|
Жылагъуэ
12 февраля, 2024 - 11:47
Налшык къалэм дэт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Калюжный Николай и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №7-м псэкупсэ гъэсэныгъэм теухуа зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «Нэхъыщхьэм теухуа псалъэмакъхэр» дерсщIыб лэжьыгъэм ипкъ иткIэ еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэм яIущIащ КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий.
12 февраля, 2024 - 10:00
Журналист, тхакIуэ, тхылъ къыдэгъэкIын IэнатIэм жыджэру щылажьэ Котляровэ Марие зымыцIыху ди республикэми абы и гъунэгъу щIыналъэхэми ису къыщIэкIынкъым. Зыпэрыт IэнатIэхэмрэ ищIэ лэжьыгъэхэмрэ гъащIэ псо къызэщIаубыдэ, и къэхутэныгъэхэмкIэ, и хэкум хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ гъэнщIауэ. Аращ абы и лэжьыгъэ псоми лъабжьэ яхуэхъужыр.
12 февраля, 2024 - 09:38
Си сабиигъуэр, гукъэкIыжхэр гуэхыпIэ имыIэу епхащ хьэблэм, къуажэм дэса лIыжь-фызыжь Iущхэм. Егъэлеяуэ сфIэфIт абыхэм къаIуэтэж хъыбар купщIафIэхэм, я псалъэ Iущхэм, гушыIэ дахэхэм сащIэдэIуну. Сигу къинэжахэм ящыщщ, гушыIэ плъыфэ иIэми, Iущагъэ зыхэлъ псалъэу а нэхъыжь Iумахуэхэм я деж щызэхэсхауэ фи пащхьэ ислъхьэ тхыгъэ кIэщIхэр.
«Дадэ, зэщхьэгъусэхэр лъэсырызекIуэу гъуэгуанэ тетым, хэт ижьырабгъумкIэ щытын хуейр?» - йоупщI, къуэрылъху ныбжьыщIэр и адэшхуэм.
12 февраля, 2024 - 09:04
«Россети Северный Кавказ» ПАО-м и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ «Къэб-Балъкъэнерго»-м электрокъарукIэ Iуэхутхьэбзэ зыхуищIэхэм я бжыгъэм 2430-рэ къыхигъэхъуащ нэгъабэ. Псори зэхэту лъэщагъыу абыхэм яхуиутIыпщар мегаватт 44,4-рэ мэхъу.
Социльнэ мыхьэнэ къызыбгъэдэкI IуэхущIапIэхэм щыщу ««Къэб-Балъкъэнерго»-м и электросеть нэхъыщхьэм пидзахэм яхэтщ Сэрмакъ къуажэм и курыт еджапIэр, Iуащхьэмахуэ жылэм и сымаджэщыр, Куба и амбулаторэщIэмрэ Чыщпэк ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ.
12 февраля, 2024 - 08:17
Кушбокъуэ Залымхъан ныбжькIэ щIалэми, зэфIэкI хъарзынэхэр къэзыгъэлъагъуэ IэщIагъэлIщ. ЦIыхур зыгъэщхьэжагъуэ узыр щхьэщыпхыфыныр насыпу къэзылъытэ щIалэ цIыкIум дохутыр IэщIагъэр и гум щигъафIэрт. Абы фIы дыдэу къыгурыIуэрт а хъуэпсапIэр тыншу зэрыпхузэмыгъэхъулIэнур, ауэ ерыщу Iуэхум иужь ихьэри, и зэфIэкI псори хуиунэтIащ ар нахуапIэ зэрищIыным.
12 февраля, 2024 - 08:13
Иджы хуэдэ зэманым ди тыкуэнхэм къыщыбгъуэтынущ фо лIэужьыгъуэ куэд - сэхураным, зэнтхъым, сэхураным, губгъуэ удз гъэгъахэм къыхахахэм. АрщхьэкIэ куэдрэ дрихьэлIэу пIэрэ фо къабзэм? Iуэхум и пэжыпIэм фыщагъэгъуэзэнущ «Россельхознадзор»-м и Кавказ Ищхъэрэ IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм.
11 февраля, 2024 - 11:50
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым мазаем и 8-м щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я проектхэр щагъэлъагъуэ XVIII зэхыхьэр. Ар, зэрыхабзэу, къызэрагъэпэщащ Урысей щIэныгъэм и махуэм техуэу.
11 февраля, 2024 - 10:48
ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академиер къызэрыунэхурэ илъэс 300 зэрырикъур Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэхэмкIэ и центрым щагъэлъэпIащ. Iуэхур къызэIуахащ иджырей технологиехэм я гъэлъэгъуэныгъэкIэ. Робот зэмылIэужьыгъуэхэр, гъавэм зэрелэжь Iэмэпсымэхэр, программэ щхьэхуэхэр зыхэщIыхьа компьютерхэр, тхылъхэр - куэд мэхъу хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуар.
11 февраля, 2024 - 09:39
УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей щIэныгъэм и махуэм видеоконференц жыпхъэм иту, Президентым и деж Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ Урысей Федерацэм щIэныгъэ-технологие зыужьыныгъэмкIэ и стратегием, хэку щIэныгъэр мылъкукIэ зэрыдаIыгъыным, Урысей щIэныгъэ фондым и лэжьыгъэм.
10 февраля, 2024 - 13:29
«Пушкиным и картэ» программэр зэрырагъажьэрэ ар къагъэсэбэпу къащэхуа билетым и бжыгъэр мелуан 53-м щIигъуащ. Абы теухуауэ УФ-м щэнхабзэмкIэ и министр Любимовэ Ольгэ иджыблагъэ къыщыпсэлъащ «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхыхьэм ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкIа «КъэкIуэнум хэлъхьэныгъэ хуэзыщIыр щэнхабзэрщ» зэIущIэм.
Страницы
|