Жылагъуэ

Пасэрей тхылъ хъумапIэ

Сакья жыхуаIэ къулъшырыфыр Тибетым щыIэщ, къуршым метр 4300-кIэ удэкIуеймэ тращIыхьарэ, Шигадзе къалэм километри I48-кIэ пэжыжьэу. Къулъшырыфыр I073 гъэм Гьялпо Кончог иухуауэ жаIэ.

Шыпсыранэ сыр

Шыпсыранэм и лъахъц кIыхьхэр щIым тыншу хокIэ. ИкIи абы псэупIэ ищIа щIыпIэм а къэкIыгъэр щыбгъэкIуэдыжыныр тыншкъым. Шыпсыранэр лIэужьыгъуэ 60-к1э зэщхьэщагъэкI. Хэт нэхъ лъагэщ, хэт лъахъшэщ, хэти нэхъ сырщ, языныкъуэхэри укъимысыххэу дэгущ. Къапщтэмэ, шыпсыранэр гъэщIэгъуэнагъ куэд зыхэлъ къэкIыгъэщ.
- Шыпсыранэм укъес абы хъумпIэцIэдж кислота зэрыхэлъым щхьэкIэ. 
- Шыпсыранэр языныкъуэ хьэндыхрабгъуэхэм нэхъ яфIэфI дыдэ шхыныгъуэщ.
- Пасэм шыпсыранэ щэкIым чэтэнхэр (парус), кIапсэ быдэхэр къыхащIыкIыу щытащ. 

Урысейм и къарур зыхэлъыр

Мы тхьэмахуэм зэхыхьэ ин щекIуэкIащ ди къалащхьэм. «Хэку цIыкIур Урысейм и къарущ» япэ урысейпсо муниципальнэ зэхыхьэр УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ. Ди республикэм къыбгъэдэкIыу абы щыIащ къалэ, къуажэ, район унафэщIу 50-м­ ­щIигъу, абыхэм я пашэт КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и тхьэмадэ Къуэдзо­къуэ Мухьэмэд. 

ФщIэн папщIэ

Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм СледствиемкIэ и къудамэм зэхегъэкI ХьэтIохъущокъуэм и уэрамым щаухуэ, фэтэр куэду зэхэт унэм цIыхухэм хабзэншагъэкIэ ахъшэ зэрыхрагъалъхьэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм теухуа Iуэхур. Ухуэныгъэр езыгъэкIуэкIыр «Д-СТАР» ООО-рщ.

Абы хабзэр къызэрызэпиудам и зэран зэкIахэм, апхуэдэуи уголовнэ Iуэху къэIэтыным ехьэлIауэ зыхуэвгъэзэн хуейщ Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и хэщIапIэм: КъБР, Налшык къалэ, Байсултановым и уэрам, 11 «а». Плъыр частым и телефоныр (8-866-2) 49-46-02.

Зыгуэр щыжаIэм - зыгуэр щыщыIэщ

ЕрыскъыхэкI нэхъыщхьэхэм ящыщу къалъытэ джэдыкIэм и уасэр хуэдитIкIэ зэрыдэкIуеям темыпсэлъыхьа къэнакъым. Сату зыщIхэр иджыпстуи пIащIэркъым ар и пIэм ирагъэувэжыну. Iуэхум дыщыкIэлъыплъа тыкуэнхэм а соми 150-р иджыри щызокIуэ. Тыкуэнхэр зыгъэлажьэхэм зэрыжаIамкIэ, ахэр къахуэзышэхэми къазэрыIэрыхьэр зэкIэ а уасэмкIэщ. ДызыщIыхьа къалэ тыкуэнхэм, уеблэмэ къахэкIащ уасэр зэрыдэкIуей лъандэрэ джэдыкIэр къеIытхыжыркъым, зэтщэхэм дащоукIытэри, жызыIахэри. АрщхьэкIэ ари хэкIыпIэкъым…

ЩIыхуэр зытригъэкIыжащ

Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм Налшык къалэм щиIэ къудамэм Iуэху къиIэтащ щIыпIэм щыпсэум алименту зэтрыригъэхьа щIыхуэр ирагъэпшынын папщIэ.

ЦIыхухъум и сабийм иритын хуейм хуимыгъэхьурэ сом мин 650-рэ щIыхуэ зэтригъэхьат. Суд приставхэм мызэ-мытIэу ар щагъэгъуэзащ суд унафэр имыгъэзащIэмэ кърикIуэнум, арщхьэкIэ и къалэнхэр къыфIэIуэхуакъым. Балигъ мыхъуа сабийм и хуитыныгъэхэр ихъумэн папщIэ суд приставым щIыхуэ зытелъым хъыбар иригъэщIащ, адэ къалэнхэм адэкIи зыпыIуидзмэ, административнэ жэуапым зэрырашэлIэнум теухуауэ.

Шэч зыхуащIыр яубыдащ

2023 гъэм и дыгъэгъазэм Налшык къалэм щыIэ УМВД-м зыхуигъэзащ илъэс 72-рэ хъу, щIыпIэм щыпсэу цIыхухъум. Абы зэрыжиIамкIэ, следователу зыкъезыгъэцIыхуа цIыхубзым и деж къэпсалъэри хъыбар къригъэщIащ и нысэм и зэранкIэ гъуэгу-транспорт зэжьэхэуэ къызэрыхъуамкIэ икIи хъыджэбз гуэрым фэбжь зэригъуэтамкIэ. ИужькIэ къыхуигъэуващ къыхуигъэкIуэну цIыхум сом 400000 иритыну, уголовнэ жэуапым нэмысу Iуэхур зэфIэха хъун папщIэ.

Къалэм и теплъэр зэIузэпэщ ящI

«ПсэупIэмрэ къалэхэм я теплъэмрэ» лъэпкъ программэм ипкъ иткIэ зэхалъхьа «Къалэ зэIузэпэщ» урысейпсо къэрал проектым хыхьэу Налшык къалэм и щIыпIищIым я теплъэр ирагъэфIэкIуащ.

Зыужьыныгъэм хуокIуэ

КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм блэкIа илъэсым мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ къыщыхъуащ. Апхуэдэу республикэр яхэхуащ «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэнымкIэ къэралым нэхъыфIу къыщалъыта щIыналъэхэм. КъищынэмыщIауэ, УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Михаил ди республикэм щыщыIам зригъэлъэгъуахэм япкъ иткIэ, щIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зыужьыныгъэфIхэр зэрыщекIуэкIыр, унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэр зэрефIакIуэр къилъытащ. IэнатIэр блэкIа илъэсым зерехъулIар къыщызэщIакъуэж зэIущIэ иджыблагъэ ведомствэм щекIуэкIащ.      

«Iуащхьэмахуэ» курортым зеужь

УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къэ­кIуащ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ министрымрэ тепсэлъы­хьащ щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ