Псыр псэхэлъхьэжщ

Мы дунейр къызэрыунэхурэ цIыхум къигъэсэбэп псы къызэрыгуэкIым щэхуу хэлъыр зыхуэдизыр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. Апхуэдэу щытми, псым и щэхухэм щыщу щIэныгъэлIхэм иджыри мащIэ дыдэщ къахутар, ауэ а мащIэри ирокъу дунейр къызэрыунэхуа щIыкIэр къыбгурыIуэн папщIэ.

Сыт-тIэ зищIысыр цIыхур къызэригъэщIрэ къигъэсэбэп псыр? Дэнэ ар къыздикIар? Сыти жыIи, ди щIым гъащIэр къыщыщыунэхум щыгъуэ псыуэ щыIам хуэдизщ ноби щыIэр.

Дунейр къызэригъэщIрэ, абы псыуэ тетам зихъуэжакъым: хэщIакъым

икIи хэхъуакъым. ЦIыхухэм зэрахьэ дин псоми я дежкIэ псыр хьэпшып къызэрыгуэкIкъым, атIэ гъащIэм, псэм и къабзагъэм и дамыгъэщ. Абыхэм псоми зэхуэдэу псым пщIэ хуащI. Динхэм къызэралъытэмкIэ, псым щэху гуэр хэлъщ икIи ар хуэсакъыу къагъэсэбэп.

«Дунейм теткъым псым нэхърэ нэхъ щабэрэ нэхъ къэгъэIурыщIэгъуафIэрэ, итIани абы дунейм нэхъ быдэ дыдэу тетыр зэтрекъутэф. Псым и къарум зыри пэлъэщкъым, дэтхэнэри абы текIуэфыну пэтми. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ар щабэми, мывэм нэхърэ нэхъ быдэми полъэщ. Ар псоми ящIэ, ауэ псым хуэдэу псэуну зыри тегушхуэкъым», - жиIауэ щытащ илъэс минитI и пэкIэ китай философ цIэрыIуэ Лауо Дзин.

- ЩIэныгъэлIхэм псым и щытыкIэр куууэ яджащ. Иджы псоми дощIэ абы щытыкIэ къызэрымыгуэкIхэр зэриIэр: адрей хьэпшып ткIуаткIуэхэм ебгъапщэмэ, псым и физическэ, химическэ зэхэлъыкIэхэр нэгъуэщIщ. Ауэ щIэныгъэлIхэм къытхэткъым щыщIыIэм деж псым и плотностыр нэхъ ин, щыхуабэм деж ар нэхъ цIыкIу щIэхъур къызыгурыIуэ, – жеIэ США-м щыщ щIэныгъэлI, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Вютрих Курт.

Пэжуи, сыт хуэдэ хьэпшыпми щыщIыIэм деж зызэхуешэ, псым и закъуэщ мыл хъуамэ, зэрытым имыхуэжыр. А щытыкIэр ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхухэм къагъэсэбэп. Сыбырым щыпсэу лъэпкъхэм мывэ дзакIэшхуэхэр бгым къыгуагъэхут, абы зэгуэтхъауэ иIэ щIыпIэхэм псы дагъащтхьэурэ.

ЩытыкIэ къызэрыгуэкIым ит псым давленэшхуэ иIэщ. Псалъэм папщIэ, гуэдзыр щIым къыщыхэкIым деж, атмосферэ 400-м нэс къару иIэ мэхъу. Аращ удзми асфальтыр тыншу къыщIызэпхитхъыфыр.

Великобританием и щIэныгъэлI Чаплин Мартин, Урысейм и щIэныгъэлI цIэрыIуэ Воейков Владимир сымэ, нэгъуэщI еджагъэшхуэ куэдми къызэрахутамкIэ, псыр молекулэ цIыкIущ, ауэ абы и мэскъалхэм я зэхэлъыкIэм хуэдэ зиIэ дунейм теткъым.

- Псым и молекулэхэм щыщу зы нэхъ мыхъуми щымыIатэмэ, ди щIым гъащIи къыщыунэхунутэкъым, - жеIэ Воейков Владимир.

Псым и сыт хуэдэ щытыкIэри телъыджэщ. А зыращ ткIуаткIуэу (жидкэу), быдэу (твердэу), гъуэзу (газообразнэу) - щытыкIищ зэхуэмыдэм итыфу дунейм тетыр. Абы егупсыса нэужькIэщ щIэныгъэлIхэм псым ехьэлIа къэхутэныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIар.

ЩIэныгъэлIхэр псым нэхъ щышынэ щыхъуар лIэщIыгъуэ кIуам и 60 гъэхэращ. Азием щыIэ къэралхэм ящыщ зым зауэ хуэIухуэщIэхэмкIэ я щIэныгъэлIхэм зэIущIэ щэху ирагъэкIуэкIырт. Ахэр тепсэлъыхьырт бактериологическэ Iэщэ лъэщ къызэрызэрагъэпэщыну щIыкIэм. Абы иризэдауэу куэдрэ зэхэсахэщ. Нэхъыбэжри зэхэсыну къыщIэкIынт, ахэр псори госпиталым яшэн хуей мыхъуатэмэ. ЩIэныгъэлIхэм я узыфэхэри зэхуэдэт: щхъухь зыхэлъ ерыскъы яшхат. Ауэ, гъэщIэгъуэнрати, зэIущIэр щекIуэкIым абыхэм зыри яIухуатэкъым, я стIолхэм тета псым фIэкIа. А псым и зэхэлъыкIэр къапщытащ. Ар къабзэу, къызэрыгуэкIыу къыщIэкIащ. Ятхари аращ: «ЗэIущIэм хэтахэм я узыншагъэм емызэгъар псы къызэрыгуэкIращ».

А къэхъуа Iуэхур зыхуахьынур ямыщIэурэ илъэс 20 дэкIащ. Абы иужькIэщ псым илъагъу, зэхих псори и гум ириубыдэу щыхуагъэфэщар. Ар зэхагъэкIын папщIэ къэрал нэхъ зызыужьа псоми я щIэныгъэлIхэм къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу щIадзащ икIи пIалъэ кIэщIым наIуэ къэхъуащ псым и хъуреягъкIэ къыщыхъу, зэхих псори, видеомагнитофоным ещхьу, зэритхыр. Псыр хьэпшып гуэрым лъэIэсыну фIэкIа хуейкъым и химическэ, физическэ зэхэлъыкIэр зэхигъэкIыу игу ириубыдэн папщIэ.

Щыгъуазэу пIэрэт абы пасэм псэуа цIыхухэр, псыр дыжьыным къыхэщIыкIа хьэкъущыкъум иракIэурэ хущхъуэу къыщагъэсэбэпым. КъызэрыщIэкIамкIэ, дыжьын хьэкъущыкъум ита псыр апхуэдизкIэ антибиотик лъэщщи, уIэгъэм хищIа микроб псори а псым и зы атом закъуэм хуоукI.

Псым хуэдэу псоми зезышэкI, зэщIэзыубыдэ щыIэкъым. АтмосферипщI бжыгъэхэм пэлъэщу, жыгышхуэхэм я лъэдийм дауэ псыр зэрыдэкIуейр?

- Япэм псым и Iуэхум щэху нэхъыщхьэу хэлъар абы и зэхэлъыкIэрщ. Иджы ар наIуэ хъуащи, нобэ щIэныгъэлIхэр зэлэжьыр абы и молекулэхэр зэрызэхэлъ щIыкIэр убзыхунырщ, - жеIэ Великобританием и щIэныгъэ-къэхутакIуэ лабораторэ нэхъыфIхэм ящыщ зым и унафэщI, профессор Чаплин Мартин.

Псым и молекулэхэр гуп-гупу зэхэгъэщхьэхукIауэ зэхэлъщ. А гупхэм щIэныгъэлIхэм кластер фIащащ икIи хуагъэфащэ псым и гурыхуагъыр зыхэлъ ячейкэхэр абыхэм яхъумэу. А ячейкэхэращ, магнитофон лентIым ещхьу, зэхих, илъагъу, зыхищIэ псори зытритхэр.

ЦIыхухэм ящIэркъым уэздыгъэр щыщIагъанэкIэ е щагъэункIыфIкIэ псым и зэхэлъыкIэм зэрызихъуэжыр, нэгъуэщI зэрыхъур. Псалъэм папщIэ, электрокъарум и губгъуэм, е вольт лъагэм и линием лъэIэсмэ, псым игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм укъагъэуIэбжь. Дауи, абы щыгъуэми ар псы къызэрыгуэкIыу къонэж. Ауэ абы и молекулэхэм я структурэр, цIыху псантхуэм ещхьу, зыгъэпIейтей псоми поджэж. ЩIэныгъэлIхэм къагупсыса Iэмэпсымэ лъэщхэм IупщIу къагъэлъэгъуащ псым и гурыхуагъэ ячейкэ къэсыхункIэ информацэр щихъумэ панель мин 440-рэ зэриIэр.

Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми и химическэ, биологическэ зэхэлъыкIэм елъытауэ фIымрэ Iеймрэ зэхэгъэщхьэхукIауэрэ.

- Кластерыр гуп щхьэхуэу зэрыубыда молекулэхэмкIэ зэхэту щытмэ, абы и гъащIэр кIыхькъым, ауэ кластеру зэрыубыда молекулэ гупым зыр хэIэпхъукIыу нэгъуэщI молекулэр къахыхьэмэ, абыхэм я гъащIэр кIыхь дыдэ мэхъу, - жеIэ Японием щыщ щIэныгъэлI Масару Эмото.

Псым информацэр зэритхыр икIи зэрихъумэр зэрыпэжым и щыхьэт

хъуар кластерхэм я молекулэхэм Iэпхъуэшапхъуэ куэд къазэрыхэмыкIырщ.

- ДызэреплъымкIэ, псыр, дэбгъуэн щымыIэу, компьютер телъыджэщ. Компьютерым ещхьу абыи информацэ куэд игу иреубыдэ. Дэтхэнэ цIыхуми зэрыхуейуэ псым псалъэуха щыхуэтхынущ, зэрегуакIуэуи а псалъэухар нэгъуэщIкIэ зэрихъуэкIыжыфынущ, – жеIэ Австрием щыщ щIэныгъэлI Грубер Аллос.

Абы и щыхьэту къэув зы Iуэхугъуэ къэхъуауэ щытащ 1881 гъэм и щIымахуэм. «Ларес» зи фIэщыгъэ кхъухьыр Ливерпуль къикIыжу, Сан-Францискэ кIуэт. Хым зэрытехьэрэ махуищ фIэкIа дэмыкIауэ, а кхъухьым мафIэс къыщыхъуащ. Зэрыхабзэу, ар ибгынэу кхъуафэжьейм иужь дыдэу итIысхьар капитан Керри Нейлщ. Зэман дэкIри, кхъуафэжьейм исхэр псы зэфэн ямыгъуэту гугъу ехь хъуащ, сыхьэт къэсыхункIэ ар нэхъ шэчыгъуей хъурт. Апхуэдэу тхьэмахуищкIэ ахэр хым тетащ. ЩIым къытеувэжа нэужь, капитан Керри гупыр къызэрелар мыпхуэдэу итхыжащ: «Дэ узэфэ хъун псы дыщIэхъуэпсырт. Ди нэгу къыщIэдгъэхьэу щIэддзащ ди кхъуафэжьейм и хъуреягъкIэ щыIэ псы шыугъэ щIыхур шыгъуншэ хъуауэ. Сэ къысхуэнэжа къару тIэкIур зэхуэсхьэсри, псыр си IэмыщIэм из сщIащ. Ар си Iупэм щыхуэсхьам, шыугъэжтэкъым, дызэфэ хабзэ псым хуэдэт...».

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: