Микроволновкэр СССР-м и щIэныгъэлIхэм сытыт щIамыдэр?

СССР-м 70 гъэхэм микроволновкэ хьэку щащIынуи къыщагъэсэбэпынуи хуимыту унафэ къыщащтат. Псори къызыхэкIыр ар къухьэпIэм зыхузэфIэкIхэм къызэрагъэсэбэпыртэкъым, абыхэм зрагъэщхьыну зэрыхуэмейратэкъым, атIэ абыхэм зрагъэщхьыну зэрымейратэкъым, цIыхум и узыншагъэм зэраныгъэу къыхуихьыр зэрыинырт.
Германием къыщагупсысат
Япэ дыдэу микроволновэ хьэку жыхуаIэр къыщагупсысар Гитлер и тетыгъуэрт. Абы а зэманым зэреджэу щытар «Radimissor»-т. ИкIи ар къагъэсэбэпу щытащ нэхъ псынщIэу шхыныр ягъэхьэзырын папщIэ. ПщэфIэным ихь зэманыр а щIыкIэм тету яхуэгъэмащIэмэ, къахуэнар дунейр къэзэуным трагъэкIуэдэн папщIэт.
Я къэхутэныгъэщIэр фашист Рейхым и щIэныгъэлIхэм лъэныкъуэ псомкIи яджыну хунэмысу, Гитлер иригъэкIуэкI зауэм щыхагъэщIащ. ТекIуэныгъэр къэзыхьа советхэм я щIэныгъэлIхэм Iэмал ягъуэтащ хьэкущIэр и кIэм нэскIэ къапщытэну. Зауэ нэужь илъэсхэм нэмыцэхэм я Iэмэпсымэхэр советхэм я IэмыщIэм ихуащ.
А IэрыщI гъэщIэгъуэныр ди щIэныгъэлIхэм яджащ, икIи ар къагъэсэбэпыну хуимыту къэрал унафэ къащтащ. Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэми Европэм и къэралхэми щекIуэкIащ, ауэ а Iэмэпсымэм экономикэ хъеру къахуихьынкIэ хъунур тепщэ къафIэхъуащ абыхэм. Къэхутэныгъэхэм кърикIуахэри абы къишэ зэраныгъэри наIуэ къащIами, хьэкур мин щэ бжыгъэкIэрэ махуэ къэсыху ящэху.
 

Зэраныгъэу абыхэм цIыхухэм къахуихьынкIэ хъунур
Совет щIэныгъэлIхэми къахутащ СВЧ-м къыхэкI хуабэр егъэлеяуэ зэрышынагъуэр, абы ерыскъым и пкъыгъуэхэр зэрызэтрикъутэр, микроэлементхэмрэ витаминхэмрэ ерыскъым зэрыхишыр. Апхуэдэуи, лъыр зэригъэмащIэр, ар зэригъапцIэр, лышх узыфэр, холестерин Iейр къызэригъэхъейр, уеблэмэ шэм, тхъуий хуэдэхэм лышх къэзыгъэхъей пкъахуэхэр зэрыхригъащIэр. Хьэкум и толъкъун нэхур зы секундым метр мин 300-м нэблагъэкIэ едз.
Хамэ къэралхэм я къэпщытэныгъэхэр
90 гъэхэм хьэкур совет къэралыгъуэм щащэну хуит ящIри, дэнэкIи щызэлъащIысащ. А зэманым ирихьэлIэу, хамэ къэралхэм бзий мыгуащIэкIэ лажьэ а хьэкум зэраныгъэу къишэм теухуа къэпщытэныгъэхэри печатым къытрадзэу хуежьащ.
1992 гъэм США-м къыщыдагъэкIащ абы теухуа тхыгъэхэр. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абыкIэ ягъэхуэба шхыным хэлъ фIыгъуэ псоми я процент 97-р еукI, абыкIэ ягъэхуэба ерыскъыхэмкIэ ягъэшха дзыгъуэхэм я нэхъыбэм я шхынгъэткIу органхэм лышх узыр еуащ.
Швейцарием щыщ Хертел Ульрих Ханс иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр 1991 гъэм печатым къызэрытрыригъэдзэжам щхьэкIэ и лэжьапIэм къыIуахуауэ щытащ Статьяр къытехуат «Франц Вербер» журналым и епщыкIубгъуанэ къыдэкIыгъуэм. Апхуэдэ тхыгъэхэри а хьэку лIэужьыгъуэм теухуауэ ноби къытохуэ, ауэ абы щхьэкIэ зи гугъу тщIы хьэпшыпым хуэдэу ящэм хэхъуэ фIэкIа, хэщ1ыркъым.

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: