Бзэр псэкIэ зыхищIэу

«Ди лэжьыгъэ нэхъыщхъэ дыдэхэм ящыщщ ди анэдэлъхубзэр хъумэным епхахэр. АбыкIэ ди къалэныр тхуэмыгъэзэщIауэ аращ, ди адэжьхэм тхуахъумэу нобэрей щIэблэхэм къалъэIэса а фIыгъуэр дэ тхуэмыхъумэмэ. Езы адыгэбзэм и гугъу пщIымэ, абы и лъэкIыныгъэр, лантIагъэмрэ и дахагъэмрэ, и  кууагъымрэ и зэфIэкIымрэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизу инщ. «Уэ  лIы ухъумэ, сэ шы сыхъунщ», -  жыхуиIэм хуокIуэ  ди адыгэбзэм и щытыкIэр. Ар лэжьэнущ,  бзэ къарууфIи хъунущ, зыгъэлэжьэн игъуэтмэ».

Апхуэдэу ди адыгэбзэм хужиIэрт лъэпкъ еджагъэшхуэ,  тхакIуэ, литературэ критик, егъэджакIуэ Iэзэ,  хэкупсэ нэсу зи гъащIэр езыхьэкIа Къэжэр Хьэмид ХьэтIутIэ и къуэм (I938 - 20I9). Филологие щIэныгъэмкIэ кандидат Къэжэрыр адыгэ литературэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа щIэныгъэлIхэм ящыщащ. Псэужамэ, мы махуэхэм Хьэмид и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут. 

 Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм   I938 гъэм къыщалъхуащ Къэжэрыр. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха  нэужь, ар I957 гъэм щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Студент илъэсхэр жыджэру, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкIэ гъэнщIауэ ирихьэкIащ Хьэмид. Псом хуэмыдэжу ар дихьэхырт литературэм, ди республикэм абы и лъэныкъуэкIэ щекIуэкI Iуэхухэм,  жылагъуэ лэжьыгъэми жыджэру хэтт. И къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытрадзэрт ди щIыналъэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ. 

ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэныгъэфI щызэзыгъэгъуэта щIалэщIэм и зэфIэкIым адэкIи щыхигъэхъуащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и аспирантурэм - ар абы щеджащ I962 - I965 гъэхэм. А илъэсхэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр и лъабжьэу щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэ игъэхьэзырауэ щытащ. Ар I967 гъэм ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIауэ щытащ Къэжэрым, бзэщIэныгъэхэмкIэ кандидат цIэри къыфIащащ.

А илъэс дыдэм и фокIадэ мазэм урысыбзэмрэ литературэмрэ иригъэджу Къэжэрым лэжьэн щыщIидзащ Зеикъуэ дэт етIуанэ школым. Абы куэдрэ щымыIауэ, Хьэмид ирагъэблэгъащ КъБКъУ-м и филологие факультетым урыс литературэмрэ нэгъуэщI къэрал литературэмкIэ и кафедрэм. I977 гъэм щегъэжьауэ нэгъуэщI къэрал литературэмкIэ кафедрэм щылэжьащ, и доценту щытащ. Илъэс 40-м нэскIэ а кафедрэм щыIащ  Къэжэрыр, къыдэлажьэхэми иригъаджэхэми пщIэшхуэ къыхуащIу.

Къэжэрым и къалэмыпэм къыпыкIа япэ тхыгъэхэм ятепщIыхьмэ,  ар лъэпкъ  литературэм къыхыхьауэ жыпIэ хъунущ етIуанэ курсым щыщIэса илъэсхэм къыщыщIэдзауэ. Абы и япэ художественнэ тхыгъэ кIэщIыр, «Псалъэрэ Iуэхурэ» зыфIищар, I959 гъэм «Ленин гъуэгу» газетым къытехуащ. Литературэ тхыгъэхэм я купщIэмрэ япкърылъ гупсысэмрэ кууэ зыхэзыщIэ, ахэр зэпкърызыхыф Хьэмид и  япэ критикэ тхыгъэр «Iуащхьэмахуэ» журналым I962 гъэм къытехуауэ щытащ. Абы къыщыщIидзэри, илъэс 55-м щIигъукIэ Къэжэр Хьэмид  хэтащ критикэ лэжьыгъэ мытыншым, фэжагъуэхьу къэплъытэ хъунухэм. Абы и ущиер узыншэт, и псалъэхэм тхыгъэр зейхэм я лэжьыгъэм и мыхьэнэри игъэлъахъшэртэкъым, я  пщIи ираудыхыртэкъым. Тхэным зезыпщыта куэдым а цIыху щабэр гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуауэ щытащ.

Къэжэр Хьэмид и къалэмыпэм къыщIэкIащ лъэпкъ литературэм увыпIэ щхьэхуэ щызыубыд тхылъ зыбжанэ. Апхуэдэщ: «Гъуэгум и бгъуагъ», «Усищэрэ зырэ», «Гъатхэпежьэ», «Гъатхэм и гъэ», «Нобэ», «Иджыпсту» усэ тхылъхэмрэ литературэ портретхэр зэрыт «Уэрэд щIаусыр» лэжьыгъэмрэ. Къэжэрыр I99I гъэм УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьат. Щхьэхуэу и гугъу пщIыну къалэжь тхакIуэм и балладэхэм («Налкъут щхъуантIафэр», «ГъэунэхупIэр», «Псалъэ зеиншэхэр», «ЩIегъуэжар», «Медан лъапIэ», н.). Абыхэм наIуэу къахощ езым и усэкIэр зэрыригъаджэу щыта европей литературэм куэдкIэ зэрыпыщIар. Хьэмид и балладэхэр зэхэлъхьащ классикэр тепщэу щыщыта лъэхъэнэм абы жанргъэнахуэу иIахэм тету, бзэ гъэхуа шэрыуэкIэ тхащ, япкърылъ гупсысэ нэхъыщхьэкIи  пэжыгъэм, лIыгъэм, хабзэ дахэ зехьэным хуэузэдащ.

ХузэфIэкIыну псоми хунэсакъым щIэныгъэлI щыпкъэр. И ныбжьыр илъэс 8I-м иту ар дунейм ехыжащ. Адыгэ лъэпкъым щIэныгъэ, литературэ Iуэхухэм теухуауэ зиужьыным зи гуащIэшхуэ хэзылъхьа, ди бзэр псэкIэ зыхэзыщIэу псэуа щIэныгъэлIым  и IуэхущIафэхэмрэ IэдакъэщIэкIхэмрэ уахътыншэ зэрыхъуар хьэкъщ. Ахэр я гъуазэщ литературэм и лэжьакIуэ куэдым.

ТАМБИЙ Линэ.

 

КЪЭЖЭР Хьэмид 

 КъелӀыфӀэкӀ щыӀэн хуэмейуэ...

КъелӀыфӀэкӀ щыӀэн хуэмейуэ...
къыфӀэщӀыжу, зылӀ залым
къыхуеӀуэху усакӀуэм: «Схуэтхыт
усэ - сыпщогугъ уэ зым!

Усэм къеджэм къыгурыӀуэу
зэрыиныр сэ си лӀыгъэр,
усэм къеджэм хьэкъыу пхыкӀыу
бэм я гъуазэу си Ӏущыгъэр».

Сыт ищӀэнт усакӀуэм? ЖеӀэ:
«Гупсэхуу сегъэгупсыс.
Ӏуэхур икъукӀэ абрагъуэщ,
пӀащӀэу уэрэд ямыус».

Мыри и щхьэ хужеӀэжыр:
«Уэ Ӏэлыжьым пхуэфӀ сыхъунщ,
сэ уэ пхуэзусынщ пхуэфащэ,
мис иджы ауан пхуэсщӀынщ
уи пхъашагъыр, уи дыджагъыр,
зыкъызэрыпфӀэщӀыжар,
цӀыхур цӀыхуу умылъытэу
фэсадыгъэу уэ блэжьар!

Уи цӀэр сыт - ар ямылейкъым,
хьэлырщ мыгъуэр зи мыгъуар.
Ар сэтей къэсщӀынщ, къицӀыхуу
уэ зэ укъэзылъэгъуам!»

ПсынщӀэу къещтэ къалэм жаныр,
ар тхылъымпӀэми ныхуехь,
«Мэхъэшокъуэ» псалъэ закъуэр
и романым щыщу етх...

 

 Мадинэ, жысӀэрэ сыджатэм...

Мадинэ, жысӀэрэ сыджатэм,
цӀыху дапщэ зэуэ къеплъэкӀынт?
Сэ сыпсэухукӀэ а цIэ гуапэр
зикӀ, си тхьэкӀумэ имыкӀын.

Дыгъуасэ къозу телефоныр -
си благъэм нысэ къыхуашащ.
Зэреджэр жысӀэу сыщӀэупщӀэм,
къашар Мадинэу къыщӀэкӀащ.

ЛэжьапӀэм сыкӀуэу нышэдибэ,
къысӀуощӀэ гуфӀэу си гъунэгъу:
«Пхъу къысхуалъхуащ!»
 «ФӀэпщар?» - щыжысӀэм,

- Си пхъум фӀэсщар Мадинэщ, Ӏэгъу!
Адыгэ мы дунейм тетыхукӀэ,
Мадинэ жаӀэу цӀэ фӀащынщ.
А цӀэр зезыхьэ щыӀэхункӀэ -
уэри, Алий, упсэунщ.

Поделиться: