Гъэ еджэгъуэщIэм къыздихьынухэр

        Бадзэуэгъуэм Къэрал Думэр хэплъэжащ «школакIуэхэр лэжьыгъэм егъэсэн зэрыхуейм» теухуа унафэм. Абы къикIыр сабийхэр, я ныбжьым елъытауэ, зэреджэм хуэдэурэ зыгуэр яхуэщIэу ирагъэсэну аращ. Псалъэм папщIэ, щеджэ классхэр зэлъыIуахыу, школ пщIантIэм жыгхэр щыхасэу, езыхэм ягъэув театр теплъэгъуэхэм зэрыщыджэгуну щыгъынхэр яду, тхылъ хъумапIэхэм ядэIэпыкъуу.

       «Уи сабийм зыгуэр едгъащIэ хъуну?» - жаIэу, адэ-анэм еупщIыжын хуеинукъым дяпэкIэ. Къэрал Думэм и УнафэщI Володин Вячеслав зэрыжиIэмкIэ, мы зэхъуэкIыныгъэхэм щIэлъэIуар езы адэ-анэхэращ. «Я къэралым къыхуэсэбэп цIыхуу сабийр къагъэтэджыну хуеймэ, ар лэжьыгъэм щымымэхъашэу, абы и мыхьэнэр къыгурыIуэу щытын хуейщ. Лажьэурэщ цIыхум псэукIэ зэрызригъащIэр, гъащIэм хэпщIа зэрыхъур», - жиIащ Володиным.

       Школ программэм хагъэхьэж «дзэ Iуэхум хуэгъэхьэзырын» е «военная подготовка» жыхуаIэри. 2022 гъэм и дыгъэгъазэм егъэджэныгъэмкIэ министерствэр арэзы техъуащ ар зэрырагъэджыну унэтIыныгъэхэм:

сатыру зекIуэн, сэлат фIэхъус яхыфу егъэсэн, лъэсыдзэм хэт зауэлIым и Iэщэр къыхуэгъэсэбэпын хуэдэу, Калашников и цIэр зезыхьэ автоматыр егъэцIыхун, Iэрыдз гранатэхэм хуэIэрыхуэ щIын, дзэм хэту зэуэным, зауэм хэту зэрызихъумэжыным, зауэлIхэмрэ дзэзешэхэмрэ щыпсэун унэ зэтралъхьэфыным, зауэ губгъуэм къыщысэбэпыну нэгъуэщI IэкIуэлъакIуагъхэм егъэсэн.  Иужьрей зэманым абыхэм кхъухьлъатэзехуэ имысу яутIыпщ лагъымыдзхэр ирагъэцIыхун мурадри храгъэубыдащ. 2024 гъэм и фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ урысей школхэм иджыпсту щрагъэдж ОБЖ-мкIэ дерсхэм я цIэр зэрахъуэкIынурэ, «Хэкум и шынагъуэншагъэр зэрахъумэ Iэмалхэм я тегъэщIапIэхэр» фIащынущ.  

          ЗэхъуэкIыныгъэхэм я сатырыр къыпещэ фIыуэ еджахэм дыжьын медалхэр ирату къызэраублэжынур. Ауэ зэреджэнур нэгъуэщIущ: «Еджэныгъэм къыщигъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм папщIэ 2-нэ нагъыщэ зиIэ медаль». Ар иратынущ зи аттестатхэм «4» нагъыщэу тIу нэхърэ нэхъыбэ имытхэм, адрейхэр «5» защIэмэ.

        ПэщIэдзэ классхэм щIэсхэр школым ерыскъы пщтыркIэ щагъашхэу къаублэжынущ фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ. Вице-премьер Голиковэ Татьянэ зэрыжиIэмкIэ, абы къызэщIиубыдэнущ сабий мелуани 7, 7-рэ. 

        «ДяпэкIэ 1-4 классхэм щIэс сабийхэм школ шхапIэм пщэдджыжьышхэ е шэджагъуашхэ щIащыфынущ, - жиIащ премьер-министр Мишустин Михаил. – ШколакIуэхэм ирагъэшхыну ерыскъыр узыншэу, къэуат щIэлъу, IэфIу щытын хуейщ. ФокIадэм и I-м щегъэжьауэ, дэтхэнэ щIыналъэми ит урысей школми а Iуэхум текIуэдэну мылъкур Iэрыхьэнущ».

        2023 гъэм щегъэжьауэ, егъэджэныгъэм къыщагъэнэIуэнущ «дыщэ стандарт» зыфIаща, школыр къэзыуха дэтхэнэ зыми бгъэдэлъыпхъэ  щIэныгъэм и мардэр. А зэхъуэкIыныгъэхэр уней школхэми ялъэIэсынущ. Абы къикIращи, егъэджэныгъэмкIэ министерствэм и пщэ делъхьэж къэрал программэхэр, еджакIуэхэр зэреджэну тхылъхэр зытхынухэм ятеухуа унафэр къищтэну. 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 3I пщIондэ ятха еджакIуэ тхылъхэр илъэситхум и кIуэцIкIэ фIэкIа лэжьэжынукъым. Иджыри къэс езы школхэм къыхахыну хуитащ зэреджэну программэхэри Iэмэпсымэхэри. А хуитыныгъэр абыхэм дяпэкIи къыхуагъэнэнущ, ауэ программэхэм ярыт щIэныгъэр къэралым къыбгъэдэкIыу щытынущ. КъинэмыщыIауэ, гулъытэ хуащIынущ еджакIуэ тхылъхэм ярытымрэ ЕГЭ-м къыхэхуэ упщIэхэмрэ зэтехуэу щытыным.  Тхыдэр зэрырагъэджынур Президентым и дэIэпыкъуэгъу Мединский Владимиррэ МГИМО-м и ректор Торкунов Анатолийрэ ягъэхьэзыра тхылъыщIэхэмкIэщ.

                                               ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться: