ЛIам унафэ ищIыжыркъым

Хъыбар зиIэ псэлъафэхэр

Къэзанокъуэ Жэбагъы щылIэм и щхьэгъусэр бгъэдыхьэри еупщIащ:

- Сэ дауэ сыпсэуну, сыт унафэу къысхуэпщIрэ?

- Сэ уи унафэ сщIыну си Iуэху пхэлъыжкъым. ЛIам унафэ ищIыжыркъым. Уи унафэр фыз хьэдагъэм щащIынщ, - къыжриIащ, «узратыжынур фыз хьэдагъэм щыжаIэнщ» къригъэкIыу.

 

Сыкъаплъэмэ, фэракъэ слъагъунур!

ЛIыжьыр и псэм еджэу телът, и къуэжьхэр къеувэкIауэ щхьэщытт. ЛIыжьыр и къуэхэм яхуэарэзытэкъым.

- Уэ, ди адэ, моуэ уи напIэ зэтехи, тIэкIу къаплъэт! - щыжраIэм:

- Сыкъаплъэмэ, фэ цIапIэ къомыракъэ слъагъунур! – жиIащ лIыжьым.

 

ТхьэмыщкIэр ди деж къэмыкIуэмэ, дэнэ кIуэн?

Увжыкъуэ лIыжьым пхъурылъхум къилъхужауэ зы Iыхьлы гуэр яшауэ иIэт. А лIыжьым фIэкIа абы ади, ани, Iыхьлыи иIэтэкъым.

Зэгуэрым дыщ палъэу иIэ лIыжьым деж пхъурылъхур къэкIуэжащ.

- Гуащэпагуэ къокIуэж! – жраIащ лIыжьым.

- Сыт къэзыхужыр, емынэм къихужрэ? – жиIэу лIыжьыр хъущIащ.

- Мати пхъуанти иту зэгъэпэщауэ гукIэ къашэж! – щыжраIэм:

- Фыжи, куэбжэр Iуфх, тхьэмыщкIэр ди деж къэмыкIуэмэ, дэнэ кIуэн? – жиIащ лIыжьым.

 

Уэ укъыщаша махуэр нэхъ гукъутэгъуэшхуэт…

ЗэтIуанитIым я лIыр лIауэ ягъейрт.

- Нобэрей махуэр сыту гукъутэгъуэшхуэт! – гъуэгыурэ нэхъыщIэм щыжиIэм:

- Уэ укъыщаша махуэр нэхъ гукъутэгъуэшхуэт нобэ нэхърэ, - жиIащ нэхъыжьым.

 

Пэжымрэ пцIымрэ я зэхуакур

- ПцIымрэ пэжымрэ сыт я зэхуаку, Жэбагъы? – жаIэу щеупщIым:

- ПлIалэщ! – итащ жэуап.

- Ар дауэ? – щыжаIэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы и IэпхъуамбиплIыр и нэмрэ и тхьэкIумэмрэ я зэхуакум дилъхьэри:

- Мыракъэ пэжымрэ пцIымрэ я зэхуакур? Нэм илъагъур пэжщ, тхьэкIумэм зэхихыр пцIыщ, сыту жыпIэмэ, ялъагъур зэрамыхьэкIыу зэи яIуэтэжыркъым, - къажриIащ.

 

Ахъмэт и фо изщ

Къущхьэхъу щIыпIэм щыIэщ АхъмэткIэ зэджэ бгы лъагэ. Абы и джабэм апхуэдизкIэ бжьэ куэд исщи, абыхэм ящI фор гъэми щIыми бгы гъуанэм къитIэтIу изу жаIэ. Ауэ бгыр апхуэдизкIэ лъагэщ, задэщи, фор къипхыну Iэмал хуэбгъуэтыркъым.

«Ахъмэт и фо изщ» псалъэжьри абы къытекIащ. УлъэмыIэсмэ, къыпIумыхуэмэ, сыт и мыхьэнэ жыхуиIэщ.

 

 

 

 

Поделиться: