Шэрджэс-хъан Iуэ Дыщэм и тепщэт

Монгол-тэтэрхэм я лъэхъэнэм псэуа, «Шэрджэс-хъан» цIэр зезыхьэу щыта тепщэ гуэрым и хъыбар куэд щIауэ зэхыдох. ГурыIуэгъуэщ ди лъэпкъыцIэ зэрызэрихьэ къудейм ар адыгэ зэримыщIыр. ИтIани, тхыдэ щIэныгъэлIхэмрэ монгол-тэ­тэрхэр къуэпс къежьапIэ зы­хуэхъу лъэпкъхэм я лъахэ­ху­тэхэмрэ я деж дызыщымыгъуа­зэ куэд къыщыдощIэ. Абы и фIыгъэкIэ ди блэкIам и напэкIуэцIхэми еплъыкIэщIэкIэ дыбгъэдыхьэн хуейуэ къы­щIокI. 

Хэт хъуну Хьэжы-Шэрджэс е Шэрджэс-хъан? Языныкъуэ тхыдэджхэм а цIэр цIыхуитIым зэрахьа хуэдэу хуагъэфащэ, нэхъыбэм - тIури зы цIэм и къэпсэлъыкIэ зэтемыхуэу къалъытэ. Гу зылъытапхъэхэм язщ абыхэм «шэрджэс» псалъэр цIыкIукIэ зытхи къазэрыхэкIыр. Ар тегъэщIапIэ тхуохъу зи гугъу тщIым и цIэ лейр и мылъэпкъ хэсыж дэтхэнэ зыми ейм пагъэувэ хабзэ лъэпкъыцIэу. Хьэжы-Шэрджэсыр е Шэрджэс-хъаныр зы цIыхуу къэтлъытэным дытрегъэгушхуэ ар тIэунейрэ Iуэ Дыщэм (Золотая Ордам) и хъану зэрыщытами. Iэщтырхъан, Ас­тра­хань, Хьэжы-Тэрхъан - а цIэхэр зезыхьэ Iуэ Дыщэм и къалэр езым еипэу щытауэ, илъэс зыбжанэкIэ зэрыхъаныгъуэуи и унафэм щIэта хуэдэу зэхыдагъэх 23-нэ хъаным тепсэлъыхьхэм: япэу 1361 - 1369 гъэхэм, етIуанэу: 1369 - 1374 (1375) гъэхэм. 
Iуэ Дыщэмрэ адыгэхэмрэ я Iуэху зыIута дыдэр къэзыгъэлъагъуэ тхыдэ лъэужьхэр зэкIэ нэгъэсыпауэ джахэм тхухэбжэнкъым. ИтIани, Псыхуабэ деж щыпсэуа ди лъэпкъэгъухэми ­КъухьэпIэ Адыгэ Хэкум исахэми монгол-тэтэрхэм пыщIэныгъэ быдэ зэрыхуаIам и тхыдэ щы­хьэтхэр мащIэкъым. Сыт и уасэ иужькIэ тепщэ хъуа Iузбэч-хъан ныкъуэкъуэгъухэм ирамыгъэу­кIын щхьэкIэ, щыцIыкIум «шэрджэсхэм я щIыналъэм» щагъэпщкIуауэ зэрыщытам и за­къуэ?! 
«Хъаныкъуэр Адыгэ Хэкум щрагъэпIын къыщаубла Атэ­лыкъ хабзэм и япэ щапхъэм дэ дыщрохьэлIэ Iуэ Дыщэм и къару илъыгъуэм. Иужьрей кърым ­хъану щыта Шагин-джэрий зэритхыжымкIэ, апхуэдэ насып къызыхуихуар Iуэ Дыщэм и ­хъан щэджащэ Iузбэчщ: «711 гъэм Тохътэ-хъан и лъэхъэнэм, иужьрейм и къуэш дыдэм и къуэ Iузбэч-хъан адыгэхэм (шэрджэсхэм) ягъэсэну яшауэ щытащ», - етх Хъуэткъуэ Самир. АдэкIэ пещэ: «Шейбанхэм я тхыдэдж Утемиш-хьэжы къеIуэ­тэж: «Тохътэ-хъаным езым и ­къуэм тепщэгъуэр лъигъэсын папщIэ, и лъэпкъым хъулъхугъэу исыр щызэтриукIэм, абы и ­къуэшым и щхьэгъусэ Келин-Байалин и къуэ Iузбэч яукIынкIэ гузавэри, сабийр Шэрджэс ­къуршхэм гъэпщкIуауэ иригъэшауэ щытащ. ИужькIэ, езыр Тохътэ-хъа­ным щхьэгъусэу ишэжа нэужь, зи къуэр дунейм ехыжу щIэблэншэу къэна хъаным зы­хуиумысащ: «БукIынкIэ сышы­нэри, щIалэр Шэрджэс щIыналъэм езгъэшат». 
Iузбэч-хъаным дыщрохьэлIэ Псыхуабэ зыщызыплъыхь Ибн БэтIутIэ и дежи. ЗыплъыхьакIуэм и гъащIэ гъуэгур зыджа Тимофеев Игорь «Ибн БэтIутIэ» зыфIища и тхылъым дыкъыщоджэ: «1334 гъэм накъыгъэм и 6-м Ибн БэтIутIэ иджыри Къаир щыIэу зи хъыбар зэхиха Iуэ Дыщэм и ­тепщэ Iузбэч-хъан и хэщIапIэм нэсащ». 
Езы Ибн БэтIутIэ зэритхыжымкIэ, Iэпхъуэ зэпыту щыт хъаным и епсыхыпIэр Беш-Даг (и мы­хьэнэкIэ - «бгитху») жыхуаIэ щIы­пIэм щыIэт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, иджырей Псыхуабэ (Пятигорск) деж.
«Мы бгитхум, - жеIэ Ибн БэтIутIэ, - тыркухэм зыщагъэпскI псы пщтыр къыщIэжыпIэхэр щыIэщ… Езыхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ псым зыщызыгъэпс­кIым уз зи цIэ къеуалIэркъым…» 
Iузбэч-хъан и цIэм дыщрохьэлIэ ТIрахъуэ Рэмэзан «Шэрджэсхэр» зыфIища и тхылъми: «Iузбэч-хъан и ныбжьыр илъэс пщыкIущ ирикъуху адыгэхэм я деж щагъэпщкIуу щытащ, адыгэбзи ищIэрт», - жеIэ абы. 
АдэкIэ ТIрахъуэр топсэлъыхь ди тхыгъэр зытеухуа Хьэжы-Шэрджэс: «Тэтэр-монголхэм я щыхьэр Сарай «шэрджэс колониехэр» зыфIаща псэупIэхэр дэтт. Хъан сэрейм щызэрахьэ Iуэхухэм адыгэхэр апхуэдизкIэ хэпщIати, Iузбэч-хъан и къуэ­рылъху Бердыбэч иужькIэ, хъа­ныгъуэр Шэрджэс-хъан зи цIэ тепщэм лъысауэ щытащ». 
Гусев Владимир Iэщтырхъан и тхыдэр пхэнжу къагъэлъагъуэу къыщохъу. Урысейм и тхыдэдж-архив лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт щIалэм къызэрилъытэмкIэ, къалэр куэдкIэ нэхъыжьщ ар тхыдэджхэм къызэ­рагъэлъагъуэм нэхърэ. И Iуэху еплъыкIэр къыщиIуатэ тхыгъэм Хьэжы-Шэрджэс и гугъу щещI: «Iэщтырхъан и гугъу пщIымэ, абы тIэунейрэ и тепщэу щытащ хъан Хьэжы-Шэрджэс (1361 - 1369, 1369 - 1374). А лIым, Iэщтырхъан зэрыдэсым хуэдэурэ, Iуэ Хужьым (Белая Орда) и унафэр зэрихьэу щытащ илъэс 14-кIэ. 1374 гъэм, Хьэжы-Шэрджэс и ­тетыгъуэм щыгъуэ, «Хьэжы-Тархъан» жиIэу тегъэуауэ ахъшэ традзэу щытащ. А зэманым «Хьэжы-Тэрхъан» щхьэкIэ «Тарджин» жаIэрт. Апхуэдэущ къы­зэрежьар Хьэжы-Шэрджэс и цIэр зытет домбеякъ ахъшэхэр». 
Хьэжы-Шэрджэс монгол-тэ­тэр­хэм хуэдэу Чингис-хъаным къытепщыкIа къуэпсым щыщу зэрыщымытар къыхощ тхыгъэ­хэм. Горелик Михаил и лэжьыгъэхэми къыджаIэ адыгэхэм IэщэфI зэращIым къыхэкIыу, езыхэми зауэлI лъэрызехьэ ­къазэрыхэкIым и хьэтыркIэ, ахэр Iуэ Дыщэм хиубыдэ щIыпIэ щхьэхуэхэм щыпсэууэ зэры­щы­тар. Апхуэдэ гуэрхэм я зым пашэ щыхъуагъэнщ Хьэжы-Шэрджэси. 
Ибн Хъалдун и «Тхыдэм» къызэрыхэщымкIэ, адыгэ хъа­ныр Бердыбэч и зэманым дзэзешэу щытащ. Бердыбэч дунейм ехыжа нэужь, Хьэжы-Шэрджэс иубыдар Iэщтырхъан и закъуэтэкъым, атIэ Iуэ Дыщэм и щыхьэру щыта Сарай къалэри иIыгъащ абы. Зэрыкъэралу зэрызехьэм зэщIиубыдэу, хъанхэр зыр адрейм пэщIэувэжа иужь, Хьэжы-Шэрджэс ныкъуэкъуэгъу къыхуэхъуат Урыс-хъан. Хьэжы-Шэрджэс бзаджагъэ ­хурикъуащ абы и дзэхэр Iэщтырхъан бгъэдихужыну, ауэ иужькIэ тепщэгъуэр зыубыда Айбэч-хъан езым Сарай къалэр IэщIигъэкIыжауэ щытащ. Хьэжы-Шэрджэс иIыгъа щIыпIэр IупщIу къыхощ урым дунеяплъэ зэкъуэшхэу ­Пицигани Доминикрэ Францискрэ ящIауэ щыта картэм. Ар хуозэ Индылым (Волгэ) пэмы­жыжьэу щыт Саратов къалэм и ипщэ лъэны­къуэхэм. 
Сорокин Евгений «Зэрыхьзэриишхуэм хиубыда Iуэ Дыщэм и ­хъанхэм ятеухуауэ» лэжьыгъэм щыжеIэ: «Хъан Хьэсэн булгъархэм я деж кIуа иужь, абы и пIэ ­къиуват Iэщтырхъанрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ зи лъапсэу щыта Хьэжы-Шэрджэс, Сарай къалэри иубыдат. Хьэсэн и ахъшэхэр Сарайм щытрадзэн щыщагъэтар 1369 гъэрщ. Абдежым къыщыщIэдзауэ унафэр Хьэжы-Шэрджэс къыIэрохьэ. Ибн Хъалдун зэритхымкIэ: «Хьэжы-Шэрджэс Iэщтырхъан дэкIыжу Сарайм Iэпхъуа иужь, Iуэ ЩIыхум (Синяя Орда) и хъан Урыс-хъан Хорезм щIыналъэм дзэ къриутIыпщыкIри, Iэщтырхъан къригъэувыхьащ. Хьэжы-Шэрджэс езым и дзэзешэхэм яз игъа­кIуэ­ри, ахэр ирахужьэжащ. Ауэ Айбэч хъан езым къебгъэ­рыкIуэри, Сарай къалэр трихыжауэ щытащ. Абы иужькIэ езым и лъа­псэм, ­хъанхэм я унафэр зы­лъэ­мыIэс ­Iэщтырхъан дэтIыс­хьэж­ри, 1369 - 1380 гъэхэм пщIондэ а щIы­пIэр зэрихьащ. ИужькIэ Iэщтырхъан зыIэрыхьар Тохъутэ­мыщщ».
Хьэжы-Шэрджэс и лъэхъэнэм Iэщтырхъан Iэщыр щыбэгъуауэ зэрыщытам и гугъу ещI ищхьэкIэ зи цIэ къыщитIуа Гусев Владимир: «Хьэжы-Шэрджэс щытета зэманым хуэдэу Iэщтырхъан мэлхэри, бжэнхэри, адрей уна­гъуэ псэущхьэхэри зэи щыбэ­гъуакъым. Ахэр кърашырт Кавказ Ищхъэрэми, Кавказ ЩIыбми, Iузэв Iуфэми, хы ФIыцIэ ­Iуфэми, уеблэмэ Азие Курытми. Езы Iэщтырхъани увыIэгъуэ имыIэу хьэпшыпхэр зезышэ чырэхэр икIыурэ, Iуэ Дыщэм и щыхьэрхэу Сарай-Джэдидымрэ Сарай-Мэхърусумрэ ягъа­кIуэрт». 
Iуэ Дыщэм и тхыдэмкIэ нэхъ IэщIагъэлI цIэрыIуэу къалъы­тэхэм ящыщщ хьэрып тхыдэтх Ибн Хъалдун, Урысейм щыщ тэтэр тхыдэдж Сафаргалиев Магомет («Iуэ Дыщэр зэры­лъэ­лъэжар»). Адыгэ-шэрджэсхэм я гугъу щащI дэтхэнэ напэкIуэцIми купщIафIэу топсэлъыхь газетеджэхэм егъэ­цIы­хужын хуэмей, Адыгейм щыщ ди лъэпкъэгъу тхыдэ щIэныгъэлI Хъуэткъуэ Самири. А псоми я лэжьыгъэхэр къэдгъэщхьэпащ мы тхыгъэм дыщелэжьым. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: