«Дахэнагъуэ»

Драматург цIэрыIуэ Акъсырэ Залымхъан и тхыгъэхэм «Дахэнагъуэ» пьесэр я фIыпIэу зэрыщытым шэч хэлъкъым. Абы нэхъ наIуэ къыщыхъуащ Акъсырэм и драматургием хэлъ хьэлэмэтагъхэр.
Дахэнагъуэ и таурыхъыр лIэщIыгъуэ кIыхь Iэджэм къызэпхрахащ адыгэхэм. Зыми ищIэркъым абы и ныбжьыр здынэсыр, апхуэдизкIэ ар жыжьэ къыщожьэри. Жыжьэ къыщежьэми, таурыхъ телъыджэр цIыхубэм я гум зэи ихуакъым. ИхункIи Iэмал иIакъым: ижь-ижьыж лъандэрэ щIозэу цIыхубэр насыпым, зы махуи дэкIакъым абы папщIэ цIыхубэр бэнэныгъэ гуащIэм хэмыту. Аращ Дахэнагъуэ и таурыхъыр – насыпым и тхыдэр – псэ быдэрэ уахътыншэрэ щIэхъуар. Насыпым щIэхъуэпс дэтхэнэми и гум щигъафIэрт ар. ЩигъафIэрт, цIыхубэр насыпыфIэ, щхьэхуит, лъэщ зэрыхъунур ищIэрти.
Насыпым и лъыхъуакIуэ хахуэм – Джэримэс – дэплъейрт дэтхэнэ мэкъумэшыщIэ щIалэри, гуащIэрыпсэухэр зэрыгушхуэ бэнакIуэт ар. Дахэнагъуэ и хъыбарыр ноби щызэхэпхынущ дэтхэнэ адыгэ унагъуэми. Зэгуэр абы щIапIыкIыу щытащ щIэблэр; а щIэблэр насыпым и бэнакIуэ хъункIэ гугъэрт а таурыхъыр махуэ къэс зыIуатэ, гукIэ зыхъумэ тхьэмадэ жьакIэхухэр. Апхуэдэ тхьэмадэхэм ящыщ гуэрым дежщ Дахэнагъуэ и хъыбар телъыджэр Акъсырэ Залымхъан щызэхихар.
Драматургым игу къигъэкIыжырт: «Таурыхъым апхуэдизкIэ ситхьэкъуати, сепIэщIэкIри, зэрызэхэсха дыдэм хуэдэу поэмэ къыхэсщIыкIыгъащ. Иужьым сэ гу лъыстэжащ Дахэнагъуэрэ Джэримэсрэ сценэм щыгъэлъэгъуэн зэрыхуейм: цIыхубэм и пащхьэм къихьэн хуейт насыпымрэ абы и лъыхъуакIуэмрэ».
1942 гъэм драматургым итхат «Дахэнагъуэ» пьесэм и япэ вариантыр. Ауэ иужькIэ мызэ-мытIэу зэригъэзэхуэжын хуей хъуащ: пьесэм и япэ вариантым насыпым и лъыхъуакIуэ щIалэм – Джэримэс – и образыр нэщIыса щыхъуатэкъым. 1956 гъэм драматургым щIэрыщIэу итхыжащ «Дахэнагъуэм» и кIэухыр; абы и ужькIэ Джэримэс ди пащхьэ къиуващ цIыхубэм папщIэ гъащIэр зытыфын бэнакIуэ къызэфIэмыщIэжу. ЦIыхубэм и гуращэр зэрыдахэр, абы и хъуэпсапIэр зэрынэхур, насыпым
щIэбэн зэпыту ар къызэрыгъуэгурыкIуар зыхозыгъащIэ образщ Дахэнагъуэ. Апхуэдэущ ар Акъсырэм и драмэми зэрыщытлъагъур.
Акъсырэм и драмэм и бзэр шэрыуэщ, псалъэ жанхэмкIэ гъэнщIащ; абы гъунэжу ущрохьэлIэ псалъэжьхэм, псалъэ хъуэрхэм, щIагъыбзэхэм. Гу лъытэн хуейщ дэтхэнэ персонажми езым и псэлъафэ зэриIэжым. Псалъэм папщIэ, Джэримэс и бзэр гъэхуащ, къабзэщ, лантIэщ, IупщIщ; и гурылъыр иIуэтэн шынэркъым ар, аращ и гурылъыр зэриIуатэ бзэри щIэшэрыуэр.
«Дахэнагъуэ» драмэр Къэбэрдей драматургием и фIыпIэхэм хабжэ; тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ лъабжьэ хуэхъуами, ар гупсысэкIэ нобэрей махуэм и благъэ дыдэщ. Аращ Акъсырэм и драмэ гъуэзэджэр лъэужьыншэ щIэмыхъунур.

 

Къартул Хьисэ.
Поделиться: