ПсэукIэр езыгъэфIакIуэхэр

IэмэпсымэщIэхэр къэзыгупсысхэмрэ (рационализаторхэмрэ) Iэмалхэм зезыгъэубгъухэмрэ (инженерхэмрэ) я махуэр мэкъуауэгъуэм и иужьрей щэбэтым ягъэлъапIэ. 
Зи гугъу тщIы махуэр зэдаIэт къыхаха IэщIагъэм иригушхуэ инженерхэм, техникэм зегъэужьыным зи гупсысэр тезыухуэ щIэныгъэлIхэм, проектхэр щагъэхьэзыр IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм, абдежым къыщагупсысахэр тхылъымпIэм щызэхэзыгъэувэхэм, къэралым, жылагъуэм дежкIэ сэбэпынагъ къэзышэ бгъэдыхьэкIэщIэхэр къэзыгъэлъагъуэхэм, абыхэм ящыщу щыхьэт тхылъхэр (къэзыгупсысар арауэ зэрыщытымкIэ) зратахэм, IэнатIэхэм я механикхэм, конструктор Iэзагъэм хуэIэижь гупжьейхэм екIуалIэхэм. А махуэр зэдагъэлъапIэ IэщIагъэ щхьэхуэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэсхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ, техникэр фIыуэ зылъагъухэмрэ абыхэм я ныбжьэгъухэмрэ.
  IэщIагъэлI гумызагъэхэр мыхъуатэмэ 
БлэкIам дриплъэжу къыхэдгъэщынщи, Рационализаторхэмрэ инженерхэмрэ я махуэр гъэ къэси гъэлъэпIэным теухуауэ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым I980 гъэм Унафэ къищтат. Къыхэдгъэщынщи, а зэманыр зыужьыныгъэм ехьэлIа сыт хуэдэ жэрдэмыщIэри ди къэралым псынщIэ дыдэу къыщапхъуатэ лъэхъэнэт. 
ЩIы Хъурейм и блэкIам щыщу зыхэтщIыкIым дригъуазэмэ, гу лъыдмытэнкIэ Iэмал иIэкъым IэмэпсымэщIэхэр къэгупсысыным, зэхэгъэувэным зи акъыл тезыухуа IэщIагъэлI гумызагъэхэр димыIатэмэ, цIыхухэм къэдгъащIэм щIэщыгъуи тыншыгъуи хэдмыгъуатэу дыкъекIуэкIынкIэ хъуну зэрыщытам. 
АтIэми, зэрытщIэщи, тхыдэм и кIуэцIкIэ зэхагъэува, къагупсыса Iэмалхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ куэд дыдэ мэхъу. Абыхэм я нэхъыбэр зыхуэгъэзар, ищхьэкIи зэрыщыжытIащи, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ, ипэкIэ гъэкIуэтэнырщ. Уеблэмэ, жыжьэ дыдэ дымыIэбэу къыхэдгъэщынщи, джыдэ-уадэ хуэдэхэр ди адэжьхэм къамыгупсысатэмэ, бжэгъур ди Iэщэрэ мывэр ди пхъэIэщэу щыщыта лъэхъэнэ жыжьэхэм дакъыфIэмыкIыфу иджыри етхьэкIынут.
     Тхыдэм щыщщ
Пэжщ, щыIащ псэуныгъэм пыщIа Iуэхухэр къытщызыгъэпсынщIэ, нэхъ тынш къытщызыщI Iэмалхэр къэзыгупсысхэр Тхьэшхуэм пэщIэувэхэм ящыщу къыщалъыта лъэхъэнэхэри. Жыжьащэ дымыкIуэу къыхэдгъэщынщи, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм и телъхьэт (блэкIар щыхьэт зэрытехъуэмкIэ) Урысей къэралыгъуэм и зэфIэгъэувэгъуэм и тепщэу щытахэм ящыщ Грозный Иван. Абы къызэрибжу щытамкIэ, цIыхухэм я гъащIэм щIэ гуэр хэзылъхьэр КъэщIыгъэм, щIыуэпсым пэщIэувэ пэлъытэт.  
АрщхьэкIэ, ари зы зэманти блэкIащ, апхуэдэхэм щхьэкIи къамыгъанэу, цIыхухэм я гупсысэр, къахузэтемыгъэувыIэу, ипэкIэ кIуатэ зэпыту екIуэкIащ, ди нобэми аращ. 
Дыщыпсэу лъэхъэнэмкIэ къедгъэзэкIыжынщи, I929 гъэм къыщыщIэдзауэ иджыри къыздэсым ди къэралым мазэ къэс къыщыдокI «Изобретатель и рационализатор» зыфIаща журнал цIэрыIуэр. Ар япэ дыдэу дунейм къыщытехьам, и напэкIуэцIхэм ящыщ зым къытрадзат физик гъуэзэджэ Эйнштейн Альберт журналым къызэрехъуэхъуауэ щыта и псалъэ гуапэхэр. 
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

08.05.2024 - 09:00 НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ