Жылагъуэ

Нартыху IэфIым щохъулIэ

Гъэтхасэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэм нартыху IэфIыр гектар мини 2-м нэблагъэм щыхасэ. Лъэпкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэман зэхуэмыдэм мэхъу. Абы къыхэкIыу, зи гугъу тщIы къэкIыгъэ хьэлэмэтыр бжьыхьэкIэ дыдэ хъуху ди тыкуэнхэмрэ бэзэрхэмрэ щащэ.

Дыгъэм дисыжыну, хьэмэрэ уэшхым дилъэсыну?

Иужьрей илъэсхэм щIыуэпсым хьэдэгъуэдахэу зыкъызридзэкIри, зэрыщымытауэ зыкъыдигъэлъэгъуащ: Москва зэтезыкъута борэнхэр, гъэмахуэкум Мурманск щIэзыхъума уэсыр, машинэхэмрэ унащхьэхэмрэ зэхэзыкъута уэр, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зылъэса уэшх зэпымыухэр, Алтай щIыналъэм къыщепща жьышхуэхэр, Америкэм и зы щIыналъэ псо зысыжа мафIэсыр, щIы щхьэфэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ зэгуэзытхъа щIыхъейхэр… ЦIыху цIыкIур игъэгужьеят щIыуэпсым къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм. Уеблэмэ языныкъуэ щIэныгъэлIхэм хуагъэфащэрт «дуней къутэжыгъуэр» къэблэгъауэ. 

НэгъэцIу Хьэсэнбий и лIыгъэр

Мазаем и 15-р Урысей Федерацэм щагъэуващ я къалэн ягъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэу. Хэкур хъумэнымкIэ я пщэрылъ къалэныр къызыхуэтыншэу, я къаруи, я зэфIэкIи, уеблэмэ я гъащIи щымысхьу зыгъэзэщIа щIалэхэм ящыщ куэдым я къуэпсыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщежьат. А къалэн мытыншыр къызыхуэтыншэу зыгъэзащIэхэм, щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм я фэеплъхэр мыкIуэдыжынщ. А щIалэхэм зэрахьа лIыгъэм и инагъыр псом хуэмыдэжу зыхыбощIэ мы лъэхъэнэм, ди къэралым гъунэгъу щIыналъэм дзэ Iуэхугъуэ хэхахэр щыщригъэкIуэкI зэманым. 

Бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ

Урысей Федерацэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэу Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм продукцэу къыщIагъэкIащ сом мелард 89,5-рэ я уасэ, ар проценти 10,1-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. 

ЦIыхухэм зыIэщIалъхьэ

(Табыхъу Хьэзрит щIыуэпсымрэ псэущхьэхэмрэ ятриухуа и тхыгъэхэм щыщщ) 

Куэд щIащ псэущхьэхэм я гъащIэр цIыхухэм я IэмыщIэ зэрыралъхьэжрэ, яукIынуми яшхынуми хуиту. Зыр и фэм, цы дахэ зэрытетым щхьэкIэ, адрейхэр я лыр зэрыIэфIым къыхэкIыу, нэгъуэщIхэр - зэран хъу хуэдэу е цIыху гъащIэмкIэ шынагъуагъэ къашэу къызэралъытэм папщIэ.

Зыхуей хуагъэзэж

            Тэрч районым хыхьэ Дей жылэмрэ Прохладнэ щIыналъэм и Красносельскэ къуажэмрэ амбулаторэщIэхэр щаухуэнущ «ЦIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щрат IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» программэмкIэ. А IуэхущIапIэхэм иджыпсту я Iуэху зыIутым нэхъ гъунэгъуу зыщигъэгъуэзэну, ухуэныгъэщIэхэр  щащIыну щIыпIэхэр зригъэлъагъуну жылагъуитIми щыIащ  КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.

Хабзэр дывгъэхъумэ

 «Лескенская газета»-м и «Лэскэн акъужь» напэкIуэцIым иджыблагъэ къытехуа «Щхьэ лъэныкъуэм и хъыбарым» сэ хуабжьу сыщыгуфIыкIащ! Абы куэдым сригъэгупсысащ, а псом кърикIуэуи газетеджэхэм лъэIукIэ зыфхуэзгъэзэнут. Аращ нэхъыбэу си IэдакъэщIэкI тхыгъэр зытеухуар.

Зыми емыщхь гъуэгуанэ

Мы гъэм илъэси 100 ирокъу  Шапошниковым и цIэр зезыхьэ, щIыуэпс биосферэмкIэ Кавказ къэрал мэзкъуэдыр къызэрызэрагъэпэщрэ.

РСФСР-м и Совнаркомым и унафэкIэ 1924 гъэм зи лъабжьэр ягъэтIылъа а IуэхущIапIэр хуэунэтIат КъухьэпIэ Кавказым фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэ икIи щIэныгъэ-къэхутэныгъэ мыхьэнэ ин зиIэ бгылъэ мэзхэмрэ абыхэм щыпсэу псэущхьэхэмрэ хъумэным. 1979 гъэм а мэзкъуэдыр хабжащ ЮНЕСКО-м и нэIэм щIэт дунейпсо щIыуэпс щIэинхэм.

Зэфэни, зэрыжьыщIэни, зэрытхьэщIэни

      «Псым хуэдэу уаулъагъу»!» жаIэ.  Абы къокI а ткIуаткIуэм нэхърэ нэхъыщхьэ мы дунейм зэрыщымыIэр. Хьэршым и планетэхэм гъащIэ къыщыщалъыхъуэкIэ псом япэ ирагъэщри псырщ - ар къэтмэ, адрей къомым мыхьэнэ гуэри яIэкъым.

Дызэрыщыгъуазэщи, дыкъэзыухъуреихь ЩIым и нэхъыбэр хыхэм щIагъэнащ, ауэ абыхэм яхэткъым цIыхум езым и щхьэкIэ къигъэсэбэфынухэр. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу зэфэ псыр иджыпстуи зэпэубыда мэхъу. Псалъэм и хьэтыркIэ, Китайр щыщэхуэн хуей мэхъу Байкал гуэл абрагъуэм. Апхуэдэ щапхъэхэри закъуэтIакъуэкъым. Апхуэдэу щыщыткIэ,  зэгъэзэхуэн хуейщ.

Лэжьыгъэхэм пащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэситхум лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным сом мелард 48-м щIигъу щыхухахащ. Апхуэдэ бжыгъэхэр иджыблагъэ къигъэлъэгъуащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм.

         Лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэну КъБР-м хухаха сом мелард 48,4-м щыщу меларди 7-м щIигъур щIыналъэ бюджетым къыхэкIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ