Литературэ

АдыгэбзэкIэ къыдопсалъэ

Франджы тхакIуэ Антуан де Сент-Экзюпери и «Пащтыхьыкъуэ ЦIыкIу»-р («Маленький принц») зэман псоми пэджэж тхылъщ. Абы къыщыбгъуэтынущ махуэ къэс дызрихьэлIэ упщIэ куэдым я жэуапхэр. Гупсысэ нэхъыщхьэу абы щыпхрышар лъагъуныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ я мыхьэнэр нэсу къызыгурымыIуам пщIэрэ дзыхьрэ щытепщэ дунейми къызэрыгуэкI цIыхухэми я дежи бгъэдыхьэкIэ тэмэм зэрахуимыIэфынурщ. «Нэхъыщхьэ дыдэр нэкIэ къыхуэлъагъунукъым, - жеIэ Экзюпери, - набдзэгубдзаплъэр, жыжьаплъэр гум и закъуэщ…» ТхакIуэм и псалъэхэм щыхьэт тохъуэ и IэдакъэщIэкIри.

Къыпэувыр куэдми, цIэрыIуэ хъуащ

Жызумейхэмрэ жыг хадэхэмрэ къаухъуреихьа Неккар псым и Iуфэм Iусщ Германием и Марбах къалэ цIыкIур. А къалэм 1759 гъэм щэкIуэгъуэм и 10-м къыщалъхуащ Германием и лъэпкъ усакIуэшхуэ Иоганн Кристоф Фридрих Шиллер. Абы и гъащIэмрэ и творчествэмрэ теухуауэ Уэрэзей Афлик итхахэмрэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIа и усэхэмрэ тыдодзэ нобэрей къыдэкIыгъуэм.

ТхакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ

Дуней псом щыцIэрыIуэ тхакIуэ, гупсысакIуэ, дин узэщIакIуэ, литературэмкIэ Нобель и саугъэтыр хуэфащэу къалъытэу плIэ къагъэлъэгъуа, ауэ зрамыта Толстой Лев къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 195-рэ ирикъуащ. 
Толстой Лев 1828 гъэм фокIадэм и 9-м Тулэ губернием хыхьэ Ясная Полянэ щIыналъэм къыщалъхуащ. Ар унагъуэм и еплIанэ сабийт. Лев и ныбжьыр илъэситI иримыкъупэу, 1830 гъэм и анэр фIэкIуэдащ, илъэсибгъу щыхъум и адэри лIащ. Благъэхэм  я нэIэ къытетащ сабиитхум.

Адыгэ сабий джэгукIэхэм ящыщщ

Адыгэм езым и сабий гъэджэгукIэ, и щIэблэ гъэсэкIэ иIэжурэ къэгъуэгурыкIуащ. Куэд мэхъу джэгукIэхэр. Абыхэм цIыкIухэр ягъасэрт я акъылыр жану, хэлъэт къызыкъуахыу. Хабзи къыхахырт. ЩыIэщ гъэмахуэм нэхъ хуэкIуэ джэгукIэхэри, щIымахуэм нэхъ тещIыхьахэри. Адыгэм пасэ лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуа джэгукIэхэм ящыщщ «кIэн джэгу» жыхуэтIэр. КIэнкIэ зэджэр мэлым и кIэбдз къэшыпIэм хэлъ къупщхьэ цIыкIурщ. ДжэгукIэр сэбэпщ цIыкIухэр гупсысэу, шэрыуэу, жану щытынымкIэ.

Зы махуи лэжьыгъэр зэпигъэуакъым

Адыгэхэм пщIэ хэха яхудощI ди анэдэлъхубзэр джыным, абы зиужьыным елэжьа ди мылъэпкъэгъу щIэныгъэлIхэм. Апхуэдэхэм ящыщщ Чикобавэ Арнольд Степан и къуэр - куржы бзэ щIэныгъэлI цIэрыIуэр, профессорыр, лингвист-теоретик лъэщыр, иберий-кавказыбзэхэр джынымкIэ IэщIагъэлI телъыджэу щытар. ЗэфIиха лэжьыгъэшхуэмкIэ Чикобавэ и цIэр ди бзэ щIэныгъэ тхыдэм къыхэнащ. Абы теухуауэ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Тау Хьэзешэ етхыж: «Сэ си насыпым къихьащ а еджагъэшхуэр сцIыхуну. Чикобавэ Арнольд 1898 гъэм и гъатхэпэм Сачикобао къуажэм (Куржы) къыщалъхуащ. 

Тхыгъэ кIэщIхэр

Щытхъуащ 
- СщIа сурэтхэр плъэгъуа?
- Слъэгъуащ.
-АтIэ дауэ къыпщыхъуа?
- Шырыкъу Хъызыр ейхэм нэхърэ нэхъыфIщ.
- Iагъу, ар дауэ? Шырыкъум сурэт ищIыркъым.
- Сэри аращ щIыжысIэр.
 
Чэзу зимыIэ щыIэкъым

Шыхъуэмрэ пщымрэ

Iуэтэж
Къармэхьэблэ и пщым ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч и деж хъыбарегъащIэ къигъэкIуат, молдованхэр адыгэ хэкум къеуэну иужь зэритыр къыжриIэн хуейуэ. Ауэ, ХьэтIохъущокъуэр дэстэкъыми, хъыбарыр абы и шыхъуэ Шурдым Пщымахуэ хуиIуэтащ. «Пщым схужеIэж», - апхуэдэу елъэIури, ежьэжащ.
ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч гъуэгу техьэху Пщымахуэ гъусэ хуэхъурт, абы и хьэпшып куэд и шым кIэрыщIауэ хуигъэIэпхъуэрт. Ауэ мы зэм…
Пщыр къэсыжу хъыбарыр щыхуиIуэтэжым, шыхъуэр гъусэ хуэхъун хуейуэ абы унафэ ищIа щхьэкIэ:

ФIы щIэныр емыкIуу къалъытэу ара?

Ди лъэпкъым и хабзэ дахэхэм ящыщщ зыхуэзэфIэмыкIым, тхьэмыщкIэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъуныр. IуэрыIуатэми тхыдэми къыхощыж абыхэм я щапхъэ куэд. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэрей дунейм нэхъыбэу щытлъагъур нэгъуэщIщ, цIыхухэм IэщIыб ящI я адэжьхэм лIэщIыгъуэкIэрэ яхэлъа хьэл-щэныр. ПсапэкIэ ирикъуа щыIэ, хьэмэрэ фIы щIэныр емыкIуу къалъытэу ара? ГурыIуэгъуэкъым цIыхухэр гущIэгъуншэ щIэхъур.

Бунин Иванрэ ЛIыкIуэ лъапIэмрэ

 ЛIыкIуэ лъапIэм и щхьэгъусэ Сафия и лъэпкъкIэ журту щытащ. Журтхэмрэ муслъымэнхэмрэ щызэзэуа Хъэйбар зэпэщIэтыныгъэм гъэру щаубыда цIыхубзхэм яхэту, ЛIыкIуэ лъапIэм и пащхьэ ирашат ар. 

Къалэн хьэлъэ

Къэбэрдей щIэблэщIэр къызэрыушар, лъагъуэщIэ зэрытеувар, хэпщIыкIыу и зэхэщIыкIым зэрызиужьар тхакIуэм Уэсмэн и образ закъуэмкIэ къыдигъэлъэгъуамэ, фIэщ тщымыхъункIэ е лъэпкъым абы и закъуэпцIий къыхэкIауэ къытфIэщIынкIэ хъунт. Ауэ абы гъусэ зэрикуэдыр, езым нэмыщI и къуажэм нэгъуэщIхэри къызэрыдэкIар наIуэ къытщищIын папщIэ, тхакIуэм и драмэм щызэфIегъэувэ Уэсмэн и ныбжьэгъу зыкъомым я образ гукъинэжхэри.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ