Къыпэувыр куэдми, цIэрыIуэ хъуащ

Жызумейхэмрэ жыг хадэхэмрэ къаухъуреихьа Неккар псым и Iуфэм Iусщ Германием и Марбах къалэ цIыкIур. А къалэм 1759 гъэм щэкIуэгъуэм и 10-м къыщалъхуащ Германием и лъэпкъ усакIуэшхуэ Иоганн Кристоф Фридрих Шиллер. Абы и гъащIэмрэ и творчествэмрэ теухуауэ Уэрэзей Афлик итхахэмрэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIа и усэхэмрэ тыдодзэ нобэрей къыдэкIыгъуэм.

«Фридрих Шиллер и сабиигъуэм дихьэхауэ едаIуэрт полкым и фельдшеру щыта и адэм езыр зыхэта зауэ зекIуэхэм, унагъуэр зыхуей хуэзэу псэун папщIэ анэм игъэва гугъуехьхэм, куэдрэ Iэпхъуэшапхъуэн хуейуэ къазэрыхудэкIам теухуауэ къиIуэтэж хъыбархэм.

УсакIуэм и сабиигъуэр узыщыгуфIыкIыщэн зыхэмылъ жыхуаIэм хуэдэу екIуэкIащ. Абы щыгъуэ Германиер щхьэж и Iуэху щызэрихуэж къэралыгъуэ цIыкIуурэ зэпыудауэ щыщыта лъэхъэнэт. Апхуэдэ зы щIыналъэ мыинт Шиллерхэ я унагъуэр щыпсэуа, щхьэзыфIэфI Карл-Евгений герцог залымым и унафэм щIэта Вюртемберг герцогствэри. 1777 гъэм герцогым и унафэкIэ Шиллер зауэ еджапIэ хэхам щIагъэтIысхьащ, иужьыIуэкIэ ар Карл и Академие хъуащ. ЕджапIэм хабзэ ткIий щызекIуэрт. Казармэхэм я теплъэ хьэлъэри хабзэ ткIийхэри зэран хуэхъуфакъым ныбжьыщIэм и псэр усыгъэм хуэушэным.

Шиллер Шекспир и тхыгъэхэр дихьэхыу едж, езым и лъэхъэнэгъу цIэрыIуэ Гёте и драматургием куууэ зыхегъэгъуазэ. Академием литературэ Iуэху щызепхуэну хуит ущащIыртэкъым. Апхуэдэхэм тезыр ткIий тралъхьэрт. КIэлъыплъакIуэхэм закъримыгъащIэу, зигъэпщкIуурэ Шиллер усэхэр, пьесэхэр итхырт. 1776 гъэм литературэ альманах гуэрым къытрадзауэ щытащ Шиллер и IэдакъэщIэкIхэу ди зэманым къэсахэм ящыщ зы усэ «Пщыхьэщхьэ» жыхуиIэр. А зэман дыдэрщ Шиллер «ХъунщIакIуэхэр» драмэми елэжьын щыщIидзар. Шиллер зэрытхэм еджапIэм и унафэщIхэр игъэгубжьырт. Аращ Фридрих и диплом лэжьыгъэр, «Философиемрэ физиологиемрэ» жыхуиIэр, мыхъуауэ Карл-Евгений герцогым къыщIилъытар икIи ныбжьыщIэр иджыри зы илъэскIэ Академием щеджэн хуейуэ унафэ щIищIар. Ауэ усакIуэ ныбжьыщIэм и гущIэм щызэхэна усыгъэ мафIэр бгъэункIыфIыныр мытыншу къыщIэкIащ. Хуитыныгъэм хуэпабгъэ, залымыгъэм теплъэ мыхъу усакIуэ щIалэм нэхъри ерыщу елэжьу щIидзащ и гурыщIэхэр къыщиIуэта «ХъунщIакIуэхэр» драмэм икIи ар псынщIэу и кIэм нигъэсащ. Илъагъу мыхъу Академиер къиухри, мазэ зытIу нэхъ дэмыкIауэ, а пьесэр 1781 гъэм и накъыгъэм дунейм къытехьащ икIи дунейпсо драматургием и нэхъыфIыпIэхэм халъытащ. 1782 гъэм и щIышылэм драмэр щагъэуващ Мангейм - Баден маркграфствэм - и щэнхабзэ, экономикэ IуэхущIапIэ цIэрыIуэм. Нэмыцэ цIыху пэрытхэм а лъэхъэнэм, Энгельс и псалъэкIэ жыпIэмэ, «зэман нэхъыфI къэкIуэнымкIэ я гугъапIэ закъуэр зыхалъагъуэр литературэрат». Ахэр дэрэжэгъуэшхуэкIэ IущIащ Шиллер и япэ пьесэм.

Иджыри къыздэсым зыми ямыцIыхуа тхакIуэ ныбжьыщIэр Германиеми нэгъуэщI щIыпIэхэми зэуэ цIэрыIуэ щыхъуащ. «ХъунщIакIуэхэр» драмэр щхьэхуитыныгъэмрэ абы щIэзэухэмрэ я гимн пэлъытэ хъуащ. А лъэхъэнэрщ Шиллер щитхар щхьэхуитыныгъэм щIэзэун гупсысэкIэ гъэнщIа, цIыхубэм япхъуэта, гъэпщылIакIуэхэр зыгъэкIэзыза усэ куэд. Ахэр псори къытрадзащ «1782 гъэм и антологие» усыгъэ тхылъым. «ХъунщIакIуэхэр» драмэм и ехъулIэныгъэм нэхъри игъэгубжьащ арыншами усакIуэ ныбжьыщIэ сампIэимыхьэр зылъагъу мыхъу герцогыр. И пьесэр зэрагъэува щIыкIэм еплъыну Шиллер Мангейм щыкIуам Карл-Евгений ар игъэтIысри, унафэ ткIии ищIащ усакIуэр Вюртемберг герцогствэм и гъунапкъэм ебэкъуэну, апхуэдэ дыдэуи зыгуэр итхыну хуимыту.

Шиллер быдапIэ лъэхъуэщым ираубыдэнкIэ шынагъуэ къыкъуэкIащ. 1782 гъэм и фокIадэ мазэм пщыхьэщхьэу Шиллеррэ и ныбжьэгъу музыкант Штрейхер Андреасрэ кIуасэри щэхуу Мангейм кIуахэщ. Мангейм театрым и унафэщI, егъэлеяуэ зызыгъэпагэ барон фон Дальберг «ХъунщIакIуэхэм» спектаклым фейдэшхуэ къыхуихьами, абыхэм нэщхъыцэущ къазэрыIущIар.

«Фиескэ Генуе щищIа зэгурыIуэныгъэ щэхур» пьесэщIэм Мангейм театрым и актерхэм къазэрыхуеджами, Шиллер дэрэжэгъуэ нэхъ къритакъым. Актерхэм пьесэр ягу ирихьыщакъым. Шиллер и Iуэхум узыщыгуфIыкIын хэлътэкъым - ахъшэншэрэ зыкъуэпсэукIын имыIэу, и закъуэу хамэ къалэм къыдэнат. Шиллер и ныбжьэгъу Штрейхер иIыгъа ахъшэ тIэкIур куэдрэ урикъунт, псынщIэу къаIэщIэухащ. Аванс къритыну Дальберг елъэIуат, ауэ къигъэщIэхъуащ. Сытми, зыкъомрэ гугъу дехьауэ, Шиллер «Фиеско» пьесэр къытрыригъэдзащ, ауэ абы къыпэкIуа ахъшэр и щIыхуэхэр итыжыну ирикъуа къудейщ. И насыпым кърихьэкIри, Шиллер Мангейм щыхуэзащ пщы гуащэ фон Вольцоген, ар Шиллер Академием къыдыщIэса и ныбжьэгъу гуэрым и анэт. ЦIыхубзым Шиллер иригъэблагъэри, усакIуэр абы и къуажэм кIуащ икIи, Карл-Евгений герцогым зыкъримыгъэщIэн щхьэкIэ, и унэцIэр ихъуэжащ. Иджы, ахъшэ къэлъыхъуэным хэмытыж Шиллер хуиту литературэ лэжьыгъэм зритащ. А зэманырщ абы щитхар хъыджэбз къулейсызым уэркъ цIэрыIуэм хуищIа лъагъуныгъэ насыпыншэм теухуа «Луизэ Миллер» пьесэщIэр.

А лъэхъэнэм нэмыцэ актерхэм я нэхъ лъэщ дыдэу щыта Иффланд и чэнджэщкIэ, Шиллер «Бзаджэнаджагъэрэ лъагъуныгъэрэ» зыфIищыжа «Луизэ Миллер» 1784 гъэм ягъэуващ. Энгельс зэрыжиIауэ щытащи, «Бзаджэнаджагъэмрэ лъагъуныгъэмрэ» феодал властхэм щысхьыншэу ягъэпщылI цIыхубэм хуитыныгъэ гуэри зэрамыIэм теухуа япэ политикэ драмэщ». Шиллер и творчествэм, абы урыс тхылъеджэм дежкIэ иIэ мыхьэнэм тетхыхьахэщ Белинский, Добролюбов, Чернышевский, Салтыков-Щедрин сымэ. УсакIуэ уахътыншэм и тхыгъэхэр урысыбзэкIи, ди къэралым щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэм я бзэхэмкIи зэрадзэкIащ. Иужьрей илъэсхэм Шиллер сымаджэрилэурэ екIуэкIащ. И тхьэмбылым щIыIэ хыхьэри, и ныбжьыр илъэс 45-м иту усакIуэр 1805 гъэм и накъыгъэм дунейм ехыжащ».

 

Нэхумрэ хуабэмрэ

Дунейм къыщытехьэкIэ цIыхур,

ИгъэгуфIэу гугъапIэ нэхум:

Щилъагъуну ихъуреягъкIэ

И хъуэпсапIэфIхэр щIэкIыу нэгум

ЩилъагъункIэ гугъэу мы щIыгум -

Мурад дахэр щыушэу и псэм,

Прехьэжьэ пэжым фIэхъусыр.

Ауэ куэд дэмыкIыу, къызэрищIэу

Ихъуреягъыр пцIыIуэпцIышэ защIэу.

Мурад ещIыр химыгъэтIасэу,

Iэмал иIэм къригъэлыну и псэр,

И мыл чэщанэ пагэу закъуэныгъэм

IункIыбзэ етакIэ щIегъэпщкIуэж и лъагъуныгъэр.

Пэжым и нурхэр къыщIолыдыкI чэщанэм,

Дэтхэнэ бзийри дэп жьэражьэу къызэщIэнэу.

И насыпщ дуней щэхур къэщIэным,

И гур щIимыту къызыхуэнэм.

Мы ди гъащIэр мыл щIыIэ зыхэсым

Уи хъуэпсапIэм и нурхэр хэгъапсэ!

Бгъуагъымрэ кууагъымрэ

Зызыгъэпакъэ куэд ецIыхур гъащIэм,

Псалъэр зэрыщагъэтыж ямыщIэу,

Я Iуэху зыхэлъи зыхэмылъи тепсэлъыхьу,

Лажьэ зимыIэм мыхьыр ирагъэхьу.

УедаIуэмэ абы я жыIэм,

Къыпщыхъунущ фIы дунейм щымыIэу.

Апхуэдэхэр йохыжыр дунейм щэхуу,

Псэуми лIами зым къафIэмыIуэхуу.

ЩIэхъуэпсам ищIыну унагъуэ,

Адэ хъуным щIэхъуэпсу,

Пасэу къэзышам щхьэгъусэ

ЗигъэпIииныр фIэуэиму,

Зэхуехьэс псэуху къарухэр щыму.

Жыг лъадийр докIей уафэм нэсу,

Къудамэ щхъуантIэхэм дыгъэпс къапхыпсу;

Тхьэмпэхэр мэсыс, сагъызыр къапхывыкIыу,

Ауэ жыгым пхъэщхьэмыщхьэ къыпымыкIэ.

Жэщыр теIубауэ жылэр халъхьэм щIым,

Жыг къокIыкI, телъу мэзым и напщIэм.

ГугъапIэ

Дунейм тетыху мэгугъэ цIыхур

ГъащIэр къигъэIурыщIэну.

Игу ирелъхьэжыр мурад нахуэу

Къыхуиухар насып натIэ ищIыныр.

Насыпыншагъэм и лъэужьым

Насып къиувэурэ зэкIэлъхьэужьу

Махуэхэр макIуэ, ежьэу нэхъыфIым,

КIапсэлъэрышэрэ загъэIумпIафIэу.

ЦIыхур гъуэгум тезышэр гугъапIэрщ,

ЗыгъэнэщхъыфIэр аращ сабийр,

ЩIалэр егъаплъэ гъащIэ дыгъапIэм,

Щигъэгугъ защIэу и дыгъэ бзийм.

Уахътыншэу цIыхум кърит гуращэр

Йогъуалъхьэр лIыжьым щIыгъуу кхъэ мащэм.

ГугъапIэ нэпцIкъым сабийм и гъусэу

Гущэм хэлъ гугъэр щIыхыхьэр и псэм.

Тхьэгурымагъуэу къыджеIэ ди гум

Дынэсыфыну насыпым и щыгум!

Абы ди гущIэм мафIэ щищIыр

Къытхуоблэр ужьыхыж имыщIэу.

Дохъушокъуэ Синэ.

Поделиться: