Унэидзыхьэ

Нобэ интернетыр къызэIупхамэ, видео пычыгъуэхэм щIэх-щIэхыурэ урохьэлIэ, хьэгъуэлIыгъуэ е нэгъуэщI гу­фIэгъуэ зэхыхьэм утыкум къафэу ит пщащэм щIакIуэ трапхъуэрэ, щIалэхэм ирахьэжьэу. Ар адыгэ хабзэм и зы Iыхьэщ, адыгэр зэсэжащ. Ауэ апхуэдэ видео роликхэм кIэщIэтхыхь цIыхухэм я гупсысэкIэр апхуэдизкIэ зэ­техуэркъыми, гъэщIэгъуэн куэд ятх. Адыгэми апхуэдэ хабзэм зыри хэзымыщIыкIми къаIуатэ гупсысэхэм укъегъэуIэбжь, а Iуэхум лъабжьэ хуэхъур зэрамыщIэм куэдым урегъэгупсыс. Пэжщ, псоми зэхуэдэу зыгуэр ягу ирихьыр­къым, е зэхуэдэу Iумпэм ящIыр­къым. Щхьэж и еп­лъы­кIэ иIэжщ, ауэ, дахэми-Iейми, ди лъэпкъ хабзэу ­къекIуэкI унэидзыхьэм и куп­щIэм иджыри зэ ди газет напэ­кIуэцIым ды­щытеп­сэ­лъы­хьыну игъуэу къэтлъытащ. 

Унэидзыхьэр къызыхэкlар Iуэхугъуэ Iэджэм епхауэ щытауэ жыпlэ хъунущ: адыгэ хабзэм идэу щытакъым, цlыхубзыр езым и унафэкIэ зыфlэфlым дэкlуэну. 
Щlалэмрэ хъыджэбзымрэ зэ­гуакlуэрт, зэрышэнуи зэгурыlуэрт. Ауэ хъыджэбзым езым и унафэкlэ дэкlуэ зэ­рымыхъунур ищlэрти, щlалэм жриlэрт:
- Сэ уэ псэуэгъуу сыбдэкlуэну си гуапэщ икlи сыхьэзырщ, ауэ си lыхьлыхэр зэрыткlийр уэри бощlэ, къыслъыхъуи, сыкъуатмэ, сыхьэзырщ.
Хъыджэбзыр арэзыуэ жэуап къызэрыритам щlалэр игъэгушхуэрти, хъыджэбзым лъыхъун иригъажьэрт. Апхуэдэ Iуэху­хэм фlыуэ щыгъуазэ лlы къилъыхъуэрти, игъакlуэрт хъыджэбзым лъигъэхъуну. Зэ­рыхабзэти, кlyap хъыджэбзым я деж дэмыхьэу, нэхъ зыхуэфащэ гуэрым бгъэдыхьэрти, «мыпхуэдэм сралIыкlуэщ, мы­пхуэдэ фи хъыджэбзымкlэ бла­гъэ фыкъащIыну мурад къыф­хуащlати, сыкъагъэ­кlуащ», - жриIэрт.
- Захуэщ, хъыбар зыщlапхъэ­хэм яжесIэнщи, жэуапыр пIэ­рызгъэхьэжынщ, - жиIэрт зыбгъэдыхьам. 
Ар къыжезыIэр анэшынкIэ хъунт, пхъурылъхункIэ хъунт, адэ къуэшынкIэ хъунт.
Абы пхъур зейхэм хъыбар яригъащIэрт. «Мыпхуэдэм благъэ фыкъащIыну мурад ящIауэ къыфлъохъу!», - жиlэрти. Хъыджэбзыр зейхэм къыж­раIэнкIэ хъунут:
- Фэрэ дэрэ лъэпкъкlэ дызэ­хуэдэкъым, фэ фхуэфащэ зыгуэр къэвгъуэти, къафшэ!
Хъыджэбзым лъыхъу щIалэм и щхьэр зэригъэгугъэжымкlэ, а зылъыхъум и дэлъхухэм хуэдэр кlэсу къихьыну лlыгъэ иIэт. Ауэ имыIэр лъэпкъьщIэт. Мобыхэм ауэ зэрыщlэупщIа къудейр я гум темыхуэу къагъэпудат. Лlыгъэ зыхэлъ адыгэ щlалэр, а езым нэхърэ нэхъ икIэхэм къагъэпуду даyэ игу те¬хуэнт?!
ЩIалэр абы хуабжьу къигъэгубжьырти, и щхьэр абы текIуадэми, хъыджэбзым и дэлъ­хуxэм ящыщ IэщIэкlуадэми идэрт, хъыджэбзыр лIыгъэкIэ къатрихмэ.
Мис а зэгуэпым къыхэкIыу хъыджэбзыр лIыгъэкIэ къатрихыну мурад ищIырти, иужь ихьэрт. 
Пасэрей хъыджэбзхэр къэп­хьын хуэдэу дэнэ и дежи къыщыппэщIэхуэртэкъым, дэнэ хуейми ягъакIуэу щытакъым. Ар зэкъуэхуауэ къы­пэщIэзыгъэхуэн къилъыхьуэрт щIалэм. Дауэ хъуми, щlалэм и ныбжьэгъу гуп дэщIыгъуу кlуэрти, хъыджэбзыр къихьырт.­
Зи хъыджэбз яхьахэр хуабжьу къызэгуигъэпырт абы. Пхъэ­рыр кIэлъыщIэпхъуэрти, щIа­лэр щаукIи къэхъурт, хъы­джэбзыр къыщытрахыжи щы­Iэт. 
Мыпхуэдэуи къэхъурт: щIалэм хъыджэбз гуэр къишэну мурад ищIырт. Хъыджэбзым и мурадыр щыхуиIуатэкIэ: «Алыхь­-алыхь, зэуэ уигу къы­зэрыкIа къудейр сыту фIыт, уэ пхуэдэ дыдэт сэри къэслъы­хъуэр, зэрыжыпlэххэу занщlэу сыбдэмыкlуэни!», - жиIэрти, ­хуабжьу къигъэпуду щlалэм жэуап къритырт, къызэримы­пэсу. Ар щIалэм игу зэрытехуэн щыIэтэкъыми, кърихьэ­жьэрт. 
ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ фlыуэ зэрылъагъуу, зэрышэнуи зэрыгъэгугъауэ, хъыджэбзыр езыр зыхуэмей нэгъуэщI зыгуэрым иратыну Iуэху зэрахуэ щыхъукlэ, хъыджэбзым зы­пылъ щIалэм хъыбар иригъащIэрт:
«3алымыгъэкIэ лIы срат, лlыгъэ уиIэмэ, уэ пщIэныр уэ пщIэжынщ», - жиIэрти. Зи гурбияныгъуэ щIалэр абы къигъэгубжьырт, «сlэщIокI», жиIэрти, гужьейрти, хъыджэбзыр къимыхьыну Iэмал имыIэу иужь ихьэрт. Ари ещанэ лIэужьы­гъуэт.
Щlалэмрэ хъыджэбзымрэ зэ­гуэкlуауэ, Iэджэ щIауэ зэ­пылъу, лъэпкъкlи зэхуэдэу щы­зэрихьэлlэ щыIэт. Ауэ уасэ куэд къыжраlэрэ, щlалэм хузэ­фIэмыкlыу, хъыджэбзыр нэ­гъуэ­щIым иратын хъумэ, щIалэр абы игъэгужьейрти, къихьырт. Ар еплIанэ лIэужьы­гъуэт. Мис абыхэм яхуэдэ Iуэ­хугъуэщ хъыджэбз яхьыныр къызыхэкIыу щытар.

Унэидзыхьэм и хабзэр зэ­рекIуэкlыу щытар
Хъыджэбзыр къэзыхьыну мурад зыщIа щlалэм и ныбжьэгъу гуп къызэхуишэсырти, тIэкIуи иригъафэт, Iуэхум нэхъ тегушхуэн щхьэкlэ. Абы иужькlэ ахэр къыщIриджар яж­риIэрт. «ФыкъыздэIэпыкъу!» - жиIэрти, ныбжьэгъухэм елъэIурт, къуэш хуэдэу къы­къуэувэну зэращыгугъри яж­риIэрт. Апхуэдэу игурэ и щхьэ­рэ зэтелъу щелъэlукIэ, дэтхэнэ адыгэ щIалэрат, «сэ сошынэри сынэкIуэфынукъым», - жы­зы­Iэнур? Псори хьэзырт ныбжьэгъум и лъэlур хуагъэзэщIэну. Ныбжьэгъур зымыгъэпэ­жын­рэ, абы щхьэкlэ зи псэр зы­мы­тынрэ зыри яхэттэкъым. Па­сэрей адыгэхэм ныбжьэгъур къуэш дыдэм хуэдэу ялъытэу щытащ.
Унэидзыхьэ кlуэнум ауэ нэуфIыцlщхьэрыуэу гуп ириша­жьэртэкъым. ЯпэщIыкlэ хъы­джэбзым зэкъуэхуауэ щрихьэлIэн щlыпlэр зэзыгъэпэщ къилъыхъуэрт. Ар зэпсэлъа и хэгъэрейми хъыбар къригъащlэрт: «Мыпхуэдэ пщыхьэщ­хьэм фыкъекlуалlэ», - жиlэрти. Гур зэщlащIэрт, щlалэхэр итIыс­хьэрти, ежьэрт. А зэп­сэлъылlам екlуалlэрти, хъы­джэбзыр къапэщlигъахуэрт.
Хъыджэбзым и Iыхьлыхэм псынщlэу хъыбарыр зэхахмэ, пхъэрыр щlэхыу иужь ихьэрт. Пхъэрыр къалъэщIыхьэмэ, хьэ­­лэч зэрыщlырти, хъыджэбзри трахыжырт.
Пхъэрыр къалъэщIэмыхьэу хъыджэбзыр ирахьэжьэмэ, щlалэм я унэратэкъым здихьыр. Я унэм ихьмэ, псынщlэу къагъуэтынурэ трахыжынут. ПщIэ иlэу къуажэм дэс нэхъ лъэрызехьэ гуэрым и деж ирихьэлlэрти, абы къан хуищlырт. Хъыджэбзыр абы ирихьэлIэрти, езы щlалэри я унэ мыкlуэжу, зыгуэрым щауэ ­къан за­хуищlырт.
Хъыджэбзыр зрахьэлlам а Iуэхур зэфlимыгъэкlыфу хъы­джэбзыр фlахьыжмэ, и напэр тeкlaт, и лlыгъэри, и нэмысри кlуэдат. 
Къэзыхьам хъыджэбзым и Iуэху лъэпкъ зэрихуэртэкъым, а зрихьэлlам зэрызэфlигъэкIынур ищIэрти. Псори а зрихьэ­лlам и пщэ дэхуэрт, абы зэ­реджэр «тешэрэщт».
Абы зылl хъыджэбзым я деж игъакlуэрт. «Фи хъыджэбз цlы­кlур ди деж щыlэщ, фымыгузавэ, адыгагъэ хэлъу хабзэкlэ дызэвгъэувалlэ, Тхьэм зэриухам хуэдэу Iуэхум кIэ едвгъэт, фи благъагъэр ди гуа­пэу аращ Iуэхур зытет­щlыхьари, дахэкlэ дызэ­кIэ­лъывгъа­кIуэ жаIэри сыкъагъэкlуащ», - яжриlэрт.
Хъыджэбзыр здэщыlэр ­къы­зэ­ращlэу, ар зейхэр къэсырт, хъыджэбзыр яшэжын мурад яlэу. Ауэ хъыджэбзыр кърагъэгъуэттэкъым, дауэ ящl­ми. ­А здэщыlэм и нэмысым ­фlо­­лlыкl­хэри, lей зыкъыхуа-­  щlу къажьэхэ­фыщlы­хьы­фыр­къым. Iуэхур ща­гъэткIийм, ­къуа­жэм пщIэ зыхуащIу дэсхэр къыхашэрт.
Адыгэ лlыжьхэм апхуэдэ Iуэху Iэджэ зэфlагъэкlыурэ есати, кlэ ирамыту етIысэхынутэкъым. Арати, жылэр и телъхьэ хъурти, нэчыхьыр ятхырт. Псори зэ­фIэкlыу нысэр зейм ишэжын щыхъукlэ, зрахьэлlам, езым ипхъу яшэ хуэдэу, фызышэу дригъэ­шыжырт.
Нэщхъеягъуэ къыщыхэкI щыIэт

Унэидзыхьэр мы зэрыжытlам хуэдэу сытым дежи мамыру зэфIэкIыртэкъым. Абы гуауэ къыщыхэкI къэхъурт. А Iуэхум пхъур зейхэр къызэгуигъэпырт, икъукlэ къигъэгубжьырти, зэпэ­щIэувэрт.
Унэидзыхьэм къыхэкIыу Ина­ры­къуей мыпхуэдэ бэлыхь къы­щыхъуауэ щытащ 1914 гъэм:
Зы щlалэрэ зы хъыджэбзрэ зэгуэкIуат. ЩIалэм къишэну мурад щищIым, хъыджэбзым къыжриIащ: 
- УкъыслъыхъукIэ зэфIэкIынкъым, сыхь! – жиIэри. Хъыджэбзым и анэ къилъ­хуауэ дэлъ­хуиплl иIэт. Ахэр щыдэмыс зы пщыхьэщхьэ гуэру хуигъазэри, щIалэм зигъэхьэзыращ къихьыну. И благъэ, и ныбжьэгъу гуп зэхуишэсри, яжриIащ:
- Мыращ си мурадыр, хъы­джэбзымрэ сэрэ дызэгурыIуауэ къэсхьынущи, фыныздэкIуэ! 
Зэрыхабзэти, фадэбжьи зэд­рафщ, гу зэщIащIэри, кIуащ. ЗдэкIyaм, зэрыгугъам хуэдэу тыншу къапэщlэхуэри, хъы­джэбзыр къыщIахащ.
Хъыджэбзыр бжэм къыщlаха къудейуэ, унагъуэр зейм я пхъу­рылъху лIы гуэр Iуэху иIэу дыхьащ, зыри химыщIыкIыу. ЛIым сэшхуэ пцIанэ иIыгът, зы­щIыпlэ кърихыжуи, мо зэрызелъафэ гупыр щилъагъум, яхэ-лъадэри, яхэуэу хуежьэри, зы анэм къилъхуауэ тIy яхэтти, ­тIури иукIащ. Хъыджэбзыр зыхь щIа­лэм епыджри, уlэгъэ ищIащ. Абы хъыджэбзыр яIуэ­хужынт, хьэдитIри уIэгъэри къы­дашыжри, къыдэкlыжащ. ИукIа щIалитIым ади, ани, къуэши, шыпхъуи зыри яIэтэкъым ялъ зыщIэжыни, я бжэр хуащIыжащ. Мыдрей щIалэ уIэгъэри, абы иужькIэ щIагъуэ дэмыкIыу лIащ. Дауэ хъуми, лIищыр триукIащ.
Ахэр зэрыукIыу Iуэхур зэфIэ­кIакъым. Къэзыхьыну щIалэм и анэ къилъхуауэ шынэхъыжь иIэт. Абы илъ имыщIэжу игъэгъуну Iэмал иIэтэкъым.
Хъыджэбзым и дэлъхухэм щIалэм и къуэшым деж къагъэкIуащ: «Бэлыхьыр къытхуэ­зыхьам Тхьэм къыхуимыгъэ­гъукIэ, Алыхьым и нэлатыр къытихуэ! Ди Iуэху хэлъкъым, дыщыIакъым. Къэхъуа Iуэхур уэ узэ­­ригуауэм ещхьыркъабзэу дэри ди гуауэщ. Бэлыхьыр дяку къыдэзылъхьар уэ узэрибийм ещхьыркъабзэу дэри ди бийщ!» - жаIэри. КIэщIу жыпIэмэ, хабзэкIэ хъыбар кърагъэщlащ. Пэжу, я Iуэху хэлътэкъым, зыри хащIыкIатэкъым.
Лажьэ зимыlэ лъэпкъитIыр бий зэхуэхъуащ, яукIам и къуэш­ми илъ имыщIэжынкIэ Iэмал имыIэу, ари пэплъэ хъуащ. Ауэ хъыджэбзым и дэлъхухэм яхуэзэми, я гугъу ищlыр­тэкъым, «абыхэм сыт я лажьэ», - жиlэрти. Ахэр зыукIам и анэ къилъ­хуауэ къуэш иlэти, абыи и гугъу ищlыртэкъым: «Ар жейуэ пlэм хэлъащ, сыт и лажьэ», - жиlэрти. Ахэр къэзыукIа дыдэм еща­кIуэурэ, еуэри иукlыжащ. ИкIи и къуэшым лIыкIуэ хуищIащ:
- Си къуэшыр иукIати, уи ­къуэшыр сукIащ. Ар умыдэнумэ, уэри абы укIэлъызгъэкIуэну сыхьэзырщ! 
- КъуищIар епщIэжащ, си къуэш­ми, лей зэрихьати, къы­хуэгъуакъым, зыкIи биигъэ пхузиlэкъым! - жиIэри абыкIэ ­яухащ зэбииныр.
Пасэрей фыз къэшэкIэм мис апхуэдэ нэщхъеягъуэ къы­хэкIырт. Ахэр къыщIэхъур цIы­хубзыр и щхьэ хуиту, езыр зыфIэфIым дэкlуэ хъууэ зэры­щымытаращ. 

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: