ИкIутар из хъужыркъым

Адыгэ литературэр ди курыт школхэм тэмэму щегъэджыным, еджакIуэхэм щIэныгъэ куу егъэгъуэтыным икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ныбжьыщIэхэр гъащIэм нэхъыфIу хуэгъэхьэзырынымкIэ, лъэпкъ хабзэ-нэмысыр, лIыгъэ къэмыланджэжыр, цIыхугъэ лъагэр зыхегъэщIэнымкIэ, лъэпкъым и хьэл-щэныфIхэм ди щIэблэр щIэпIыкIыным. Мы псори, нэгъуэщI Iуэхугъуэ щхьэхуэхэри зэщIэнымкIэ ди курыт еджапIэхэм литературэм и теориер школ программэм ипкъ иткIэ, къызыхуэтыншэу щегъэджыныр хэкIыпIэфIу къилъытэрт щIэныгъэлI, методисту илъэс куэдкIэ лэжьа Ержыб Аслъэн: «Мыбдежым занщIэу къыжытIэнщи, адыгэ литературэмкIэ школ программэри ар зэрырагъэдж тхылъхэри дагъуэншэу пхужыIэнукъым. Апхуэдэу щытми, егъэджакIуэхэм я къалэнщ литературэм и теориер дагъуэншэу ирагъэщIэну, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ар псоми яхузэфIэкIыркъым. Уеблэмэ, ди егъэджакIуэхэм яхэтщ литературэм и теорием фIыуэ щымыгъуазэхэр, абы къыхэкIкIэ, ар щIэблэм яригъэщIэныр зи жагъуэхэр икIи ар тэмэму къызэмыхъулIэхэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, куэдым къыбжаIэфынукъым шыпсэр зищIысыр, ар псысэм, хъыбарым, таурыхъым зэрещхьымрэ къазэрыщхьэщыкIымрэ, цIыхубэ псысэмрэ литературнэ псысэмрэ зэрызэхущытыр, абыхэм я лIэужьыгъуэхэр, литературэм и жанр цIыкIухэр зэрызэхущытыр, ахэр зэрызэхуэдэмрэ зэрызэщхьэщыкIымрэ; драмэ тхыгъэхэм я лIэужьыгъуэхэр, зыр адрейм зэрещхьымрэ къызэрыщхьэщыкIымрэ; басняр сюжет зиIэ усэм зэрещхьымрэ къызэрыщхьэщыкIымрэ, абы гупсысэ нэхъыщхьэ щIамыIэр, абы и къалэныр зыгъэзащIэр; новеллэр рассказым е очеркым зэрещхьымрэ къызэрыщхьэщыкIымрэ, эссер зищIысыр, абы и нэщэнэ нэхъыщхьэр, ар рассказым е очеркым зэрещхьымрэ къызэрыщхьэщыкIымрэ икIи нэгъуэщI гурыIуэныгъэхэри. Апхуэдэу, зи гугъу щIыпхъэр куэд дыдэ мэхъу, мыбдежым а псоми датемыпсэлъыхьами. Ауэ къэтхьа щапхъэхэр щыхьэт тохъуэ мы Iуэхум щыщIэныгъэ зыбжанэ зэрыхэлъым. Псалъэм папщIэ, тэмэму къэплъытэ хъунукъым троп лIэужьыгъуэхэм ящыщ егъэлеиныгъэм теухуа гурыIуэныгъэр 5-6-нэ классхэм зэрыщамыджыр, атIэ ар 7-нэ классым нэс зэрагъэкIуэтар. 
Художественно-изобразительнэ Iэмалхэм ящыщ егъэлеиныгъэр, зэгъэпщэныгъэр, къэгъэпсэуныгъэр художественнэ тхыгъэхэми цIыхубэ IуэрыIуатэми куэду зэрыхэтым къыхэкIкIэ, абыхэм я егъэджыкIэм икъукIэ хуэсакъын, гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIын хуейщ. 
Абыхэм ятеухуа гурыIуэныгъэхэр мы щIыкIэм тету ухуамэ хъуну къыщIэкIынщ. ЯпэщIыкIэ зэгъэпщэныгъэм, итIанэ къэгъэпсэуныгъэм, къыкIэлъыкIуэу егъэлеиныгъэм ятеухуа гурыIуэныгъэхэм я щапхъэхэм зэкIэлъыкIуэу датепсэлъыхьынщ. 
Зэгъэпщэныгъэм теухуауэ
Етхуанэ классым щадж зэгъэпщэныгъэр зищIысыр. Зэгъэпщэныгъэр тропым и зы лIэужьыгъуэщ, зы Iуэхугъуэ е предмет гуэрыр адрейм егъэпщауэ художественнэ тхыгъэм къыщагъэсэбэп: усыгъэми, прозэми, драматургиеми. 
Зэгъэпщэныгъэм и щапхъэ художественнэ тхыгъэ куэдым хэбгъуэтэнущ. Зэгъэпщэныгъэм и щапхъэ зыбжанэ хэтщ КIуащ БетIал и «Си Хэку» усэм. Апхуэдэхэщ «Си дыщэ губгъуэ», «Лэгъупуэ из мазэгъуэ», «Акъужьыр алъп сэхъуауэ», «Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ», «ЖьакIацэу щхьэмыж уэрхэр», «Нарт лъэпкъыу уилI жыджэрхэм» жыхуиIэхэр. Дэтхэнэ зы тхыгъэ купщIафIэми хуэдэу, зэгъэпщэныгъэкIэ къулейщ ЩоджэнцIыкIу Алий и «ТекI бжэщхьэIум» усэр. Мы усэм IэкIуэлъакIуэу къыщыгъэсэбэпащ зэгъэпщэныгъэ зыбжанэ: «зиусхьэнхэм я суд бжэIум, мывэ сыну Iууващ», «Нэхущ вагъуэу ущхъуэнтIауэ, тэлай куэдкIэ ар Iутащ», «Бжащхьэ гъуанэм, хьэ къугъ макъыу, борэныжьыр къыщогуо» зэгъэпщэныгъэхэр, нэгъуэщIхэри. 
Зэгъэпщэныгъэм художественнэ тхыгъэр куэдкIэ нэхъ щIэщыгъуэ, шэрыуэ икIи гурыIуэгъуафIэ ещI. Аращ ар цIыхубэ IуэрыIуатэми художественнэ тхыгъэми куэдрэ къыщIыщагъэсэбэпыр. 
Иджырей усыгъэм е прозэ тхыгъэм хуэдэу, зэгъэпщэныгъэкIэ къулейщ цIыхубэ IуэрыIуатэри. Псалъэм папщIэ, «Уэзырмэс нартхэр гъаблэм къызэрыригъэлар» хъыбарым хэтщ егъэлеиныгъэми, зэгъэпщэныгъэми я щапхъэ зыбжанэ. Апхуэдэщ «ЩIопщ щэ уэгъуэр ирихри, жьым хуэдэу псынщIэу уафэгум ирихьащ, псым хуэдэу, увыну…» жыхуиIэ зэгъэпщэныгъэхэмрэ егъэлеиныгъэмрэ, н. 
Зы зэгъэпщэныгъэ шэрыуэкIэ икъукIэ куэд жыIа мэхъу. Мис апхуэдэ зы щапхъэ: «ПщIантIэ хьэдэ зыдахауэ Къуажэ псор нэщхъейщ. НэкIу фэрэкIым ирихауэ ТеплъэкIэ фейцейщ» (КIуащ Б. «Нэху»). Зэрытлъагъущи, къуажэм и нэщхъеикIэр хьэдэ зыдаха пщIантIэм зэрыригъэпщам къыхэкIкIэ, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэр зыхэпщ1эу ди нэгум къыщIигъэхьэфащ усакIуэм. Апхуэдэ дыдэщ къуажэм и теплъэ фейцейр фэрэкIым ириха нэкIум зэрыригъэпщари. 
Зы зэгъэпщэныгъэм сурэт псо жыхуаIэм хуэдэу къыщигъэлъагъуэ къохъу. Абы и щапхъэщ «И пащIэжьыр къуацэгу хуэдэщ» жыхуиIэ адыгэ хъуэрыбзэр. Мыбдежым лIым и пащIэр къуацэгум зэрырагъэщхьам къыхэкIкIэ, абы и теплъэр зэрыщыту наIуэ мэхъу, IупщI дыдэу ди нэгум къыщIохьэ. Зэгъэпщэныгъэм и къалэныр дэгъуэу игъэзэщIэн папщIэ, мыбдежым къыщытхьа щапхъэхэм хуэдэу ар шэрыуэу, зыхэпщ1эу икIи гурыIуэгъуафIэу щытын хуейщ. 
Аращи, художественнэ тхыгъэр зытепсэлъыхьыр, абы къиIуатэ Iуэхугъуэр нэхъ IупщI, щIэщыгъуэ, зыхэщIэгъуэ, нэхъ нэрылъагъу хъун папщIэ, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я бзэм куэдрэ къыщагъэсэбэп хабзэщ зэгъэпщэныгъэхэр. 
КъыкIэлъыкIуэнущ. 

 

Поделиться: