Адэ лъапсэм и IэфIым щыужахэр

Мазэ хъуа-мыхъуащ Дагъыстэным щыщ хъыджэбзиплI щIэпхъуэжауэ хъыбар къызэрыIурэ. Езыхэм зэрыжаIэмкIэ, абыхэм я унэм леишхуэ къащытехьэрт.  Куржы гъунапкъэм икIын я мураду, Осетие Ищхъэрэм хуэзэ Ларс Ипщэ щIыпIэм нэса иужь, пщащэхэр хабзэхъумэхэм  яубыдащ.  

ХъыджэбзиплIри къыщыхъуар даргин къуажэ Хьэджалмахийщ. Хизриевхэ Хъадижэтрэ Патимэтрэ зэшыпхъу дыдэхэщ, Газимагомедовэ Аминатрэ Магомедовэ Патиматри зэхамэкъым. Пщащэхэм сурэт куэди трахащ, езыхэри зытралъхьэжа бэлыхь куэдым пхыкIахэщ. Iуэхум нэхъ щыгъуазэ дызыщI Собчак Ксение и нэтыным дэтхэнэ зыми къыщеIуэтэж и унагъуэм «леишхуэ къызэрыщытехьэу» щытар. «Сыт хуэдэ щIыкIэут фи махуэр зэрекIуэкIыр?» - еупщIащ журналистыр хъыджэбзхэм. «Пщэдджыжьым укъызэрытэджу, адэ-анэм Iэнэ яхутебгъэувэн, унэр зэлъыIупхын хуейт. Зыгуэр ягу иримыхьу пщIэмэ, къошхыдэн, уеблэмэ къоуэнкIи хъунут». Щыгъын и лъэныкъуэкIэ дакъузэрт хъыджэбзхэр, кIэ кIэщI щрагъэтIагъэртэкъым. Гъусэ ямыIэу унэм щIагъэкIыртэкъым. Ебланэ классыр къауха иужь, «уэ къэблэжьыным зыри щыгугъыркъым, афIэкIа уемыджэми хъунущ» къыжраIат. Къыщыхъуа унагъуэм щекIуэкIхэр я гур утIыпщауэ пщащэхэм хамэм зэрыхуаIуатэм къегъэлъагъуэ, шэч хэмылъу, нэхъыжьхэм IэбэкIэ пхэнж гуэр зэраIэщIэкIар. «Дэ ин дыхъумэ, къуажэм дыкъыдэнэну дигу къэкIыххэртэкъым!» - зыжьэу жаIэ плIыми. БлагъагъкIэ къыпэгъунэгъу щIалэ гуэрым дэмыкIуэмэ, и анэм иукIыжыну къыхуэдэлъа хуэдэу жеIэри, мэтхьэусыхэ хъыджэбзхэм я зыр.

Кавказ Ищхъэрэр зи Хэкум дежкIэ мыпхуэдэ хъыбархэр гукъутэщ. «Чы къэгъэшыгъуэм» адэ-анэм я гъэсэныгъэ Iэмалхэр ткIийуэ къыпщыхъуми, щIыналъэм щапIар абы щыщымыгуфIыкIыж къэхъурэ? Ди жагъуэ зэрыхъущи, ткIиягъымрэ щабагъымрэ я гъунапкъэр зыIэщIэкIхэри дунейм щымащIэкъым. «Хуитыныгъэм къыщхьэщыжхэм» зэкIэ ди нэм къыщIаIур а нэхъ жедгъэIэну дызыхуэмейращ: Кавказым цIыхухэр щыдакъузэ.

Зи жыIэ уи фIэщ пщIыну гугъу Собчак  Ксение  и  нэтыным зэрыхэтым хъыджэбзхэр зэригъэгушхуари IупщIщ. «Уэрыншэу зыри зэфIэкIынутэкъым», - зэрыжраIэми гуитIщхьитIу укъегъанэ. Я зыIыгъыкIэми уи фIэщ ящIыщэркъым пщащэхэр щIыунэм ису къэхъуауэ. Дэтхэнэ зыри щыуагъэншэу урысыбзэкIэ мэпсалъэ, тепсэлъыхьыжхэм зэратхымкIэ, хъыджэбзхэм я зым е тIум щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ, мыдрейхэр пэIудзауэ еджэхэрт. Ауэ я унэм щIэсхэр бийуэ къалъытэу къызэрыдэкIуэтеяри наIуэщ. Адэм е анэм хуэмыпсэлъэн, унагъуэм и щэху Iыгъыжын, къызыхэкIа лъэпкъым фIы фIэкIа хужымыIэн – а хабзэхэм мы хъыджэбзиплIым я деж къару щыщIэлъыжкъым. Дэтхэнэ зыри щыпсалъэкIэ, уи нэм зыкъыщIэзыдзэр и псынщIагъырщ. И адэм аптекэ къыхузэIуихри, машинэ къыхуищэхуауэ исщ, - хужаIэ зым. Адрейм къылъыхъуа щIалэм кърита сом мин 50-р щIэпхъуэжыпщIэ хуэхъуауэ, ауэ хабзэхъумэхэм ахэр къидыгъуа хуэдэу жаIэу, ягъэхъыбар.

КъащыщIа дыдэри Iуэхур къызэрекIуэкIари пщащэхэм зэгуэр езыхэм жаIэжыну къыщIэкIынщ, апхуэдэ къару къызыкъуахыу къэралым и гъунапкъэм щикIыфакIэ. ИлъэситI хъуауэ щIэпхъуэжын Iуэхум и ужь зэритари къыхощ абыхэм жаIэм. «Лей зытехьа цIыхухэм къащхьэщыжхэм я лэжьэкIэм 2020 гъэ лъандэрэ сыкIэлъыплъырт. Ауэ уз зэрыцIалэр къэхъейри, ди пIэ дикIыфакъым», - жеIэ нэхъыжьу яхэтым.

Урысеймрэ Куржымрэ я зэпылъыпIэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием хыхьэ Ларс Ипщэ (Верхний Ларс) гъунапкъэм зэрынэсу, хабзэхъумэхэм яIэщIэхуащ хъыджэбзиплIыр. ЩыбламыгъэкIым, зыкъаумысащ. Ди благъэхэм дефтыжмэ, асыхьэтым зыдукIыжынущ, жаIэри къэувахэщ. Iуэхум зэрыщIидзэрэ, Манаповэ Лейсан я уэчылщ. Ар щыщщ пщащэхэм я Iуэху зезыхуэ «Кавказ Ищхъэрэ SOS» IуэхущIапIэм, абы и унафэщI Истеев Давиди къащхьэщож. Узыгъэгузавэр сыт жыпIэмэ, Истеевым зи Iуэху зэрихуэр «адрейхэм емыщхьу Кавказым исхэрщ». Хъыджэбзхэм я благъэхэр Ларс якIэлыкIуащ, ауэ хуитыныгъэм къыщхьэщыжхэм лъэныкъуитIыр зэбгъэдашакъым. ЗэшыпхъуитIым я адэм жеIэ: «А нэхъыжьу яхэтым сипхъухэм я щхьэ куцIым итыр ирихуауэ аращ. Сэ ахэр къызэрысшэжынум шэч закъуи къытевмыхьэ».

Хъыджэбзхэр зэрыщIэпхъуар хэIущIыIу зэрыхъуу, абыхэм захуигъэзащ Дагъыстэным и муфтийм и щхьэгъусэ Гамзатовэ Айнэ. «Сэ фыкъэсхъумэну фыкъызогъэгугъэ, къэвгъэзэж!» - жиIэри якIэлъыджащ Гамзатовэр пщащэхэм. Собчак и нэтыныр дунейм къытехьа иужь, и телеграм напэкIуэцIым иритхащ:

«Собчак Ксение мы хъыджэбз цIыкIухэр зэрыщIэпхъуэжам нэхърэ «нэхъ хъыбарыфI тхьэмахуэм къэмыIуауэ» зэрыжиIэр гупсысэкIэ пхэнжым и щапхъэщ. Я адэ-анэм я унэр ябгынарэ иджы дунейм тетыху хэхэсу псэуныр натIэ зыхуэзыщIыжа пщащэхэр ехъулIауэ жыIэгъуейщ. Гу лъытапхъэщ абыхэм адэ-анэм дакъуза щIэныгъэншэуи фэ зэратемытым. Сэ срибийщ цIыхубз дэкъузэныгъэми, абыхэм щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну хуамыдэнми, унэм лей къащытехьэнми, адрей зыхуит псоми хагъэкIыжынми. Ауэ апхуэдэ дыдэу сэ срителъхьэкъым, мы нэтыным зэрыщытлъагъум хуэдэу, зы лъэныкъуэ закъуэм къыщхьэщыжыным. Я фIэщу дэIэпыкъухэрэ? Хьэмэ пщащэхэм къащхьэщыж защIу, Кавказыр мафIэ лыгъейм хадзэну хуейуэ ара? БлэкIам дриплъэжмэ, апхуэдэ дыдэу «цIыхубзхэр дакъузэ» жаIэурэщ революцэхэр къызэрагъэхъейуэ щытар. Апхуэдэ цIыхубз къегъэлыкIэр си щхьэкIэ си фIэщ хъущэркъым».

Пщащэхэри абыхэм я адэ-анэхэри псэущ. ЛъэныкъуитIми я Iуэхур нэхъыфIым хуэкIуэну дыщогугъ. Къэралым и пщIэр щытIасхъэ зэманым апхуэдэ къыхэхыкIэ мыщхьэпэ зыщIа пщащэхэр мащIэу бэлэрыгъами, къэгъэзэжыпIэ яIэщ. Уи жагъуэ зэрыхъущи, къызыхэкIа лъэпкъым апхуэдэу гущыкI хуэзыщIахэрщ къаугъэ лъыхъуэхэм къагъэщхьэпэр. Унэр зэлъыIупхын, адэ-анэм уедэIуэн, емыкIу къыумыхьу, цIыхухэм жаIэм уфIэлIыкIыу упсэуныр дэкъузэныгъэу къащыхъун папщIэ, егъэлеиныгъэ гуэри мыбыхэм я гъэсэныгъэм зэрыхэлъар IупщIщ. «Нэхъыжь-нэхъыщIэр» псом нэхърэ нэхъапэщ жытIэу, зыдгъэщIагъуэ щхьэкIэ, нэхъыщIэм нэхъыжьым пщIэ хуищIын зэрыхуейм хуэдэ дыдэу, нэхъыжьми нэхъыщIэм хуэфащэ пщIэр Iэпиуд хъунукъым. «Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ…» щIыжаIэри мыпхуэдэ зы щапхъэщ.

                 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: