Жылагъуэ

Вирусхэр мылIэ-мыпсэущ

ЦIыхум куэд щIауэ ецIыху уз зэрыцIалэхэр.

Дзэ къулыкъум и пщIэр лъагэщ

Илъэс 30 ипэкIэ дзэм къулыкъу щызымыщIа щIалэхэм пщащэхэр еплъу щытакъым, гуащIэмащIэу, сымаджэрилэу къащыхъурти. ИужькIэ, ди къэралыр зэблэхъугъуэ лъэхъэнэм щыхыхьэм, адэ-анэхэр щышынэ хъуащ дзэм, икIи я быныр ныкъуэдыкъуэу тхылъ нэпцI хузэрагъэпэщынут, абы ямыгъэкIуэн щхьэкIэ. Иджы, ди гуапэ зэрыхъунщи, дзэм къулыкъу щыщIэным пщIэрэ щхьэрэ пылъ хъуащ, зэрыжаIэмкIэ.

Индием хуаIэ пыщIэныгъэхэр ирагъэфIакIуэ

       

Мэзкуу къалэм и «Урысейр нобэ» мультимедийнэ пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ щызэхэтащ Индиемрэ Урысей Федерацэмрэ я ХIV бизнес-зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ къэралитIым я сату, хьэрычэт зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьыным.

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм къэрал властым и федеральнэ органхэмрэ Мэзкуу и Правительствэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и лIыкIуэу Мэзкуу щиIэ - КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Губин Геннадий.

ЦIыхухэм ящыгъупщэркъым

 Мэкъумэш лэжьыгъэхэм я ветеран, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэта БытIэ Хьэчим унафэщIу IэнатIэ куэдым пэрытащ, лэжьакIуэфIым и щапхъэу, ныбжьэгъу пэжу, нэхъыжьыфIу псэуащ. Ар къызэрытхэмытыжыр куэдым ягу къоуэ нобэр къыздэсым, абы теухуа тхыгъэ зэхуэмыдэхэри къытхуатх.

Илъэс лэжьыгъэр къипщытэжащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм 2023 гъэм иригъэкIуэкIа кIэух зэIущIэм къыщипщытэжащ и лэжьыгъэр. Абы и унафэщI Берд Хьэзрэталий къыщыпсалъэм зэрыжиIамкIэ, палатэм, гъащIэм къызэригъэувам тету, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэу 100 щIигъум щытепсэлъыхьащ, дэтхэнэ зыми жэуап нэс игъуэту. Ар зи фIыщIэу къилъытар и лэжьэгъухэм дагъуэншэу я къалэныр зэрагъэзэщIарщ.
 УнафэщIым жиIащ къэралым и гулъытэ хуэныкъуэхэм ядэIэпыкъунымрэ Украинэм къалэн хэха щызыгъэзащIэ ди цIыхухэм я унагъуэхэм зыщIагъэкъуэнымрэ Жылагъуэ палатэм и лэжьыгъэр нэхъ тегъэщIауэ зэрыщытар.

ЛIыхъужьхэмрэ фэеплъхэмрэ

Налшык ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ «Нам доверена память. Памятники в битве за Кавказ» зэIущIэр. Ар теухуауэ щытащ Кавказыр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIахыжу щхьэхуит къызэращIыжрэ илъэс 80 зэрырикъум.

Темыркъан Юрэ и гупсысэхэр

*   *   *

ИлъэсыщIэ тыгъэ

ИлъэсыщIэм ипэ иту ди республикэм и кIэм щынагъэс гъэ псом зэфIагъэкIын хуейуэ яубзыхуа Iуэхухэр.
Апхуэдэу Ислъэмей къуажэм и кIэм щынэблэгъащ «Щэнхабзэ» пэхуэщIэм хиубыдэу зэрагъэпэщыж ЩэнхабзэмкIэ унэм иращIылIэ лэжьыгъэхэр. 1957 гъэм цIыху 450-рэ щIэхуэу ящIа унэр 2010 гъэм лъандэрэ къагъэсэбэпыжыртэкъым, кхъахэ хъуауэ щытыкIэ шынагъуэм зэритым къыхэкIыу. Псом хуэмыдэу зыпэмылъэщыжыр гъуанэпщIанэу телэжьыкIа унащхьэмрэ блын къэчахэмрэт.

Гъэм и кIыхьагъкIэ

«Псы къабзэ», «Къуажэхэм зегъэужьын» кэрал программэхэм хиубыдэу Аруан, Старэ Шэрэдж къуажэхэм псы зрикIуэ бжьамий километритI щыщIалъхьащ.

Пэжым и телъхьэу

Лъэпкъ щIэжым къигъэув Iуэхугъуэхэм ящыщщ фэеплъыр хъумэныр.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ