Лей зытехьэхэм я IэкIэ зэрахьэ лей

Урысейм и посольствэм иIыгъ унэм куэдкIэ пэмыжыжьэу, Истамбыл и Истикълал уэрамым щэкIуэгъуэм и 13-м лагъым къыщагъэуащ. КъэхъукъащIэм цIыхуи 6 хэкIуэдащ, 81-м фэбжь ягъуэтащ.

Лагъымыр щIэзылъхьа цIыхубзыр видеокамерэхэм еплъыжурэ къагъуэтащ. ЩэкIуэгъуэм и 13-м хъыджэбзыр Таксим утыкум икIри, Истикълалым техьащ. И щIыбым плIэидзэ илъу, IэлъэщIи зытрилъхьауэ, пакет гуэри IэщIэлъу зыкъомрэ къикIухьащ. Сыхьэт 15-рэ дакъикъэ 30-м ар тыкуэным къыпэщыт тетIысхьэпIэм тотIысхьэ, лагъымыр къыщыуа щIыпIэм пэмыжыжьэу. Дакъикъэ 41-кIэ теса иужь, сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 11-м хъыджэбзым и плIэидзэр къигъанэри, псынщIэ-псынщIэу Таксим утыкумкIэ кIуэцIрыкIащ. Лагъымыр къызэрыуэу, сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 14-м цIыхубзыр щIэпхъуащ.

Албасхыр Iэхлам зи цIэ, илъэс 23-рэ ныбжьым ит хъыджэбзым езым зыкъиумысащ Курдхэм я лэжьакIуэ партым зэрыщыщымкIэ, а зэгухьэныгъэм и дзэ къудамэм офицеру зэрыхэтымкIэ. Сирием щыIэ Айн-Iэл-Iэрэб къалэм курд партым и тIасхъэщIэххэр щагъэхьэзыр а зэгухьэныгъэм хэту, мы хъыджэбзми американ дзэлIхэр къыдэлэжьащ. Унафэр Кобан къратыкIащ, езы Албасхыр АфринкIэ къикIащ. Iуэхур зэфIигъэкIмэ, Алыджым (Грецием) ирашыну къагъэгугъат хъыджэбзыр, арщхьэкIэ Тырку хабзэхъумэхэр бзаджащIэхэм телефонкIэ якIэщIэдэIухьри, къащIащ цIыхубзыр къамыумыс щIыкIэ, яукIыжыну зэрамурадыр.

Курдистану щыта хэкушхуэр, Уэсмэн пащтыхьыгъуэр зэрылъэлъэжу, къэрал зыбжанэу игуэшыкIа хъуащ XIX лIэщIыгъуэм. Абы лъандэрэ, я хэгъэгу зэрагъэпэщыжыну мэныкъуакъуэ лъэпкъыр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Тыркум и бийхэр абыхэм къадоIэпыкъу. Ахэр зэрагъэгушхуэращ Тыркур арэзы щIэмыхъур Швециемрэ Финляндиемрэ НАТО-м хагъэхьэну. КъыкIэлъыкIуэ махуэм Индонезием щызэхыхьэрт «Къэрал тIощIым я зэхуэсым» хэтыну лIыщхьэхэр. Ауэ щIэпхъаджагъэр а махуэм щIыхуагъэзам и щхьэусыгъуэ пажэу къалъытэр щэкIуэгъуэм и I4-м Истамбыл ЦРУ-м и нэхъыжь Бернс Уильямрэ Урысейм и Къэрал щIыб тIасхъэщIэх IуэхущIапIэм и унафэщI Нарышкин Сергейрэ зэрыщызэхуэзарщ. ЖызыIэ щыIэщ мы Iуэхум и щхьэусыгъуэ дыдэр Тыркумрэ Урысеймрэ гъуэз зэIэпыхыпIэщIэ зэдаухуэну мурад зэращIар зи гуапэ мыхъуа, зи гъуэзыр лъапIэу зыщэ США-м курдхэр къигъэсэбэпауэ зэрыарар. Ауэ гъэщIэгъуэну Iуэхум къыхэхъухьар сыт жыпIэмэ, мы щIэпхъаджагъэр зыщIахэм къагъэщхьэпа Iэщэр Украинэм хурагъэшахэм щэхуу хащыкIыжахэм ящыщу хуагъэфащэ, ауэ щыхъукIэ, зауэ Iуэху щхьэхуэм зэрыщIидзэрэ, Тыркум и «Байрактар»-хэр Украинэм ярещэ. Эрдоган иджыри Индонезием щыIэу унафэ ищIакIэщ Кобан и Iэгъуэблагъэм зыщызыгъэбыда щIэпхъаджащIэхэм IэщэкIэ яхэуэну.

Гузэвэгъуэр къыщыхъуа Истикълал уэрамым и лъэныкъуитIми Тыркум и ныпыр фIадзащ. ХэкIуэдахэм яхуэщыгъуэу, уэрам зекIуэшхуи ирагъэкIуэкIащ. Фэбжь зылъысахэм Урысейм икIауэ цIыхуищ яхэтауэ хъыбар щыIэщ. Сабий IэплIэтес къанэри, адэ-анэр хэкIуэдащ. Апхуэдэ дыдэу, лагъымыр лIапIэ яхуэхъуащ илъэси 3 - 4-м ит хъыджэбз цIыкIумрэ и адэмрэ. Гурыщхъуэ хуащIу иджыри цIыху 40-м нэс къаубыдауэ ягъэхъыбар. УзыншагъэмкIэ министр Ходжа Фахреддин зэрыжиIэмкIэ, сымаджэщым щIэхуахэр къыщIатхыкIыжащ.

Унафэр къыздикIыр шэчыншэу къэзыщIа, Тыркум къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Сойлу Сулейман и псалъэхэу США-м и посольствэм хуэгъэзахэри хэIущIыIу хъуащ: «Къытхуевгъэхьа тхыгъэр къытIэрыхьащ, ауэ США-м и посольствэр и фIэщу къытхуэгузавэу ди фIэщ хъуркъым. ЦIыху зыукIар япэу хьэдэм зэрыщхьэщылъэдам ещхьущ ар къызэрытщыхъур. Унафэр къыздикIа дыдэми дыщыгъуазэщ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: