|
Литературэ
19 августа, 2020 - 05:03
УНАГЪУЭ Iуэхум дыкъыдэмыхуэу гъатхэ махуэ хуабэхэр хуэму екIуэкIырт. Илъэситху фIэкIа сымыхъуами, зэбгъэтIылъэкI мыхъун къалэн Iэджэ пщэрылъу сиIэт. Ди адэ-анэр лэжьакIуэ кIуа нэужь, си къуэш нэхъыщIэхэм сакIэлъыплъын, ди анэшхуэ Фаризэт сыдэIэпыкъун хуейт. А псом и щIыIужкIэ, пхъэ тыкъырхэмрэ нартыху жэпкъхэмрэ зэман-зэманкIэрэ пэшхьэкум издзэн хуейт, мафIэр зэхэмыкIыжын щхьэкIэ.
14 августа, 2020 - 05:05
Пушкин Александр
XXXII
Хэмылъу шэч, къыхуэлъэгъунут
Зыхуейм Татьянэ и пIейтейр,
Хуэдгъэгъу ар щхьэдэIуххэм хъунут:
Ягуэшырт-тIэ дэлэн ин Iейр
(ЖытIэнти пэжыр, шыугъэIуэр);
Сагъызу я щхьэтепIэ щIыIур,
Бащырбэхэм цимлянскэр итщ,
Ефэнур, IэфIыр къахьыр, хуитщ;
Къахьащ абдж бгъузэ, ар зракIэ,
Бгы псыгъуэхэм сигу къагъэкIыж
Зизи; сэ си псэм хэмыкIыж,
Уезгъэщхьырт уэ абдж псынщIэ
щхъуакIэм;
ФIылъагъуныгъэм и абдж щыкъу,
Узэрыслъагъур сримыкъут.
7 августа, 2020 - 05:17
Етхуанэ Iыхьэ
ПщIыхь шынагъуэ ухуэмей,
Уэ, сэ си Светланэ!
Жуковский
I
7 августа, 2020 - 05:10
Ар 1925 гъэм Амман къалэм хыхьэ Мухьэджрин хьэблэм къыщалъхуащ. Фэуаз и адэ Махьейр пащтыхь гвардием илъэс 15-кIэ пщIэрэ щхьэрэ иIэу къулыкъу щищIащ. Къэзылъхуам ижь къыщIихуагъэнщ къуэми. 1942 гъэм Фэуаз дзэм хохьэ. СССР-р зауэ бзаджэм щыIут зэманым ЩIыкурытыхымкIэ (Средиземнэ тенджыз) Америкэм кърашу Палестинэм, Трансиорданием, Иракым, Ираным блаш Iэщэр, гуэдзыр, хьэпшыпхэр зыхъума гупым яхэтащ Бырмэмытыр.
7 августа, 2020 - 05:08
Куэд щIакъым илъэс 70 гъащIэ гъуэгуанэр зэригъэлъапIэрэ Урысеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щIыхь зиIэ я ухуакIуэ Аргун Олег Абубэчыр и къуэм.
29 июля, 2020 - 05:05
Урысей Федерацэм, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м и Художникхэм, Журналистхэм, ТхакIуэхэм я союзхэм хэт Къат Теувэж ди къэралым фIыуэ къыщацIыху, абы и цIэр щащIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми, Тыркуми, Европэми.
17 июля, 2020 - 05:08
Илъэсищэрэ щэ ныкъуэм щlигъуащ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ. Абы лъандэрэ хэхэс адыгэхэр хамэ щIыналъэхэм щопсэу, я хэкум пэIэщIэу, я хабзэмрэ я бзэмрэ зэрамыгъэкIуэдыным егугъуу.
17 июля, 2020 - 05:05
Си адэр куэдрэ си нэгу къыщIохьэ мыпхуэдэу: ар щIым хоплъэ, пхыплъыну хэт фIэкIа умыщIэну. ИужькIэ уафэм ходэIухь, зэми и нэр быдэу зэтрипIэу. Апхуэдэм деж сэри уафэм сыходэIухь, ву макъ гуэр зэхэсхыу къысфIэщIу. Нэхъыжьхэм къызжаIауэ сощIэ си адэр зауэм лIыгъэ зэрихьэу зэрыщыIар, кхъухьлъатэзехуэхэм зэрахэтар. Абы теухуауэ езым зыри къыбжиIэнукъым, сэ абы и гум щызэблэкI псор щызыхэсщIэнум сынэсакIэкъым. Ву макъ гуэр къэIуауэ къыщыхъуа – си адэр уафэм ходэIухь, и нэ къуэлэнышхуитIым, зэщIэлыдэу, зыгуэр щызолъатэ, зэми хьэндырабгъуэ къысщыхъуу.
Страницы
|