Хьид махуэр ягъэлъапIэуМуслъымэн псоми зэдай НэщIикIыж хьид махуэ лъапIэр дэтхэнэ адыгэ унагъуэми, жылэми хуэдэу щаIэтащ Лэскэн районым хыхьэ Урыху (Къугъуэлъкъуей) къуажэм. Пщэдджыжь дыгъэпсым къыдэуша къуажэдэсхэр фIы гуэрым пэплъэрт, Iуэху дахэхэр етIуанэ курыт еджапIэм и стадионым зэрыщызэхашэм теухуауэ ипэкIэ хъыбар кърагъэщIати. Абы екIуэлIэн ипэкIэ, къуажэкIэм щыщIадзэри, машинэхэр дэкIуеящ къуажапщэм нэс, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым и гъуэгубгъум я нэгум гуфIэгъуэр кърихыу щеувэкIа сабий цIыкIухэм IэфIыкIэ зэрылъ хъуржынхэр иратурэ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|