Жылагъуэ

Хъыджэбз Iущ цIыкIу

Пащтыхь гуэрым цIыхухэр ириджэри яжриIащ дунейм нэхъ лъагъуныгъэ пэжу тетыр, нэхъ IэфIу щыIэр, нэхъ пшэру тетыр къэзыщIэм игъащIэкIэ хурикъун дыщэ иритыну. 

Уэрэдыр зи псэм хэлъ

Хьэбэз къуажэм щыщу «ди япэ шэрджэс оперэ уэрэджыIакIуэ» жаIэу ягъафIэ артисткэр зи напщIэ телъыр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэухэм я закъуэкъым. 

А псоми щIыхуейр гурыIуэгъуейщ

И сэбэпынагъымрэ бгъэдэлъ къэуатымкIэ ерыскъыхэкIхэм я нэхъыфIу къалъытэ джэдыкIэм теухуауэ нобэ дуней псом, Урысейри яхэту, къыщекIуэкI псалъэмакъхэм ящыщ зыщ джэдыкIэ IэрыщIхэм дяпэкIэ гъащIэм щаубыдыну увыпIэр.

Гъатхасэм пежьэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм вэн-сэным зыхуэгъэхьэзырын щIадзащ.
 Республикэм и щIыналъэхэм щыIэ мэкъумэш управленэхэм къатахэм ятещIыхьауэ зэкIэ къызэрабжамкIэ, псори зэхэту гъавэм ирагъэубыдынущ гектар мин 28I-рэ, абы щыщу гъатхасэм хухахынущ гектар мин 2II-м щIигъу. 

Ерыскъы къабзэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр

2023 гъэм зыужьыныгъэфI игъуэтащ щIыгъэпшэр IэрыщIхэр, химие пкъыгъуэхэр, хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу нэгъуэщI гуэрхэри къамыгъэсэбэпу ерыскъыхэкIхэр къыщIэгъэкIын унэтIыныгъэм. Ерыскъыр зэрыкъабзэм щыхьэт техъуэ сертификату 262-рэ ятащ 2019 - 2022 гъэхэм къриубыдэу. 2023 гъэм абы и бжыгъэм 123-рэ къыхэхъуащ (процент 14-кIэ нэхъыбэ) икIи 385-м нэсащ. Ерыскъы къабзэхэр къыщIэзыгъэкIхэри процент 18-кIэ нэхъыбэ хъуащ, иджыпстукIэ къэралым апхуэдэ IуэхущIапIэу 177-рэ иIэщ.

ЦIыхубз, бзылъхугъэ, пщащэ…

Сыт хуэдэ лъэхъэнэми зэманми адыгэхэм цIыхубзым хуащIу щыта нэмысыр къэзыгъэлъагъуэ псэлъафэ, фIэщыгъэ куэдымкIэ ди бзэр гъэнщIауэ къекIуэкIащ. 

Китайм щекIуэкIыну жармыкIэм ирагъэблагъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэт IуэхущIапIэхэм иджыблагъэ хъыбар яригъэщIащ щIышылэм и 27 - мазаем и 4-хэм Китайм и Ляонин щIыналъэм «Урысейм щащIащ» дунейпсо жармыкIэ-гъэлъэгъуэныгъэ зэрыщекIуэкIынур.

Гупсысэ къабзэкIэ лъэпкъым пыщIащ

Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэр зыхэзыщIэ режиссёрщ Адыгэ Республикэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор.

Адыгэ балий фIыцIэ

            «Мы пхъэщхьэмыщхьэ телъыджэр 1794 гъэм зиусхьэн Рональдс Хью Брентфорд Шэрджэсейм (Адыгэ Хэкум) къришауэ щытащ», - апхуэдэу кърегъажьэ «Адыгэ балий фIыцIэ» фIэщыгъэм щIэту къэдгъуэта тхыгъэм.

Дэфтэр зэрызелъафэ хэмыту

 «Справедливая Россия – за правду» партым и депутатхэу Къанокъуэ Тимуррэ Кузнецов Дмитрийрэ иджыблагъэ Къэрал Думэм и пащхьэм жэрдэмыщIэкIэ къихьащ. ЦIыхубэм я лIыкIуэхэм я мурадщ Урысейм щыщ лъэпкъхэм къахэкIауэ хамэщIхэм щыпсэу хэхэсхэм дяпэкIэ ди къэралым щыпсэуну хуитыныгъэ къезыт дэфтэрыр («вид на жительство») нэхъ тыншу къыдахыфу ящIыну.

          Зи гугъу тщIы жэрдэмыр «Урысей Федерацэм и цIыхуу хамэ къэралхэм щыпсэухэр хабзэкIэ зэрыт щытыкIэм теухуауэ» зыфIаща къэрал хабзэм и 8-нэ статьям и проектым гуэдзэн хуэхъуу аращ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ