Адыгэ прозэр зыгъэбжьыфIахэр

Зыужьыныгъэ гъуэгуанэ купщIафIэ къызэринэкIащ адыгэ литературэм. 60 гъэхэм ди литературэр лIыпIэ йоувэ. Прозэ зытх тхакIуэхэм я бжыгъэм зэпымыууэ къыхохъуэ, абы и жанрышхуэхэм заужь. Дунейм къытохьэ КIыщокъуэ Алим, Къардэн Бубэ, Нало Ахьмэдхъан, Къущхьэ СулътIан, Мысачэ Петр, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Къагъырмэс Борис, МафIэдз Сэрэбий, Елгъэр Кашиф, Журт Биберд, IутIыж Борис, Хьэх Сэфарбий, КхъуэIуфэ Хьэчим, Мэзыхьэ Борис сымэ я повестхэмрэ романхэмрэ. 

Ди усакIуэ нэхъыфIу зэрыщытам хуэдэ къабзэу, прозэмкIи бжьыпэр зыIыгъар, ехъулIэныгъэ нэхъ ин къэзыгъэлъэгъуар, дауи, КIыщокъуэ Алимщ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ ди литературэр лъагапIэщIэм хуэзыша «Хъуэпсэгъуэ нур», «Эмирым и сэшхуэ», «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ», «Щынэхужьыкъуэ», «Нал къута», «Кхъужьыфэ», «Мазэ къыщIэкIыгъуэ», «Лъапсэ» романхэр, «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» автобиографическэ повестыр. «Хъуэпсэгъуэ нур», «Эмирым и сэшхуэ», «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ» роман-трилогиер теухуащ ди лъахэм Совет властыр зэрыщагъэувамрэ Граждан зауэр зэрыщекIуэкIамрэ. ЕтIуанэ трилогием - «Щынэхужьыкъуэ», «Нал къута», «Кхъужьыфэ» тхылъхэм лъэщу къыщыIуэтэжащ Хэку зауэшхуэр ди къэралымрэ ди щIыналъэмрэ зэрыщекIуэкIар, абы ди цIыхухэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэр, щашэча гугъуехьыр, лъэпкъ  зэмылIэужьыгъуэхэм яку дэлъа гуапагъэмрэ зэныбжьэгъуныгъэмрэ, цIыхугъэ лъагэмрэ къуэшыгъэ нэсымрэ.
«Мазэ къыщIэкIыгъуэ» романыр теухуащ лIэщIыгъуэ блэкIам и кIэхэм хьэрып къэралхэм щыпсэу щIалэгъуалэм я Iуэху зыIутам, абы я псэукIам, я гурыгъу-гурыщIэхэм, IуэхущIафэхэм. КIыщокъуэм IэкIуэлъакIуэу къигъэлъэгъуащ Хьэрып къэралхэм я общественнэ зыужьыныгъэм епха Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр. «Лъапсэ» романым къеIуэтэж Урыс-Кавказ зауэ лъапсэрыхыр зэрекIуэкIа щIыкIэр, абы адыгэ лъэпкъым къыхуихьа нэщхъеягъуэ иныр, хэщIыныгъэ бзаджэр, лъэпкъым къылъыса гуауэ мыухыжыр.
«Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» повестым къыщыгъэлъэгъуащ езы тхакIуэм и гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ, и Iыхьлыхэмрэ ахэр къэзыухъуреихь цIыхухэмрэ я дуней тетыкIэр. Щхьэхуэу тепсэлъыхьыпхъэщ КIыщокъуэм и новеллэхэр иту 2000 гъэм къыдэкIа тхылъышхуэм. Апхуэдэу къыхэгъэщыпхъэщ КIыщокъуэм и тхыгъэхэр бзэ щэ ныкъуэм нэблагъэкIэ зэрызэрадзэкIар. 
Езым и Iуэху еплъыкIэ, и хъэтI, и бзэ шэрыуэ иIэжу ди литературэм къыхыхьа Нало Ахьмэдхъан и рассказ нэхъыфIхэм ящыщщ «Бжьахъуэ пщыIэм», «МафIэ бзий ныбжь», «Бжьэр къэпщIащ», «Псыхьэ нанэ», «Лъагъуэхэр, гъуэгухэр», «Рейхстагым адыгэбзи тетщ», «Псы зэпрыкIыпIэм», «ЛIы псалъэ», «Хамэ хэкум», «Урыху акъужь» жыхуиIэхэр, нэгъуэщIхэри. Дунейм и пIалъэ зыщIэ, гъащIэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхуу, зэфIэкI зиIэ тхакIуэу прозэм и жанр нэхъ инхэми зыкъыщигъэлъэгъуащ Нало Ахьмэдхъан. Абы щыхьэт тохъуэ тхакIуэм и Iэдакъэм къыщIэкIа «Къэрэгъул зэблэкIыгъуэ» повестымрэ (1972 гъэ), «Нэхущ шу» (1977), «Псы Iуфэм Iут унэ цIыкIу» (1990) романхэмрэ. Мыбдежым щхьэхуэу гу лъытапхъэщ Налом и «Нэхущ шу» романыр ди литературэм и хэлъхьэныгъэ ину, ар зи IэдакъэщIэкIым дежкIэ ехъулIэныгъэшхуэу зэрыщытым. Романыр зытеухуа Урыс-Япон зауэр ди адыгэ литературэм зэи зи гугъу щамыщIа Iуэхугъуэщ. 
Хэку зауэшхуэм ди зауэлIхэм щызэрахьа хахуагъэр художественнэ пэжыгъэ нэс хэлъу Къардэн Бубэ и повестхэмрэ и рассказхэмрэ къыщигъэлъэгъуэжащ. Ар щынэрылъагъущ «Сэлэтым и гъуэгуанэ» (1968 гъэ), «Гуимыхужхэр» (1976), «Фронтым адэкIэ» (1981), «Бгъащхъуэ» (1985), «ЗэхэгъэкIыпIэ» (1987), «Комбат» (1991) жыхуиIэ тхылъхэм ихуа тхыгъэхэм. Къардэным и IэдакъэщIэкIхэр гурыхь икIи щIэщыгъуэ зыщIыр езыр зыхэта псори телъащIэ хэмыту, Iэзэу уи нэгу къызэрыщIигъэувэжырщ.
Дызэрыщыгъуазэщи, сыт хуэдэ литературэми игъуэта зыужьыныгъэр къызэрапщытэ хабзэр лъэпкъ прозэр зэрыт щытыкIэрщ, абы и зэфIэкIымрэ и фIагъымрэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ ди прозэм фIыкIэ ущIытепсэлъыхь хъун щхьэусыгъуэхэр и гъунэжщ. Дигу къэдывгъэгъэкIыж Къущхьэ СулътIан («Механик», «ШагъдиитI», «ЩIакIуэ щIагъым»), ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ («Уи пщэдджыжь фIыуэ, Тэрч!», «Дыщэм ефIэкIыу», «Дыщэр дыщэпс хуэныкъуэкъым», «Гум псори къонэ», «Тэрч щыхьэтщ», «Мазизэ», «ЛъыщIэж»), МафIэдз Сэрэбий («ЩIакIуэ фIыцIэ», «ХьэщIэмахуэ», «Гъыбзэ хуэфащэт», «Мыщэ лъэбжьанэ», «Мыхъур»); Елгъэр Кашиф («ЩIэдзапIэ», «Сабиигъуэм и дыгъэ», «Пщэдджыжь хьэщIэ», «Ухеймэ, улъэщщ», «Щыуагъэ», «Лъагъуныгъэм и бзэ») сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр.
Ди прозэм и зыужьыныгъэм и лъэхъэнэщIэу уващ 20-нэ лIэщIыгъуэм и 80-90 гъэхэр. А лъэхъэнэм ди литературэр я тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ къагъэберычэтащ КIэрэф Мухьэмэд, Нало Заур, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Мэзыхьэ Борис, Елмэс Iэулдин сымэ. Псом хуэмыдэу тхылъеджэхэмрэ литературэ критикэмрэ ягу ирихьащ Нало Заур и рассказхэр щызэхуэхьэса «Къру закъуэ» (1981 гъэ) тхылъыр. Сыт и уасэ «Къру закъуэм» ит хъыбар хьэлэмэтхэр е «Мазэм фIэкIа зыми имылъэгъуар» тхылъ гъуэзэджэр? 
Нэхъ иужькIэ ди литературэм къыхыхьауэ щыта тхакIуэхэми мыхуэмыхуу зыкъагъэлъэгъуащ. Абы и лъэныкъуэкIэ хьэлэмэтщ Къаныкъуэ СэIэдулэ и «Ленинград къикIа хъыджэбз» романыр. КIэрэф Мухьэмэд, КъуэщIысокъуэ Хьэжысмел, Мэржэхъу Мухьэмэд, Емкъуж Мухьэмэд, Джыназ Юрэ, Къамбий Зуфар, Щоджэн Хьэсэн, Щхьэумэжь БетIал сыми, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэмкIэ ди прозэр ягъэбжьыфIащ.
 

 

Ержыб Аслъэн.
Поделиться: