Жылагъуэ

Нартыху жылапхъэхэр яхурегъашэ

2024 гъэм и япэ махуитIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым нартыху жылэу тонни 120-рэ къэралым и щIыналъэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ яхуригъэшащ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ къитащ «Россельхознадзор»-м и управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм. 
Илъэс къэс республикэм къыщрахьэлIэж нартыху жылапхъэу тонн мин 15-м щIигъу, я фIагъкIэ, къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэхэмкIэ зэщхьэщыкIыу. Мы гъэм щIыналъэм ираша нартыху жылапхъэм щыщу тонни 100-р Белоруссием ягъэкIуащ, тонн 20-м щIигъур – Свердловск областым хуаутIыпщащ. 

Лъэпкъ цей

 Илъэсищэ гъуэгур (апхуэдиз къикIуащ «Адыгэ псалъэм»)  гъуэгуанэ кIэщIкъым, абы, дауи, дэгъэзеигъуи егъэзыхыгъуи и мащIэкъым. Ди бзэкIэ къыдэкI а зы газет закъуэм къикIуар сыт хуэдизми, и фащэр нэхъ дахэ хъууэрэ нобэ къызэрысар уримыгуфIэнкIэ Iэмал зимыIэ Iуэхущ. Дауи щIыи, «Адыгэ псалъэ» газетымрэ «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэмрэщ ди бзэкIэ республикэм къыщыдэкIыр, тхылъ тедзапIэм дунейм къыщытехьэхэм я  гугъу умыщIмэ.  

Мэкъумэш техникэхэм къахохъуэ

БлэкIа илъэсым республикэм и мэкъумэшыщIэхэм техникэщIэу I98-рэ къащэхуащ, 2022 гъэм нэхърэ ар 70-кIэ нэхъыбэщ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ къитащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм. 
Трактору яIэм 2023 гъэм къахэхъуащ I4I-рэ, ипэ ита илъэсым ар зэрыхъуар 40-щ. 2022 гъэм елъытауэ гуэдз зэрыIуахыж комбайну къащэхуар 8-кIэ нэхъыбэщ - 2023 гъэм ар I4 ирагъэкъуащ. Iусыпхъэхэр зэрыIуахыж комбайну, 2022 гъэм хуэдэуи, блэкIа илъэсым къащэхуар зыщ.

ЩIымахуэм дощIэращIэ

Налшык и гъущI гъуэгу станцым и Iэгъуэблагъэр къызэрагъэщIэрэщIэжрэ куэд щIакъым. 1813 гъэм ящIа унэр, зэрыфлъагъущи, и архитектурэ гъэпсыкIэкIэ псоми къащхьэщокI. А лъэхъэнэм яухуа дэтхэнэми хуэдэу, абы и теплъэр зэманми дэкIуэдакъым – лъабжьэ быдэмрэ пасэрей чырбыш плъыжьым бгъэдэлъа быдагъымрэ я къалэныр нэсу ягъэзэщIащ - сыт хуэдэ дуней къэхъукъащIэми пэщIэтыфащ. Апхуэдэу фIыщIэншэу къэбгъанэ хъунукъым совет лъэхъэнэм апхуэдэ архитектурэ фэеплъхэм гулъытэшхуэ хуащIу зэрыщытари - ахэр къекIуэкIащ къэрал IуэхущIапIэхэм я хэщIапIэу. Аращ хъума щIэхъуари.

Адыгэ пащтыхьхэм я гъыбзэ

Адыгэм тхыбзэ щимыIа лъэхъэнэм и тхыдэр зэрихъумэжар IуэрыIуатэрэ уэрэдыжьхэмкIэщ. Апхуэдэ защIэкIэ ди нэхъыжьыфIхэм нобэм къахьэсыжащ лъэпкъым нэщIэбжьэрэ зауэ-банэу и нэгу щIэкIар. 

Мы гъэм и кIэм нагъэсынущ

         «ЩIыуэпс»» къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу 2024 гъэм Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щагъэкъэбзэнущ Бахъсэн псы Iуфэм щыщу километр 13. ЩIымахуэр къэмыс щIыкIэ лэжьыгъэ щхьэхуэхэр щызэфIагъэкIащ Эльбрус, Тегенекли жылэхэм я Iэхэлъахэхэм.

IэнатIэр щыкуэдым деж

Илъэс бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, къэралым IэнатIэхэр щызэпэубыдауэ щытащ. ЩIэныгъэфI, IэщIагъэфI зиIэхэр мин бжыгъэкIэ уэрамым дэтащ, лэжьапIэ къалъыхъуэу икIи дунейм екIуу, я унагъуэхэр зыхуей хуэзэу ягъэпсэун щхьэкIэ, сыт хуэдэ къалэн къыхуамыгъэлъэгъуами зрапщытыну хьэзыру.

IэщIагъэлIхэр ягъэфIащ

ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсыр къызэднэкIащ, IэнатIэм щахузэфIэкIахэм щриплъэж икIи щызэIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэр къыщызэщIакъуэж зэIущIэхэри ирагъэкIуэкIащ. УФ-м и Президентым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ, егъэджакIуэхэм, унэтIакIуэхэм, гъэсакIуэхэм я пщIэр къэIэтыным, абыхэм я лэжьыгъэм гулъытэ егъэгъуэтыным хуэунэтIауэ къэралым лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкIащ.

Налшыкдэсхэр хуабжьу цIыхуфIщ

Ди хэгъэрейхэр

Пасэ лъандэрэ ягъэкI

Бжьыныр дэнэ щIыпIи къыщокI, нэхъыбэ дыдэу шхынхэм халъхьэ хадэхэкIщ. Ауэ цIыхубэм куэд дыди ящIэркъым абы теухуауэ, ар щыбупщIатэкIэ уи нэпсыр къызэрыщIигъэжым, узыншагъэмкIэ зэрысэбэпым нэмыщI. АтIэ ар къыщагъэунэхуам, и лIэужьыгъуэхэм, плъыфэ зэхуэмыдэхэр зэриIэм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд щыIэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ