Нэщхъеягъуэ инт къэхъуарЖэпуэгъуэм и 13 - 14 махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым фэеплъ Iуэхухэр щрагъэкIуэкI илъэс пщыкIубл хъуауэ. Нобэ республикэм и дэнэ щIыпIи ягу къыщагъэкIыж террористхэр Налшык къыщытеуам насыпыншагъэу ди цIыхухэм къыхуахьар, мамыр псэукIэр къызэтракъутэну зэрыхэтар, унагъуэ куэд гуауэм зэрыхадзар. Ауэ щIэпхъаджащIэхэм, зылI и быну, щхьэмыгъазэу япэщIэуват республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. ЛIыгъэ зэрахьэу, я псэ емыблэжу, икIи зэман кIэщIым къриубыдэу абыхэм яхузэфIэкIат цIыхуукIхэр къагъэувыIэн, щIыналъэр зыхадзэнкIэ хъуну щыта гузэвэгъуэшхуэм кърагъэлын, зэшзэзауэ кърагъэжьар ягъэупщIыIужын. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къалэ къытеуауэ щытащ боевик 300-м нэблагъэ. Абыхэм яхэтащ гъапцIагъэкIэ а гупым зыхашахэри, я щIалагъэкIэ я акъыл хунэмысу, ирагъэщIэну Iуэхугъуэхэм щымагъуэзэххэу щIэпхъаджащIэхэм къахэхутахэри.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 16:43 →
Iэщ щхьэ бжыгъэм хэхъуэн папщIэ
07.05.2024 - 13:28 →
ГъащIэм цIыхур егъэунэху
07.05.2024 - 10:18 →
Адыгэхэр дэни щылэжьакIуэшхуэщ
06.05.2024 - 17:00 →
ПэIущIэм нэсахэщ
06.05.2024 - 16:55 →
Пшадэрэ Пщыщэрэ
|