абыхэм я удынри нэхъыбэу зытехуэр, зылъысыр бгырыс гугъуехьакIуэ цIыхубэрщ. ТхакIуэр зи телъхьэр, зи лъэныкъуэр мыгъуэм хэмыкIыу ягъэпсэу тхьэмыщкIэхэрщ, абыхэм яхуищI пщIэр, яхуиIэ лъагъуныгъэр ибзыщIыркъым, и тхыгъэхэм языхэзми ар IупщIу хыболъагъуэ.

Урысей къэралыгъуэм и щытыкIэ нэсыр, бгырыс къызэрыгуэкIхэм я псэукIэм и хьэлъагъыр, и дыджагъыр художественнэ Iэзагъышхуэ хэлъу тхакIуэм къыщигъэлъэгъуащ «Пэжым и лъыхъуакIуэ» рассказ телъыджэм. Зэ еплъыгъуэкIэ IуэрыIуатэми литературэми я Iэмалыр къызэрыщыгъэсэбэпам тIэкIу укъагъэуIэбжьми, абы щIагъыбзэ куу щIэлъщ, екIуэкI гъащIэм и щытыкIэ тэмэмыр бзыщI хэмылъу къыщыгъэлъэгъуащ, реализмэм и хабзэхэм тету ар тхащ.

ФIыуэ илъагъу и хъыджэбзым – Гуэщхужь – и лъэIукIэ зи лIыгъэкIэ зэрыщыту Кавказым щыцIэрыIуэ Хьэджымыкъуэ йожьэ, дунейм пэж тетрэ темытрэ зэхигъэкIыну. Илъэс нэблагъэкIэ пэж лъыхъуэу Кавказ Ищхъэрэр къызыхэзыкIухьа зекIуэлIыр и нэгу щIэкIар и щхьэм дэуея рэ нэщхъейуэ и къуажэм къегъэзэж. Ар щыIащ къэрэшейхэм, къэбэрдейхэм, нэгъуейхэм, шэшэнхэм, осетинхэм, балъкъэрхэм я деж, ауэ апхуэдиз гъуэгуанэ щIызэпича пэжым и лъэужь ар техьакъым. Ар зыдэщыIа щIыпIэ псоми зылъэкIым зылъэмыкIым и лэжьыгъэр хьэкъыншэу фIешх, зыдалъхуахэр мылъку щхьэкIэ зэроукIыж, къулыкъурэ дамыгъэрэ щхьэкIэ цIыхугъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ йопцIыж, судыщIэм мысэр егъэзахуэри лажьэ зимыIэр егъэтIыс, хабзэфI щыIахэр зэрахьэжыркъым, псоми щхьэщэ зыхуащIыр, зи унафэ едаIуэр дыщэрщ.

Хьэджымыкъуэ къихьа гухэщI хъыбархэр зэрыпэжым, егъэлеиныгъэ зэрыхэмылъым и къуажэгъухэри щыхьэт тохъуэ, ар зыгъэбыдэ щапхъэ зыбжанэ езыхэми ягу къагъэкIыж, къахь. Ауэ а псоми жаIэр зыфIэмыкъабыл зы лIыжь гуэр абыхэм къахокI. Абы къызэрилъытэмкIэ, пэж щымыIэпIэ иIэкъым, арыншамэ, дунейр къутэжынущ. А Iуэхум и зэхэгъэкIыным нэхъ куууэ егупсыса Гуэщхужь нэхъ пэжу зэхигъэкIащ Хьэджымыкъуэ къихьа хъыбарым щIэлъ щIагъыбзэр. А пщащэм къызэрихутамкIэ, фIыуэ илъагъу и щауэм къихьащ пэж зэрыщымыIэм и пэжыр. Зыщыпсэу къэралыгъуэм, зыхэт гъащIэм пцIы фIэкI зэрыщыземыкIуэр а зэманым жыпIэныр тынштэкъым, псэзэпылъхьэпIэт, ауэ зыми фIэмылIыкIыу, и щхьэр течауэ ар зырыжиIыфам белджылы къыпщащI тхакIуэр Iуэху еплъыкIэ тэмэм зэрытетар.

Къбарт Мирэ.

 

Поделиться: