ГушыIэрэ ауанрэ

Коммунист партыр ди къэралым щытепщэ зэмант. Адыгэ къуажэхэм ящыщ гуэрым колхозым и унафэщI щыхах зэIущIэ щекIуэкIырт. «Зэрысабийрэ и псэр етауэ, жэщ-махуэ имыIэу мэлажьэ, мис иджыпстуи губгъуэм итщ, Хьэжмуд хэдвгъэгъэх», - къыхилъхьащ зым.

«Уэлэхьи, хъунумэ! Хъарзынэмэ икIи хуэфащэмэ!», - даIыгъащ мыдрейхэм икIи псори зэдэарэзыуэ Хьэжмуд унафэщIу хахащ.

ЗэIущIэр и кIэм нэсыху пэмыплъэу, щIэсахэм я зыр и ныбжьэгъур игъэгуфIэну губгъуэм жащ. «Уэлэхьи, хуабжьу си гуапэ хъуамэ апхуэдэ дзыхь къызэрызагъэзар, сызэрысабийрэ сыщIэхъуэпстэмэ», - жиIащ Хьэжмуд.

Хъыбар зыхьа щIалэр зэIущIэм игъэзэжыху колхозхэтхэм ящыщ зым: «Ныбжьэгъухэ, Хьэжмуд коммунист партым хэт, атIэ?» - жиIэри къыхилъхьащ.

«Уэлэхьи хэмыт, хъункIэ Iэмал имыIэ, райкомми, обкомми къытхуамыдэн», - даIыгъащ мыдрейхэм. Абы нэхъ хэмылъуи трагъэкIыжащ.

Хъыбар етIуанэр Хьэжмуд деж щынагъэсым нэщхъей къэхъури: «Ярэби, дыкъимынауэ пIэрэ? - жиIэри щIэупщIащ.

* * *

Хьэжмусэ теухьэулеикIри тхьэмахуитIкIэ лэжьапIэм екIуэлIатэкъым.

Блыщхьэ махуэу, собранэу ирихьэлIэжати, псоми япэ заригъэщри шхыдэкIэ зыкъыхуамыгъэзэным хущIэкъуу и унафэщIым хуэдэ лIыфI дунейм темыту Тхьэ иIуэу, щытхъупсыр къригъэжэхыу щIидзащ. И гъащIэм апхуэдэ цIыхугъэшхуэ зиIэрэ, акъыл жанрэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлърэ имылъэгъуауэ икIи щыIэу зэхимыхауэ Тхьэ иIуэрт. «Хъунумэ тIэкIу увыIэж, мыбы мыхъумыщIагъэ куэд къыкъуагъэщри трагъэкIащи, сэлам къыдихыжыну дызэхуишэсауэ аращ», - къехъуцэцащ абы къыбгъурысыр. Хьэжмусэ мащIэу зыщIэгупсысыкIри: «Си псэм ищIатэм, уэлэхьи, а цIапIэжьым апхуэдэ гуэр зэрыкъуэлъыр», - жиIауэ ягъэхъыбарыж.

* * *

Гупым хэс зы щIалэ нэмысыншэ нэхъыжьым и сэм ехъуэпсати зэш имыщIэу къытригъэзэжурэ: «Уи сэр къызэптынукъэ?» - жриIэрт. Зи щхьэ зригъэужэгъуам сэр къыщритым, укIытэ зимыIэм: «СампIэр щэ?» - жиIауэ яIуэтэж. Арагъэнщ къуаргъым нэ хуащIати, набдзэ жиIауэ щIаIуатэр.

* * *

Нэхъ ныбжь зиIэхэм зэращIэжщи, утыку уихьарэ псалъэ къуатам, Iэмал имыIэу уэр нэхъ насыпыфIэрэ ехъулIарэ щымыIэу, гукъеуэ лъэпкъ уимыIэу, псоми фIыщIэ яхуэпщIу, къэралым иригъэкIуэкI политикэмрэ абы и убзыхуакIуэхэмрэ икъукIэ уащытхъун, пщIэ яхуэпщIын хуейт.

Ар псоми хьэкъыу япхыкIауэ ящIэрт. Ар къызыгурыIуэ зы цIыхубз, жэмыш пашэм журналистыр дэуэршэра иужь, и псалъэхэм я кIэухыу: «Егъэлеяуэ сынасыпыфIэщ, къуитхурэ пхъуищрэ сиIэщи, ар псом япэу зи фIыщIэу къэслъытэр коммунист партымрэ ди правительствэмрэщ, ахэм яужь, зэи гулъытэншэ дызымыщI ди колхоз унафэщI Хьэсбэчщ», - жиIауэ щытыгъащ.

* * *

РадиомкIэ къата концертыр иуха иужь дикторым жеIэ:

«Дэ нэттащ камернэ симфонием игъэзащIэу, Шеблер зыхэлэжьыхьыжа классическэ музыкэ».

Апхуэдэ макъамэм пэIэщIэу зи гъащIэр къезыхьэкIа нанэ ар зыхэзыхам: «Си щхьэ мыгъуэр сыту Iейуэ зэтефхуа, зэпыту фыкIуэ зыгъэзэщIари, хэлэжьыхьыжари, къезыгъэтари», - жиIащ.

Поделиться: