Ди джэдуужьыр

(Сабийхэм папщIэ хъыбар)

 - Ей, мы ди джэдуужьри, мы ди джэдуужьыр, кхъуэр благъэжу яукIым хуэдэщ, - мэхъущIэ дадэ пэшым къыщIыхьэжауэ.

- А, зи унэр бэгъуэн, къаруи псэруи къыхуигъэнакъым хьэжь тхьэмыщкIэм!

- Сыт - на, джэдуужьым абы ирищIэфынур? - егъэщIагъуэ нанэ.

- ИрищIэфынур жи! ИримыщIэр сыт жыпIэмэ, нэхъ тыншщ.

Си тхьэкIумэр тезгъэхуауэ дадэ жиIэхэм содаIуэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, си мызакъуэу, дади гу лъитат ди джэдуужьыр зэрыбзаджэм, псэхугъуэ иримыту ди хьэжьым и фэр зэрырихым.

… Дыгъэм и гуащIэгъуэ дыдэм, хуабэм зэпкърихауэ хьэжьыр жыг щIагъым щIэгъуэлъхьауэ зыщигъэпсэхум иригъэхьэлIэрти, джэдум абы зыблригъэхырт, зыкъыблригъэхыжырт. Гу къылъимытамэ, зигъэIэуэлъауэрт. Модрейм, джэдур зэрилъагъуу, къыхуэнэжа къару тIэкIур зэхуихьэсыжырт, къыщылъэтырти, джэдур ирихужьэрт. Зыкъомрэ къригъэжыхьырт - къригъэжыхьырт хьэжьми, езыр жыгым дэжейрт. Дэжейрти, зыри къэмыхъуам хуэдэу, тест хьэжьым къыхуеплъыхрэ, тIэкIуи ауан къищIу. Хьэжьри зыкъомрэ абы худэплъейуэ щытт - щытти, кIуэрти жыг жьауэм щIэгъуэлъхьэжырт.

Хьэжьыр жейм хилъэфэжу зэрыхуежьэу, джэдуужьыр жыгым къелъэрти, псори щIэрыпсу къыщIидзэжырт. Хьэжьри къыщылъэтырти, джэдур аргуэру ирихужьэрт. Апхуэдэт махуэ псом.

Абыхэм я зэхущытыкIэм къытригъэхъеикIри, дадэ хъыбар гъэщIэгъуэн Iэджэ жиIэжащ хьэмрэ джэдумрэ фIыуэ зэрызэрымылъагъум теухуауэ. Нанэ цIыкIуу къыIэрыхьэу ипIа и джэдур фIэгуэныхь хъуурэ, абы къыщхьэщож, щотхъу. Ар дадэ идэркъым.

- Къемэт махуэм, - жеIэ дадэ, - цIыхум фIыуэ илэжьамрэ Iейуэ ищIамрэ щызэхагъэкIым и деж, сэрор абыхэм къоупщI:

- И чэзум вгъэшха, лей къывахакъэ?

Хьэм занщIэу жэуап ет:

- Зэи сагъэмэжэлIакъым, езыхэр Iэнэм къызэрыбгъэдэкIыу си Iыхьэр къысхуахьырт. Зэи сащыгъупщэртэкъым.

Джэдуужьыр щытщ, цIутI жимыIэу, лъэныкъуэкIэ йоплъэкIри.

- Уэ - щэ? - зыкъыхуагъазэ джэдум.

Абы и нэхэр еуфIыцIри, сщIэркъым жыхуиIэу, и щхьэр егъэкIэрахъуэ. Хьэр къогубжь:

- Сэ пщIантIэм сыдэс пэтрэ сащыгъупщэртэкъым, уэ я Iэнэ щIагъым ущIэсщ…

СщIэркъым жыхуиIэу аргуэру джэдум и щхьэр егъэкIэрахъуэ, и нэхэри къызэтрихыркъым.

Хьэр къогубжьыпэри, джэдур ирехужьэ, ирехужьэри кърехуэкI, щIым ирихужыным хуэдизу. Джэдур жыгым дожейри, зыри къэмыхъуам хуэдэу тесщ, хьэжьым къыхуоплъыхри. Апхуэдэщ игъащIэ псом.

ЖУРТ Биберд.
Поделиться: