Жылагъуэ

ГъащIэ къалъыхъуэу

         «ЩIы хъурейм гъащIэ щыIэхукIэ цIыхум къищIэнур зырикIщ, абы зэи къыхуэмыщIэнум елъытауэ», - жиIэгъащ еджагъэшхуэ гуэрым. ГъэщIэгъуэнщ, цIыхум кIуэтэхукIэ нэхъыбэ къещIэ, ауэ апщIондэху къыгуроIуэж и акъылыр зэи зылъэмыIэсынур къыпхуэмылъытэну зэрынэхъыбэр.

ЩIыIэм фыхуэсакъ!

Дунейм и щIыIэгъуэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къохъей. Апхуэдэщ синусит, гайморит жыхуэтIэри. Нэпкъым щIыIэ хыхьэу, шын ирищIа нэужь, уи щхьэр пхуемыгъэзыхыу, уеблэмэ бгъэхъеин къохьэлъэкIыу, уплъыржьэру, уи пэр къыпыжу ухъуамэ - ар гайморитщ. 

Хэкупсэм и щапхъэ

ЩIэныгъэлI, дипломат цIэрыIуэ, къэралым и лэжьакIуэ пажэ, жылагъуэ узэщIакIуэ Емуз Анатолий Тэрч щIыналъэм хыхьэ Плановскэ къуажэм къыщалъхуащ 1937 гъэм.

УдзыпцIэ унащхьэхэр

Норвегием щыIэщ зи унащхьэхэр удзыпцIэ дахэ лъапсэхэр. XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ Скандинавием «хъанцу (дёрн) унащхьэкIэ» зэджэхэр куэд дыдэу узыщрихьэлIэт.

ЩIэиным и лъапIагъыр

Къуэрылъху-пхъурылъхухэм я дадэ-нанэхэм лъагъуныгъэшхуэ зэрыхуаIэр, дауи, си деж къыщежьакъым.

Псым и къабзагъэм я нэIэ тетынущ

Дызытехьа илъэсыщIэм къэрал унафэщIхэм гулъытэ хэха зыхуащIа Iуэхугъуэ пэрытхэм ящыщщ цIыхур зэфэну псыкIэ къызэгъэпэщыныр икIи я зэфIэкI псори ирахьэлIэнущ «Псы къабзэ» пэхуэщIэр IэужьыфIэу щIыналъэ псоми зэрыщагъэзэщIэнум.

БгъэхэIухэр

Пасэрей бгъэхэIухэр къыхащIыкIыу щытащ мывэм, къупщхьэм, пхъэм, къауцым.

ЩIымахуэ шылэр икIыху

Налшык къалэ администрацэм гъуэгу хозяйствэмрэ къалэр зэIузэпэщ щIынымкIэ и Дапартаментымрэ подряднэ организацэхэмрэ я IэщIагъэлIхэр щIымахуэр икIыху гъуэгухэм хуэбэлэрыгъынукъым.
Коммунальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ спецтехникэхэмрэ пщэдджыжьым жьыуэ я къалэнхэм пэрохьэ: тещтыкIауэ нэху къекIа гъуэгухэм пшахъуэ, шыгъу тракIутэ, лъэс зекIуапIэхэм зэкIэ я гугъу ящIыркъым, шэджагъуэ нэужьхэм хуэзэу мащIэу къызэрыпсыIэм къыхэкIыу.

Жыгхэм я хьэл яIэжщ

Жыгхэм егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ щаIэщ гъащIэм. Зыщыщ лъэпкъыгъуэм елъытауэ абыхэм езыхэм я хьэли яIэжщ. Абы къыхэкIыуи пхъэм узэрелэжь Iэмалхэри зэхуэмыдэщ. Жыгхэм ядэплъагъу гъэщIэгъуэнагъым теухуа щапхъэхэр къэдгъэлъэгъуэнщ.
Калининград щыIэщ «Мэз чэфкIэ» зэджэр. Метр зэбгъузэнатIэ хуэдиз хъу мэзым щIэт уэздыгъэейхэм я лъэдийхэр къэгъэшащ. Жыгхэм зэдикIыу апхуэдэ теплъэ щIаIэм и щхьэусыгъуэр къахуэщIакъым. 

Адыгэ лъэпкъым и цIыху щэджащэ

УФ-м щIыхь зиIэ и юрист, щIэныгъэлI цIэрыIуэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр ящыщщ Урысей Федерацэм и иджырей тхыдэм лъэужь ин къыщызыгъэна хэкулIхэм. Алыдж IуэрыIуатэм и лIыхъужь Прометей зэрихьауэ щыта лIыхъужьыгъэм хуэдэщ Къалмыкъ Юрэ къэрал политикэм щигъэзэщIа къалэныр: щIэныгъэм, зэхэщIыкI куум, псэ хуабагъэм я нэхур цIыхубэм яхуихьащ, и гущIэм кърихыурэ. Абы бгъэдэлъа зэфIэкI лъагэр, хэлъа псэкупсэ къулеягъыр, жыпIэнурамэ, иджыри нэсу наIуэ къэхъуфакъым, апхуэдизу ахэр лъащIэншэщ, гъунапкъэншэщи.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ