МашинэщIэхэр иратащ

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­КъБР-м щыIэ МВД-м и къудамэхэм яритыжащ автомашинэщIэу 27-рэ. Ахэр къащэхуащ УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къы­халъхьа «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу. 

- Иужьрей илъэсипщIым ягъэзэщIа гъуэгу проект нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ ар. Гъуэгу шынагъуэншагъэр егъэфIэкIуэнырщ абы и къалэн нэхъыщхьэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс къэс шынагъуэншагъэм и жыпхъэхэм изагъэу авто­мобиль гъуэгуу километри 100 хуэдиз щIэуэ щаухуэ. ЦIыхухэр зыхэкIуадэ къэхъукъащIэхэу щIыналъэм и гъуэгухэм къыщыхъухэр нэхъ мащIэ ­хъуащ. Республикэм и ГИБДД-м и къудамэхэр техникэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщри сэбэп хъунущ гъуэгухэм шынагъуэншагъэр ще­гъэфIэ­кIуэнымкIэ, цIыхухэм я гъащIэр хъумэнымкIэ, - къыхигъэща щIыналъэм и Iэтащхьэм.

Поделиться: