Нэгурэш-шоколад

Ещанэ Iыхьэ
 

1
 - И причом тут адыгэбзэ? Европэр нэхъ культурнэххэщ! 
 - Нэхъ культурнэщ, я бзэм хопсэукIыжри! 
 - Бзэр сыт? Нобэ уропсалъэ, пщэдей зыщIыпIэ уоIэпхъуэри, пщогъупщэж, нэгъуэщI зыбогъащIэ. 
 - НэмыцэбзэкIэ упсалъэмэ, нэмыцэ ухъуну? Мис а упщIэм жэуап къетыт! НэмыцэбзэкIэ Iэзэу псалъэ адыгэ цIыхубзу укъэнэжынукъэ?! Хьэм «сэ хьэуэ сыщытынукъым, сыджэдууну сыхуейщ» жиIэмэ, сыт къыщыщIынур? Абы ещхьуращ ари. 
 - Зыми щымышынэу, си пхъур игу зэгъауэ псэумэ, нэхъыбэ сыхуейкъым, - идэркъым мамэ. - «Псэ быдэ Тхьэм ищI» щIыжаIэр сыт? Аращ псом нэхърэ нэхъыщхьэр. 
 - Сэ сыпсэ быдэ? 
 - Умыпсэ быдэмэ, си фэр тепхрэт? – мэдыхьэшх мамэ. - Сыт зэхэпхыну узыхуейр? 
 - Мис а пхужымыIэр! СыпфIэсабиифэщ уэ сыкъызэрыпцIыхурэ, зыкIи укъысщыгугъыркъым. Мыхьэнэ зиIэ псомкIи уи дэлъхум уолъэIу. Пэж хьэмэ пцIы? 
 Мамэ зэуэ щым къэхъуащ. 
 - Уэ къалэдэс хъыджэбзхэм уапикIуэтмэ, сэ къуажэдэс щIалэхэм сохъуапсэ дунейм сызэрытетрэ. ЛIыгъэкIэ игъащIэкIи салъэщIыхьэнукъым, мыIейуэ седжа пэтми. Сэ къэхъуар къызгурымыIуэ щIыкIэ, абыхэм щIэн хуейр ялъагъу. Я адэ-анэхэмрэ езыхэмрэ я зэхуаку дзыхь дэлъщи, я закъуэу забжыжыркъым, апщIондэху зыхуейр зыщIэж цIыху къахокI. Апхуэдэу щIыщытыр пщIэрэ? Къыдалъхуа бзэмкIэ мэпсалъэри аращ.
 

2
 - Урысыбзэ имыщIэмэ, дэнэ Нэгурэш зыщIэтIысхьэфынур? Абдеж къыщедгъэгъажьэ! ЩIэныгъэншэу къэбгъэнэну ара? 
- Сэ сопсалъэ урысыбзэкIэ сфIэфIыбзэу, ирепсалъэ, иреджэ, тхылъ куэду къыхуэщэху, таурыхъ щумыгъащIэ. ИтIани, цIыхур школым зэрыщIэсыр илъэс зыбгъупщIкIэщ. И гъащIэ псор къыпэщылъщ сабийм, насыпкIэ щыгугъыу. Анэдэлъхубзэр лъабжьэщ, абы и щIыIум бзэ дапщэ ухуейми къытегъэувэ. Япэу къепщэ жьым иримыщIыкIын щхьэкIэ, ар имыщIэу хъунукъым. «Сыхэт сэ? Дапхуэдэу сызэрыщытыр?» - жиIэу, зэупщIыжмэ, сыт хуэдэ жэуап зритыжынур? И гъащIэ псор хамэхэм къакIэлъижыхьу ебгъэхьыну? 
Мамэ щымщ. Аргуэру папэ и макъ къоIу:
  - Достоевскэм «Идиот» жиIэу роман гуэр иIэщ... 
  - Сэ тхылъ седжэркъым, бжесIакъэ? 
  - Сыт-тIэ узэрыкъалэдэсым и мыхьэнэр? Щхьэ абыкIэ уадэмыплъейрэ «городскойхэм»? 
 - Городскойхэр еджэ нэхъей! 
 - Жэм къэпшыркъым, цы упщIыркъым, тхылъи уеджэркъым, - увыIэжыркъым папэ. 
  - Торт согъажьэ! Тхылъ седжэу сытIысыжмэ, хэт си заказхэр зыгъэхьэзырынур? 
 Нэгурэш иджы и анэр фIэпсэкIуэд мэхъу. 
  - НэгъуэщI IэщIагъэ уиIэнми пщIэртэкъым, тхылъ уеджэу дакъикъитI ущысамэ. 
 - Си пхъур сэ сэщхьу лIыщIэу дэмытын щхьэкIэщ щIэзгъажьэр, нэгъуэщIкъым! Хэт и тыкуэн е кафе сыщIигъэувэну пIэрэ жиIэу, и Iэр шияуэ псэунущ, адыгэбзэ фIэкIа имыщIэмэ! 
 - Торт ищIми, содэ сэ абы, игурэ и щхьэрэ зэтелъу, ехъулIауэ зибжыжу псэумэ. Хамэбзэ зыщIэм нэхъ тыншу зыкъегъэпцIэжыф, аркъудейщ. Мис, уэ умыгупсысэххэу, зэ Iэбэгъуэм ибохуф си щхьэ куцIым итыр. Адыгэбзэ сэ нэхърэ нэхъыфIу уощIэри, си щхьэр къэзбгъэIэтыркъым, - гушыIэм хуешэж папэ псалъэмакъыр. 
 - Дапхуэдэу къызэрезгъэжьэнур? – мамэ икIуэтын щIедзэ, арати. 
 - Дэпсэу адыгэбзэкIэ, дэшхэ, дэджэгу! «Шыгъу къызэт». «ДжэдыкIэр къысхуэший». «Бжэр гъэбыдэ». 
 Нэгурэш и адэм и макъым етхьэкъу, щIэжынурэ и IэплIэм зридзэнут, ауэ Iэнкунщ. Псэлъэни яухакъым. 
 - ДаIэ Достоевскэм и тхылъыр? Седжэфмэ, сеплъынщ, - мамэ и макъыр зэхэпх къудейщ. 
 - Уемыплъ, сэ бжесIэжынщ. Зэшыпхъуищ хэтщ абы. Махуэ къэс нэгъуэщIыбзэкIэ зопсалъэ. Зы махуэм – инджылызыбзэкIэ, адрейм – нэмыцэбзэкIэ, ещанэм – франджыбзэкIэ, хьэмэ нэгъуэщIыбзэт, сщIэжыркъым. Дэ бзитI къудей зэхуэдэу игъэшэрыуэу тхуегъащIэркъым. 
 Ар жиIэри, папэ щIэкIащ. ЛэжьакIуэ макIуэ. 
 

3
 Арати, папэ и жагъуэ имыщIын папщIэ, Нэгурэш школым кIуэн щIидзэжащ. Мамэ и макъымкIэ псалъэ нэщыпхъуэзехьэм ущыгугъ зэрымыхъунури къыгурыIуащ. 
 Махуэ гуэрым хъыджэбз цIыкIум гъунэгъум екIуэкIа и анэм и телефоныр къещтэри, и ныбжьэгъухэм захуегъазэ: 
 - ФIыуэ слъагъу си IэщIэдзхэ! Шоколад пхуэщIынри фIыщ, ауэ дыщыцIыхукIэ, щхьэж и анэдэлъхубзэмкIэ дымыпсалъэу хъунукъым. Зыр нэмыцэщ, адрейр урысщ, балъкъэрщ е японщ. Сэ сыадыгэщи, адыгэбзэ зэзгъэщIэнущ, фэри абы фыкъыхузоджэ! Дауэ къалэм дыдэсу адыгэбзэ зэрызэдгъэщIэнур, жыфIэнкIи хъунщ. Фымыгузавэ! Сэ сывдэIэпыкъунщ! Иджыпсту жысIэну псалъэухахэр жыфIэж, евгъэтх, зэвгъащIи къысхуевгъэхьыж. «Сэ сыхьэщ, собанэ: хьэу-хьэу! Сэ сыжэмщ, собу: му-у! Сэ сыцIыхущ, сопсалъэ: дауэ ущыт? Сыт хуэдэбзэ сызэрыпсалъэр? Адыгэбзэ. Сыт щхьэкIэ? Сыадыгэщи. Инджылызыр инджылызыбзэкIэ мэпсалъэ. Нэмыцэр нэмыцэбзэкIэ мэпсалъэ. Сэ сыадыгэщи, адыгэбзэкIэ сопсалъэ». 
 Видеор езыгъэтх Нэгурэш «сощIэ» щыжиIэм, и «щI»-р зэрыщытын хуейм ещхьыщэтэкъым, дауи. ИтIани, адыгэбзэ дерсхэм зэрыщIидзэу, пщащэ цIыкIум и IэщIэдзхэм я бжыгъэр хэхъуащ. Езыми къыгурыIуащ шоколадым нэхърэ анэдэлъхубзэр зэрынэхъ IэфIыр. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: