Жылагъуэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр Иорданием и пащтыхьыкъуэ Хьэсэн бен-ТIалал и хьэщIэщ. Амман, 1999 гъэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм Заур фIыуэ ялъагъу, пщIэ хуащI, и лэжьыгъэм и мыза­къуэу, илъэс куэдкIэ жылагъуэ-политикэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтам щхьэкIэ.

Пшэ хужь Iэрамэшхуэм изогъэщхь

ЦIыхур зэрыхъунур и натIэм иту дунейм къытехьэу жаIэ. Заур зэрыхъуну псор и натIэм ихуэну си фIэщ ­хъуртэкъым, сыту жыпIэмэ гъукIэм къыщежьэу абы икIуа гъуэгуанэ кIыхьыр къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Сэ насып сиIэти, сыщIалэ цIыкIуу, илъэс пщыкIуий фIэкIа сымыхъуауэ, Заур сцIыхуащ. Литературэр къызгурыIуэу, живописым хэсщIыкIIауэ сыхъуамэ, япэ дыдэ зи фIыщIэр Заурщ. Сригушхуэу жызоIэ ар си ныбжьэ­гъуфIу зэрыщытар, си тхыгъэ Iэджэм абы и цIэ тетщ, фэеплъ хуэсщIауэ. Ар зэи сщыгъупщэркъым икIи си фIэщ хъуркъым сыпсэуху си гум ихуну. Апхуэмыдэуи дауэ, ныбжьэгъу ящыгъупщэрэ?!

Нало Заурбий (Заур) Мыхьэмэт и къуэр

Нало Заур бадзэуэгъуэм и 15-м Хьэтуей къуажэм къыщалъхуащ. Илъэс 14 ныбжьым иту абы колхозым лэжьэн щыщIидзащ. 1952 гъэм, Къэбэрдей къэрал егъэджакIуэ институтыр къиуха нэужь, зэфIэкI зиIэ щIалэщIэр ирагъэблэгъащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм. 1954 гъэм къыщыщIидзэри, псэуху, Нало Заурбий щылэжьащ Гуманитар къэ­ху­тэныгъэхэмкIэ институтым, 1979 - 1987 гъэхэм Заурбий IуэрыIуатэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ.

Къэбэрдей, Балъкъэр литературэхэм я лъабжьэхэр зыгъэтIылъахэм я сурэтхэр Iуащхьэмахуэ и щыгу дахащ

Адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэм я щэнхабзэм зиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыху щэджащэхэу ПащIэ Бэчмырзэрэ Мечиев Кязимрэ я сурэтхэр иджыблагъэ дахащ Европэм и къурш нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ. Ар усакIуэхэм я юбилейхэр гъэлъэпIэным хыхьэу къызэрагъэпэща Iуэхут.
ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 165-рэ ирокъу мы гъэм. Ар адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщщ. Хьэрып хьэрфылъэр къигъэсэбэпри, адыгэ алыфбей зэхилъхьауэ щытащ ПащIэм, усыгъэ куэди и къалэмыпэм къыщIэкIащ.

Бахъсэн щIыналъэм и къуажэ нэхъ къабзэ дыдэр Бахъсэнёнок жылэрщ

ЩIыналъэ администрацэм щызэхалъхьэжащ Бахъсэн районым хыхьэ жылэхэр гъэкъэбзэным, зэIузэпэщ щIыным, щхъуантIагъэхэр щыхэсэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкIа мазитI лэжьыгъэм кърикIуахэр.

Терскол и сабийхэм папщIэ

«ЦIыхубзхэм лэжьапIэкIэ ядэIэпыкъуныр - зи ныбжьыр илъэси 3-м фIэмыкIа сабийхэм папщIэ IуэхущIапIэхэр къызэIухыныр» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ Терскол къуажэм къыщрагъэжьащ сабий 40-м ятещIыхьа садыщIэ. ЩIыналъэ, щIыпIэ бюджетхэми халъхьэнур хэту, мы ухуэныгъэм текIуэдэну сом мелуан 32-р федеральнэ бюджетым къиутIыпщащ.
 Иджыри къэс мы жылагъуэм мыпхуэдэ IуэхущIапIэ щхьэхуэ щыIакъым, цIыкIухэр зэкIуалIэр псэупIэ унэм щыхухаха фэтэритIырт икIи абы щIэхуэр сабий 28-рэт.

ПсэукIэр егъэфIэкIуэным телажьэ хьэрычэтыщIэхэм я щIыналъэ проект нэхъыфIыр къыхэхыным хуэунэтIа зэпеуэ

«КъБР-м хьэрычэт Iуэхур дэIыгъынымкIэ и центр» щIыналъэ фондым социальнэ IэнатIэм инновацэхэмкIэ и центрым и экспертхэм къызэрагъэпэщ «Илъэсым и социальнэ проект нэхъыфI» етхуанэ урысейпсо конкурсым и щIыналъэ Iыхьэр. Мы зэпеуэр егъэ­кIуэкIынымкIэ жэрдэмыр Урысейм и къэрал социальнэ проектым къыхилъхьауэ щытащ икIи ар даIыгъащ Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэмрэ Социальнэ жэрдэмхэмкIэ агентствэмрэ.

Дзэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм 2020 гъэм щIагъэтIысхьэнухэр къыхах

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Налшык къалэм и дзэ комиссариатым къыхех Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм, зыхъумэжыныгъэм пыщIа нэгъуэщI министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм 2020 гъэм щIагъэтIысхьэну кандидатхэр.

Бгырыс вагъуэ

Ди къэралым фашист Германиер къыщытеуам япэу бийм пэщIэувахэм икIи ар къэзыгъэувыIахэм яхэтащ кхъухьлъатэзехуэ Байсултанов Алим. А лъэхъэнэм ар илъэс 22-рэ ирикъуа къудейт.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ