Кавказыбгхэр

Кавказыбгхэр телъыджэу дахэщ, уэсыщхьэщ, уардэщ, абрагъуэщ. Абыхэм егъэлеяуэ щIыпIэшхуэ яубыду зашэщI. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Кавказыбгхэр къэхъуащ илъэс мелуан 25-рэ хуэдиз япэкIэ.
 Кавказыбгхэм ущрихьэлIэнущ мыщэхэм. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, абдеж леопардхэри щыкуэду щытащ. Ахэр кIуэдыжауэ къалъытэурэ зыкъомрэ екIуэкIауэ, XXI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм аргуэру къаIэщIэлъэгъуэжащ. ЩIыпIэхэм ущрохьэлIэ бэдж лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэн мин бжыгъэхэм. Кавказыбгхэм щыIэщ дунейм нэхъ куу дыдэу къыщалъытэ бгъуэнщIагъыр – Крубер-Воронье. Ар бгым и кIуэцIым хохьэ метр 2191-кIэ.

Къуршхэм я Iэхэлъахэм щежэх псыхэр къанэ щымыIэу хохуэж тенджыз ФIыцIэм. Псыежэххэм нэмыщI, нэпкъхэм щыIэщ мылылъэ  мини 2-м нэблагъэ. Кавказыбгхэм узыщрихьэлIэ мылылъэхэм къызэщIаубыдэ километр зэбгъузэнатIэ 1400-рэ. 

Нэхъыбэ дыдэу щIыналъэм узыщрихьэлIэ жыгыр уэздыгъейрщ. Къапщтэмэ, кхъуакIэпыкIэ (хвойнэ) жыгхэр щынэхъыбэщ, тхьэмпэ зыпытхэм нэхърэ. Бгы абрагъуэхэр я лъахэщ нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэ къэкIыгъэ лIэужьыгъуэу 1600-м щIигъум. Удз гъэгъа лIэужьыгъуэ къудейуэ 6300-м нэс къыщокI. Ахэр щхъуэкIэплъыкIэхэщ, нэри пэри яхьу. 
Кавказыбгхэм щыIэщ Зейгалан псыкъелъэр. Ар дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэхэм хабжэ – метр 600 и лъагагъыу къохуэх и псыпыхухэр. Кавказыбгхэрщ Европэм щынэхъ лъагэ дыдэу ябж Iуащхьэмахуэ зыхиубыдэр. Ар къэбэкъуауэ игъущыкIыжам къытехъукIауэ къалъытэ. Метр 5642-рэ хъу а къуршым и щыгум 1829 гъэм япэу дэкIауэ щытащ адыгэлI Хьэшыр Чылар. Ди зэманым абы и щыгум унэсыну нэхъ тынш хъуащ, кIапсэрыкIуэ гъуэгухэр хуащIри - метр 3750-м щыщIадзэ альпинистхэр бгым щыдэкIуейкIэ. Iуащхьэмахуэ Урысейм и щIыпIэ телъыджиблым ящыщщ. Iуащхьэмахуэ нэмыщI, зи лъагагъыр метр 5000-м щIигъухэри щыIэщ ди лъахэм. Дыхтау - метр 5204-рэ, Коштантау - 5152-рэ, Шхарэ- 5025-рэ, Джингатау – 5058-рэ, Казбек – 5034-рэ, Пушкин и щыгу – 5058-рэ, Мижирги - 5025-рэ я лъагагъщ. 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: