Налшык щызэIуощIэ![]() КИФЩI-м лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспекцэм и унафэщIхэр Иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм лэжьыгъэмкIэ я къэрал инспекцэхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ. Ахэр тепсэлъыхьащ КИФЩI-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я IуэхущIапIэхэм лэжьапщIэмкIэ ятелъ щIыхуэхэмрэ, ахэр зытегъэкIыжа зэрыхъуну щIыкIэхэмрэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и «Роструд»-м Финанс кIэлъыплъыныгъэмрэ щIыналъэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэхэр унэтIынымкIэ и управленэм и унафэщI Кобельков Максим, КИФЩI-м лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспекцэхэм я къалэнхэр зэгъэкIунымкIэ жэуап зыхь – КъБР-м лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспекцэм и унафэщI Тогузаев ТIэхьир, КИФЩI-м я апхуэдэ къудамэхэм я унафэщIхэр. Кавказ Ищхърэм и щIыналъэхэм, КъБР-м я IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм лэжьапщIэмкIэ ятелъ щIыхуэхэр зытрагъэкIыжыным кIэлъыплъыныр къэрал инспекцэхэм я къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр къыщыхагъэщащ зэIущIэм икIи ар гъэзэщIа хъуным ехьэлIауэ я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэнэIуащ. КъимыдэкIэ къалъытащ, IуэхущIапIэхэм лэжьапщIэхэр зэрат щIыкIэр я нэIэ щIагъэтын, къэралым и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм ящIыгъуу апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр здэщыIэхэр къыщIэгъэщауэ зэгъусэу ахэр гъэзэкIуэжынымкIэ зэдэлэжьэн зэрыхуейр. ЩIыналъэхэм ит IуэхущIапIэхэм ятелъ щIыхуэхэм нэмыщI, зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ЛэжьыгъэмкIэ къэрал инспекцэхэм жылагъуэ-политикэ Iуэхуу ирагъэкIуэкIхэм. ИкIи абы ехьэлIауэ я IэнатIэм хэлъ щIэхэмкIэ, Iуэху еплъыкIэ щIэщыгъуэхэмкIэ зэхъуэжахэщ. Хэхауэ къытеувыIащ IэнатIэ пэрыт цIыхухэм яхуэгъэзауэ щыIэ хабзэхэр къызэпымыудын, ахэр нэсу гъэзэщIа хъун я лъэныкъэкъуэкIэ зэфIагъэкIхэм.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
16.03.2025 - 14:48 →
КъэбгъэIурыщIэмэ, лъагэу уиIэтынущ
15.03.2025 - 12:44 →
КърихьэлIат нэхъыжьи нэхъыщIи
|