|
Жылагъуэ
1 января, 2024 - 09:13
КъБР-м и lэтащхьэ Кlуэкlуэ Казбекрэ КъБР-м къэралкlуэцl lуэхухэмкlэ и министр Павлов Василийрэ полицэм и лэжьакlуэхэм фэтэр lункlыбзэхэр иратыжащ. Унэщlэм щlэтlысхьэжынухэм защыхуигъазэм lэтащхьэм фlыщlэ яхуищlащ Урысейм и Президент Путин Владимиррэ УФ-м и МВД и Унафэщl Колокольцев Владимиррэ, хабзэхъумэ lэнатlэм зиужьыным гулъытэ хэха зэрыхуащlым щхьэкlэ. - Дэ дырищыхьэтщ къэралкlуэцl lуэхухэмкlэ министерствэм и мылъку-техникэ лъабжьэм еужьэрэкlыу зэрызиужьым, автомашинэхэмрэ техникэхэмрэ щэ бжыгъэкlэ къызэращэхум.
1 января, 2024 - 08:47
Илъэсыщlэр къихьэным и пэ къихуэу КъБР-м и lэтащхьэ Кlуэкlуэ Казбек яхуэзащ урысейпсо школ олимпиадэхэм, сабийхэм я зэчийр щагъэлъагъуэ зэпеуэхэм, спорт зэхьэзэхуэхэм щытекlуа ныбжьыщlэхэм. Зэlущlэм кърихьэлlащ КъБР-м и Парламентым и Унафэщl Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и Унафэщl Мусуков Алий, абы и къуэдзэ Хъубий Марат, министрхэр, жылагъуэ лэжьакlуэхэр. Илъэс къэс екlуэкl апхуэдэ зэlущlэм хэтащ волонтерхэр, юнармейцхэр, «Пэрытхэм я зэщlэхъееныгъэм» хэтхэр, еджакlуэ самоуправленэм и пашэхэр, лlыгъэрэ хахуагъэрэ къэзыгъэлъэгъуа сабийхэр.
31 декабря, 2023 - 10:44
ИлъэсыщIэ дызыпежьэм ирихьэлIэу Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и «Эльбрус» СОБР-м и лэжьакIуэхэр, «Iуэху хэха зыгъэзащIэ Уае Дадэ» урысейпсо акцэм хыхьэу щыIащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъум и унагъуэм.
31 декабря, 2023 - 07:51
КъБР-м и lэтащхьэ Кlуэкlуэ Казбек дыгъэгъазэм и 30-м КъБР-м и Правительствэм хэтхэмрэ щlыпlэ администрацэхэм я lэтащхьэхэмрэ ядригъэкlуэкlа зэlущlэм къулыкъущlэхэр щыхуэщыгъуащ къэрал, политикэ лэжьакlуэ цlэрыlуэ, экономикэ щlэныгъэхэмкlэ доктор, профессор, Естественнэ щlэныгъэхэмкlэ Урысей академием и действительнэ член Къэрмокъуэ Хьэчим Мухьэмэд и къуэм.
30 декабря, 2023 - 13:03
Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зыхэт, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм дэлэжьэнымкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и деж щыIэ щIыналъэ зэзыгъэуIу советым и зэIущIэшхуэ екIуэкIащ.
Зэхыхьэм КъБР-м и Iэтащхьэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ щытепсэлъыхьащ щIалэгъуалэм я IуэхущIафэхэм, абыхэм я мурадхэм, ахэр гъэзэщIэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
КIуэкIуэ Казбек жиIащ щIалэгъуалэм я жэрдэмхэр зэрыдаIыгъынур, ахэр зыхущIэкъухэр зрахъулIэнымкIэ нэхъыжьхэр сыткIи дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъунур.
30 декабря, 2023 - 12:27
«Iуащхьэмахуэ» журналым и еханэ илъэс къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Дэтхэнэ адыгэ цIыхуми фIэгъэщIэгъуэ-нын абы къызэрыригъуэтэнум шэч хэлъкъым.
30 декабря, 2023 - 12:02
ЦIыхубэм я Iуэху еплъыкIэхэр къэхутэнымкIэ урысейпсо центрым (ВЦИОМ) иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым (пэхуэщIэм) лъэныкъуэ зыбжанэмкIэ бжьыпэр щиIыгъщ къэралым.
30 декабря, 2023 - 11:01
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэрал Советым и илъэс лэжьыгъэр къыщапщытэж зэIущIэм ипэ къихуэу, Кремлым щагъэува «ХъуэпсапIэхэм я псейм» иджыри письмоуищ къыфIихащ.
30 декабря, 2023 - 10:00
КъБР-м и Правительствэм и Унэм республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щригъэкIуэкIащ Инвестицэхэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ советым хэтхэм я зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ а IэнатIэхэмкIэ ди щIыналъэм игъуэт зыужьыныгъэм.
30 декабря, 2023 - 08:00
Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий Ильяс и къуэр ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа ди IэщIагъэлI пажэхэм. Филолог-еджагъэшхуэр ЩIДАА-м и академикщ, Къандурым и цIэр зезыхьэ дунейпсо саугъэтым и лауреатщ. БакIуум къыфIаща щIыхьыцIэхэм иджыблагъэ иджыри къахэхъуащ.
Страницы
|