Щэнхабзэ

IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр

Налшык къалэм и Курзалым къыщызэIуахащ «Арт-эль» фестивалыр. Абы хыхьэу къызэрагъэпэщащ КъБР-м и IэпщIэлъапщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм я япэ выставкэр.

ЯтIэ гъэжьам къыхэщIыкIа лэжьыгъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI «Движение формы» гъэлъэгъуэныгъэр. Къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым и лэжьакIуэхэм Москва щыщ дизайнер Дурневэ Дарье и гъусэу къызэрагъэпэщащ мы выставкэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ художник 11-м я лэжьыгъэхэр. Газаевэ Разият – Налшык, адрейхэр Москва, Урысейм и нэгъуэщI къалэхэм щопсэу икIи щолажьэ.

Чувашхэм я зэхыхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр хэтащ Чебоксары къалэм дэт Чуваш драмэ театрым чуваш лъэпкъым и зэхуэсышхуэ щекIуэкIам.

Кавказым и сурэтыщI

Яхиханов Рустам Шэшэн республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщIщ, 1986 гъэм Грозный къалэм дунейм къыщытехьащ. гъэм Санкт-Петербург дэт къэрал академием сурэт щIыным ущыхурагъасэ и факультетым 2005 щIэтIысхьэри, «Адэжь щIыналъэ» зыфIища и диплом лэжьыгъэм щыщIэдзауэ, Урысейми Кавказми цIэрыIуэ щыхъуащ.

Шынэн зэрыщигъэту, гъуэгум тогъуэщыкI

      Мисрий Зуннун и цIэу дин щIэныгъэлIышхуэ псэуащ, телъыджэ куэд далъэгъуауэ, псалъэ шэрыуэхэр къызэринэкIауэ.

Жылагъуэ Iуэхухэм хуэжыджэрхэр

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым щагъэлъэпIащ илъэсым ­къриубыдэу щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьа­кIуэхэу ехъулIэныгъэ зиIахэр. 

Зым и нурым адрейр фагъуэ имыщIу

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и къежьапIэм деж щытахэм, псыпэр езышэжьахэм яхэтащ Сонэ Мухьэрбий. Япэ уитыныр, гъуэгугъэлъагъуэу ущытыныр зэрыкъалэн гугъур, жэуаплыныгъэшхуэ зэрыпылъыр фIыуэ къыгурыIуэрт абы.

Абы и вагъуэр зэи ужьыхынукъым

Шинкубэ Бэгърат япэ дыдэу сыщыхуэзар 1992 гъэрщ, абы щыгъуэм «Республика Абхазия» газетым сыщылажьэрт. Редакцэм къэпсалъэри, къысхуэзэну зэрыхуейр жиIащ. СощIэж а зэIущIэм сыгузавэу сызэрыкIуар. Москва дэт, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым сыщыщIэтIысхьэм, творческэ зэпеуэм сызэрыпхрыкIар Шинкубэ и «Къуршым и пшыналъэ» усэкIэ гъэпса романым щыщ пычыгъуэ зэздзэкIарщ. А махуэм дэ дытепсэлъыхьащ абхъаз литературэм, абы узыщрихьэлIэ гугъуехьхэм, зэдзэкIакIуэ Iуэхум.

Уи щхьэм ухуэщхьэпэжынумэ

 «Гу зимыIэ щыIэкъыми, КъурIэным и гур «Ясинырщ»» хьэдисыр куэдым зэхахагъэнщ. Мы тхыгъэ кIэщIым щызэхуэтхьэсащ ислъам щIэныгъэлIхэм къаIуэтэжауэ е ягъэунэхуауэ къытлъагъэIэса а сурэ лъапIэм къыдэкIуэ фIыгъуэхэм ящыщ зыбжанэ.
 «Ясиным» зэ къеджар КъурIэным 10 икIам хуэдэщ. Абы дуней гуныкъуэгъуэри пщхьэщех, ахърэт бэлыхьми укърегъэл. Уи щхьэри, уи унагъуэри, уи мылъкури къэзыхъумэ сурэщ «Ясиныр». Сурэр зэрыщытуи къыпщхьэпэнущ, абы и Iэятхэр щхьэхуэ-щхьэхуэуи къэбгъэсэбэп хъунущ.

Адыгэ макъамэм зезыгъэужьа

Фэеплъ

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ